Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Тыгъэм игъэзащIэ лэжьыгъэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ зи гугъу тщIыну Iуэхугъуэр зэ еплъыгъуэкIэ Iуэху цIыкIу хуэдэу щытщ, ауэ цIыхухэр фIыуэ зэрылъагъуным, я гухэр зэкIэрыпщIэным, зым адрейм фIы игу къыхуэкIын теухуауэ – мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Арамэ, ар Iуэху цIыкIукъым.

Зи гугъу тщIынур Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм дыкъызыхуриджа Iуэхугъуэщ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ ар?- жыпIэмэ, «зыр зым тыгъэ хуэщIын, саугъэт гуэр зыIэпыхын» — жыхуиIэращ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «تهادُوا تحابُّوا» — «Зыр зым тыгъэ хуэфщIыжи, фIыуэ фызэрылъагъунщ!». ИкIи нэрылъагъущ тыгъэм апхуэдэ лэжьыгъэ зэригъэзащIэр. 

Езы Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм цIыхухэм тыгъэ яхуищIу, къыхуэзыщIхэми къаIихыу, абы щыгуфIыкIыу щытащ. А лъагъуэм щэхьабэ лъапIэхэри ирикIуащ, абыхэм я лъагъуэм ирикIуэжа дэтхэнэ цIыхуфIми ар ихэбзащ икIи и хабзэщ.

Щэхьабэхэр гъуэгу тетауэ къыщекIуэлIэжым и деж, зыхуэкIуэжхэм зыгуэр къыхуамыхьу къамыгъанэу щытауэ къыхощыж, зыри мыхъужыххэмэ, дзэр зэралъэщI сиуак къыздахьт.

Табигьинхэм я хъыбархэми къыхощыж, тыгъэ гуэр я къуэшым хурагъэхьа  иужькIэ мыр жраIэжу: «Мыбы узэрыхуэмыныкъуэри дэ дощIэ, ауэ ныпхудогъэхь ди гум узэримыхур икIи укъызэрытфIэIуэхур пщIэн папщIэ!».

Шурейхь къадым رحمه الله и хабзэу щытащ, тепщэчым илъу зыгуэр къахьамэ, ар нэщIу зэикI иригъэхьыжу щымытауэ.

Апхуэдэ щапхъэ дахэхэр гъунэжу бгъуэтынущ, ауэ мы Iуэхугъуэ дахэр нэгъэса хъун папщIэ, тыгъэми и лэжьыгъэр екIуу игъэзэщIэн щхьэкIэ зыгуэрхэм гу лъытапхъэщ:

Япэрауэ къыхэгъэщыпхъэщ: тыгъэм и мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэр абы и уасэракъым, атIэ уэ абы хэплъхьэ хуабагъращ,  зэптыр къызэрыпфIэIуэхур къызэригъэлъагъуэращ.

Мыр хьэдисми занщIэу къыхощ. Муслъымэн цIыхубзхэм закъыхуигъазэу жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Мэл лъакъуэ пэтми ар мыхьэнэншэу къыфщымыхъуу зы гъунэгъур адрей гъунэгъум хуреупсэ!». (Бухъарий).

Ибн Хьэджэр رحمه الله етх абы теухуауэ: «Хьэдисым укъыхуреджэ мащIэщ жыпIэуэ къомыгъанэу зыр зым тыгъэкIэ ухуэупсэныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, куэдыр сыт щыгъуи пхузыфIэмыкIынкIэ хъунущ, мащIэри,  зэпымыууэ щатым деж, куэд мэхъу… къинэмыщIауи, фэрыщIагъым нэхъ пэжыжьэщ ар!». (Фэтхь Iэл-Барий).

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и псалъэр цIыхухъухэми яхуэгъэзащ, ауэ цIыхубзхэр нэхъ лейуэ къыхигъэщащи, абы и щхьэусыгъуэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIащ: тыгъэм и Iуэхур нэхъыбэу къызыфIэIуэхур цIыхубзхэращ, мащIэри зэзымыпэс хабзэр ахэращи, я цIэр нэхъ къыхощ.

МащIэр е пудыр ятыну укIытэурэ, куэдыр яхуэмытурэ сыт хуэдиз хъейрым цIыхухэр хэкIыжрэ, сыт хуэдиз зэныбжьэгъуи зэфIэкIуэдыжрэ, сыт хуэдиз зэблагъи зэкIэлъымыкIуэжрэ!

Уеблэмэ, пхузэфIэкIми щIебгъэлеин щыIэкъым тыгъэм ехьэлIауэ, псом хуэмыдэу уэ уи егъэлеиныгъэм и зэранкIэ зыхузэфIэмыкIхэр вакъэ зэв ибгъэувэнумэ, я гурэ я щхьэрэ зэбгъэжынумэ.

КъинэмыщIауэ, тыгъэм теухуауэ гу зылъытапхъэхэм ящыщщ: ар Iэмал имыIэу щIэ гуэру щытын зэрыхуэмейр, уеблэмэ зэман куэдрэ зепхьа хьэпшып гуэркIэ уупсэмэ, абы и мыхьэнэр нэхъ иныжу щытынкIэ хъунущ, нобэ бэзэрым къытепхам нэхърэ.

УзыкIэлъыкIуэн хуейхэр куэдмэ, дэтхэнэ зыми зы лъапIэ гуэркIэ, е зы щIэ гуэркIэ, е ахъшэ бжыгъэ гуэркIэ уахуэмыупсэфынкIэ хъунущ, ауэ уи унэм щIэлъ гуэр уи щхьэм фIэпхыу нэгъуэщIым хуэпшиифмэ абы куэд къокI, къизыхыфхэм дежкIэ.

Тыгъэм и купщIэр къэзыIуатэ, и мыхьэнэри нэхъ ин зыщIхэм ящыщщ: уи гум къабзэу къикIыу тыгъэм тхыгъэ гуэрхэр тептхэныр е зы щIыпIэ тетхауэ гъусэ абы хуэпщIыныр. Мыр хабзэ дахэщ, ди деж ар куду къыщемыкIуэкIми къыщегъэкIуэкIын хуейхэм ящыщщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм мы Iуэхугъуэм дыкъыхуриджа пэтрэ, тыгъэм апхуэдиз купщIи хэлъ пэтрэ – куэдым мыр къытфIэIуэхукъым, уеблэмэ, нобэ къэхъу муслъымэн щIалэгъуалэм къыддагъуэ ныкъусаныгъэм ящыщщ: къыдэджам дыкIэлъыкIуэн зэрыхуейр зэрытщIэр, ауэ абы зыгуэр хьын зэрыхуейр зэрыдмыщIэр.

Тхьынури, зэрыжытIауэ, Iэмал имыIэу зы лъапIэ гуэру е ахъшэ бжыгъэ гуэру щытын хуейкъым, атIэ сыт иIысми цIыхур къызэрытфIэIуэхур къэзыгъэлъагъуэ гуэр, щхьэж хузэфIэкIым теухуауэ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, ди мурад дахэхэри къыдигъэхъулIэ, дызэрылъагъуным, дызэрылъытэным щхьэусыгъуэ хуэхъу псори къыдигъэхулIэну, абыхэм зэран яхуэхъу псоми дащихъумэну долъэIу!