Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ширкыр

ФIыщIэр Алыхьым ейщ, псори къэзыгъэщIам, дызыхуэпщылIынуи унафэ къытхуэзыщIыжам. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, гъусэхэми зэрыхэIэтыкIам. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, и къалэнри екIуу зэригъэзэщIам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэлъкъым ди Бегъымбар лъапIэм и гъащIэ псор цIыхухэм диныр яхипщэным, ар ягуригъэIуэным тыриухуауэ зэрыщытам икIи ар къызэрехъулIам.

Дызыхуэныкъуэу, ди хъейр зыхэлъу сыт хуэдэ Iуэхугъуэ щыIэми  къимыгъанэу къытлъигъэIэсащ; дызыхуэмыныкъуэу, ди Iей зыхэлъу сыт хуэдэ Iуэхугъуэ щыIэми абы дыщигъэщтащ; гъуэгу нэхум дыкъытринащи, унэхъунум фIэкIа абы зыри тещхьэрыукIынукъым.

Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэм нэхъыщхьэ Iуэхугъуэ зэрыщымыIэм папщIэ, Абы гъусэ хуэщIынми нэхъ гуэныхь зэрыщымыIэм къыхэкIыу, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم  а IуэхугъуитIым егъэлеяуэ гулъытэ яхуищIащ; тэухьидыр сыт и лъэныкъуэкIи къихъумащ, ширкым ухуэзышэ гъуэгу псори игъэбыдащ.

Ширкым ухуэзышэ гъуэгухэм ящыщщ егъэлеиныгъэр. Ар дэнэ хыхьэми зэрызэIищIэр фIы дыдэу зыщIэу щыта лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм жеIэ: «إيّاكم والغلوَّ! فإنما أهلك مَن كان قبلكم الغلوُّ في الدين» — «Егъэлеиныгъэм фыщышынэ! Фи япэкIэ псэуахэр зытеунэхъуар диным егъэлеиныгъэ зэрыхалъхьаращ!».  (Ахьмэд, Нэса1ий, Ибн Маджэ).

Абы ипкъ иткIэ къытхуидакъым едгъэлейуэ езым дыщытхъуну, чыристэнхэм Гьиса عليه السلامтеухуауэ зэрырагъэлеям хуэдэу, атIэ «Алыхьым и пщылI, Алыхьым и лIыкIуэ» жыфIи фыпыкI, къыджиIащ. 

Зыгуэрхэр къэуври, Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم фIыуэ зэралъагъур къагъэлъэгъуэну щрагъэлейм е егъэлеиныгъэм Iуэхур хуагъэкIуэным щытешыныхьым къешхыдауэ щытащ абыхэм عليه الصلاة والسلام-ыр:  «ШейтIаным фыришажьэу мыхъун къэвмыпсэлъ, Алыхьым къысхуигъэфэщам нэхъыби къысхуэвмыгъэфащэ», — жиIэри. (Абу Дауд).

Япэми ди нобэми цIыхухэм лIэныгъэм, лIам ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, лIар зыщIэлъ кхъэм, абы адэкIэ езы лIам гулъытэ нэхъ хуащI. Ауэ а гулъытэр егъэлеиныгъэм щыхуэкIуэр мащIэкъым. Абы ипкъ иткIэ عليه الصلاة والسلام уеблэмэ кхъэм цIыхухэр кIуэххэну къахуидэу щытакъым зы зэманкIэ, ауэ иужькIэ тэухьидыр нэхъ щакIуэцIрыкIам абы и Iуэхур тIэкIу игъэлэлэжащ.

ЦIыхуфIхэм, цIыхуфIхэм пашэ яхуэхъуж бегъымбархэм зыкIэращIэу, яхуэмыфащэ кIэралъхьэу игъащIэми къокIуэкI. Абыи и бжэр быдэу игъэбыдащ عليه الصلاة والسلام-ым.

— Жэнэтым гъусэ сыщыпщIыну сынолъэIу!, — жиIэу зылI къыщелъэIуам, лъэIур езым хузэфIэкIынутэкъым عليه الصلاة والسلام-ыми, занщIэу лIыр Алыхьым пищIащ: «Нэмэз куэдкIэ къыздэIэпыкъу абы теухуауэ», — жыриIэри. (Муслим).

— Уи шэфыгьэтым нэхъыбэ дыдэу хэт зи насып хэлъыр?- жиIэу Абу Хурейрэ къыщеупщIым , — «Нэхъыбэ дыдэу си шэфыгьэтым зи насып хэлъыр и гум къабзэу къикIыу لا إله إلا الله жызыIаращ», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий). Феплъ занщIэу Алыхьым Iуэхур зэрыпищIам.

Апхуэдэ защIэу зэхэлъащ عليه الصلاة والسلام-ым и псалъэхэри и IуэхущIафэхэри. Псори Алыхьым ирипхт, псори Алыхьым щигъэгугът, езым е нэгъуэщI зыгуэрым мыхъун гуэркIэ зыкIэращIэу идэтэкъым.

И адэ къуэшым икъуэ Гьэбдуллах жыриIауэ щытами наIуэу къыхощ ар: «Уэ, щIалэ! УлъаIуэ хъумэ Алыхьым елъэIу, дэIэпыкъуныгъуэ улъыхъуэми Алыхьым зыхуэгъазэ!…». (Тирмизий).

Муслъымэн жэмыхьэт! Дыщывгъэшынэ дыкъэзыгъэщIа ди Тхьэшхуэми, гуэныхьым я нэхъ ин дыдэ ширкым гъунэгъу зыхуэдвмыгъэщI, абы щхьэусыгъуэу хуэхъуу хъуами дакъыпевгъэкIуэкI.

ДолъэIу Алыхь Иным ди иманыр тхуихъумэну, ширкым и инми и цIыкIуми дыщихъумэну, фIыуэ илъагъухэр къыдигъэхъулIэну, имылъагъухэм ди гур щигъэкIыну.