Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уэшхыр, псыдзэр…

ФIыщIэ худощI Алыхьу дыкъэзыгъэщIам, сыт иIысри псым къыхэзыгъэщIыкIам, ди Iэпкълъэпкъым шхыныгъуэ хуэхъунури, ди псэм шхыныгъуэ хуэхъунури къыдэзытам.  

Пэжращи, псыр Алыхь Иным и аятхэм, и зэфIэкIыр зэрыиныр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэхэм ящыщщ. Псым нэхъ пуд щыIэкъым, щыщыIэм и деж, ауэ нэхъ лъапIи щыIэкъым, щомыгъуэтыжым и деж.

Псыращ, Алыхь IэмыркIэ сытми псэ къыхэзылъхьэжыр. Псы зымыгъуэтым, ар цIыху ирехъу, псэущхьэ ирехъу, къэкIыгъэ ирехъу пкъы щIэмытэжу, нур щхьэщымытыжу, и фэм имытыжу мэхъу, ауэ псы зэригъуэтыжу псори къегъуэтыж, Алыхь Иным и зэфIэкI инри наIуэ къохъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! КъурIэн лъапIэм псым и Iуэхур, абы игъэзащIэ къалэныр, абы берычэту къыдэкIуэр аят хыщIым щIигъукIэ къегъэлъагъуэ. Ауэ абы и закъуэкъым къигъэлъагъуэр, атIэ апхуэдиз хъерыр къызыпыкIыр къызыгурымыIуэхэр, абы и фIыщIэ зымыщIхэр, ари нэгъуэщI нигьмэтхэри къагъэсэбэпыну хуейуэ, ауэ КъэзыгъэщIам едэIуэжыну хуэмейхэм гьэзабу къахуегъакIуэ псыр.

ИкIи аращ. Псыр Алыхь Талэм и дзэхэм ящыщщ, зи пэр дэзыкъейхэм я пэр щIым щихъуэу, Алыхьым щхьэкIэ зи щхьэр езыхьэхыну хуэмейхэм лъэгуажьэмыщхьэу къаригъэпщэпщыхьу, я щхьэр зыдахьынур ямыщIэу къаригъэжыхьу.

Нухь, عليه السلام, и лъэпкъэгъухэм къащыщIаращ мыбыкIэ щапхъэ нэхъ белджылыуэ щытыр. КъурIэным къытригъэзэжурэ къеIэт, зэмыщхьурэ къыдбгъэделъхьэ абыхэм къащыщIа нэщIэбжьэр.

Нухь кърамыщIэрэ къыфIамыщрэ къыщамыгъэнэжым дугьэ ищIауэ щытащ мобыхэм яхуэфащэр къарищIэну. АдэкIэ къэхъуар къызэриIуатэм девгъэдаIуэт КъурIэным: «Ара­ти, уафэм и куэбжэхэр къызэ­Iутхри псыр къедутIыпщхьэ­хащ. Псынэхэри щIым къыщIэдгъэури, Ди унафэм тету, псыхэр зэхэд­гъэлъэдащ»…(Iэл-Къэмэр, 11-13).Мис апхуэдэ щIыкIэм тету щыIаи-щымыIаи хужыпIэну а лъэпкъыр кIуэдыжащ.

Хъийм икIахэм я пашэ Фиргьэуныжьри зыхьар а псыращ. Езым имызакъуэу и дзэри, и Iэпыдзлъэпыдзхэри итхьэлащ, ауэ мо залымыр и Iэпкълъэпкъ къудейкIэ Алыхьым къыригъэлащ, зиIысри, хузэфIэкIри, зэрымыхьэнэншэри цIыхубэм къаригъэщIэн папщIэ.

Йемэн щIыналъэм щыпсэуа СэбэI лъэпкъми аращ я натIэ хъуар. Жэнэтым исхэм хуэдэу сытри ягъуэту псэут яхэр. «Фи хэкур дэгъуэщ, фи Тхьэри гуэныхьгъэгъущ» (СэбэI, 15). ФIыщIэ Абы хуэфщIу фыпсэу, — къажриIат абыхэм Алыхьышхуэми, ар ща­мыдэм, псыдзэр къатригъауэ­ри, игъащIэм IэфIу зэхащIар къащIигъэныжащ.

Псым узэригъэунэм хуэдэу, узэригъэунэхъуфынур фIыуэ зыщIэу щыта лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр гузавэм зэщIищIтэу щытащ уафэр къызэхэуфауэ щилъагъум и деж икIи Тхьэм елъэIут жьыбгъэм хъер хэлъыр къыригъэхъулIэну, Iей хэлъым щихъумэну. (Муслим).

Алыхьым ищIэри щIищIэри нэхъыфI дыдэу зыщIэу, цIыхухэми ящIэри яхуэщIэри зыщIэу щыта лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр апхуэдэу щытащ, нтIэ дэ дызыщыгугъри, ди гугъэри сыт?!

МодэкIэ мыдэкIэ къыщыхъу къэхъукъащIэхэр  иджыри къэс хъыбаркIэ къызэрытлъэIэсыжым нэхъыбэ къытлъэмыIэсу щытамэ, иджы дэри Алыхьым зэхыдигъэщIащ а къэхъукъащIэхэм ящыщ гуэр, къыдиутIыпщащ и дзэхэми ящыщ гуэр.

КъытлъигъэIэсащ Алыхь Талэм хъыбар, ар зэрызэхэтщIыкIын акъылрэ зэхэщIыкIрэ диIэмэ – Алыхьым и гьэзабым дызэрыщымыхъумар, зыгуэр къытщымыщIынуи дыкъызэримыгъэгугъар, «дэ тхуэдэ щыIэ?!» жытIэу зыдгъэпIийми дыкъызэрыпцIэр.

Пэжращи, идогъэлей, Алыхьым и губжь къызыхэкIыу зыри къэдгъанэкъым: ди унэ кIуэцIхэр хьэрэмкIэ ткудащ, уэрамыщхьэри гуэныхькIэ дгъэнщIащ, дэнэ къикIми, сытым къыхэкIми додэ, псом нэхъапэр ди ныбэр ткудэнырщ, ди хъуэпсапIэр дгъэнщIынырщ.

ЗыкъэдвгъэщIэж, дызэвгъэгупсысыж, дызэвгъэплъыж, къытщыщIым дерс хэдвгъэх, ди Тхьэ лъапIэм зэрыхуэмыфащэу гъащIэ зэретхьэкIыр къыдгуреIуэжи, гъащIэм напэщIэ къыхузэIудвгъэх!