Алыхь Иным дыщывгъэшыни и жыIэм дытевгъэт, къытхуищIэм и фIыщIэр дывгъэщIи, и арэзыныгъэр къэдвгъэлъыхъуэ, и губжьыр къызыхэкIхэм дакъыпевгъэкIуэкI!
Муслъымэн жэмыхьэт! Зы махуи дэкIкъым, уеблэмэ зы сыхьэти блэкIкъым мы дунеижьыр зыгуэрым имыхъуэжу, зэIыхьлэгъухэр зэныбжьэгъухэр зэфIэмыкIуэду, я гъуэгухэр зэхэмыкIыу.
Псэууэ къэнахэр лIахэм хуощыгъуэ, тогъэ, мэнэщхъейхэ, ауэ зэман докIри лIар ящогъупщэж, щхьэж и щхьэ Iуэху зэрихуэу доувэж, зэзэмызэххэ ягу къыщыкIыжхэм и дежи, нэхъ псынщIэу гупсысэр щхьэм зэрижыжын Iэмал зэрахуэ.
Ауэ цIыху щыIэщ, дунейр зэрихъуэжрэ илъэс бжыгъэ текIами, цIыхухэм ящымыгъупщэжу, «ар тхэтыжатэмэ, ар диIэжатэмэ» жаIэу я гум къеуэ зэпыту, и цIэр зэхахыхукIэ я нэпсыр къекIуэу. Сыт абы щэхуу хэлъыр?
Щэху абы зыри хэлъкъым, атIэ нахуэ защIэу зэхэлъщ. ЦIыхум и мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэр и щхьэм фIилъхьэ, и ныбэм ирилъхьэ, и унэ дихьэракъым, атIэ цIыхухэм сэбэп зэрахуэхъум, гъуанэ игъэбыдэм елъытащ.
Апхуэдэу сэбэп хъууэ, и Iэм хъейрыр къыпыщэщу утыкум ит цIыхур цIыхуищэ и уасэщ. Апхуэдэ цIыхур зы унагъуэ пыухыкIам и цIыхукъым, атIэ жылэ псом ейщ, псори абы къыхуэныкъуэщ, псоми адэ, псоми анэ ар яхуохъуф, цIыхухэми къазэрыщыхъур апхуэдэущ.
Зи хъейрыр нэхъыбэж хъур къэрал псом ялъоIэс, абы фIэIэбыкIыжыр Iуммэт псом яй мэхъу. Мис апхуэдэщи фIым гъунапкъэ имыIэу зеукъуэдий.
ЦIыхуфIыр дунейм щехыжам деж, и къэухьыр зыдынэсу щытам елъытащ гукъеуэ ар зыщыхъухэри. Хэти и лIэныгъэр жылэ псом дыркъуэу къатохуэ, хэти и лIэныгъэр къэрал псом, хэти уеблэмэ и лIэныгъэм Iуммэт псор зэщIэгъуагэу къегъанэ.
А цIыхуфIхэм я фIы щIэкIэри зэхуэдэкъым дауикI. Яхэтщ абыхэм щIэныгъэлIхэр: и щIэныгъэмкIэ гум псэ хилъхьэжу, кIыфIыр нэху къищIыжу, Iушэр захуэ ищIыжу, пэжымрэ пцIымрэ зэхигъэкIыу, цIыхухэм я Iуэхур губзыгъэу дигъэкIыу.
Яхэтщ а цIыхуфIхэм: Алыхьым къабзэу бгъэдэт, зи махуэр нэщIкIэ, зи жэщыр нэмэзкIэ зыгъакIуэ, зи хьэл дахэмкIэ цIыхухэм Алыхьыр фIыуэ езыгъэлъагъу, диным къыдэзыхьэх.
Яхэтщ абыхэм цIыху жумартхэр: зи мылъкум щымысхьу хъейр зылэжьхэр, къахуэкIуам зэрыхуащIэм имызакъуэу, езыхэр кIуэуэрэ, езыхэм къалъыхъуэурэ зимыIэм и Iуэхур дагъэкIыу, гузавэм и гузэвэгъуэр щагъэгъупщэу.
Аращ – ар хьэкъщ, муслъымэн жэмыхьэт! – цIыху берычэтхэр щыIэщ, дэри диIэщ: сыт хуэдэ фIым къыхуомыджами, «сыт тщIэнур, хэт зыхуэтщIэнур, дауэ тщIымэ нэхъыфI?», — жаIэу, «уей дэ ар тхуэмыщIэну» жызыIэу сытым теухуауи зызыхуэзышэу, дунейм тет щхьэусыгъуэр къэзыгупсысхэм яхуэмыдэу.
Мис апхуэдэ цIыху угъурлыхэр псэу пэлъытэу цIыхухэм къахонэ, я Iэпкълъэпкъыр щIы щIагъым щIэлъми я цIэр фIыкIэ цIыхухэм я гум къонэ, ауэ мыдрей хъейрыншэхэр, зи щхьэ Iуэху фIэкIа къызыфIэмыIуэхухэр зыми зэримыпэсыж хьэпшыпыжь гуэрым ещхьщ: щыпсэухэм деж зыри къыхуэмейуэ, лIэжахэ нэужьи зыри къыщIэмыупщIэжхэу.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейр зиIысыр, Ахърэтри зиIысыр пэжу къызыгурыIуам сыт хуэдэ фIыми и бжэр къызэIуихрэ дыхьэу, сыт хуэдэ Iейми и бжэр зэхуищIрэ зыри димыгъэхьэу и гъащIэр ирехьэкI.
ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхухэм яхэтщ фIым и бжэр къызэIузых, Iейм и бжэр зэхуэзыщI; цIыхухэми яхэтщ фIым и бжэр зэхуэзыщI, Iейм и бжэр къызэIузых. ЕхъулIащ фIым и бжэр къызэIуихыну Алыхьым зыхуиухар, унэхъуащ Iейм бжэр къызэIуихыну Алыхьым зыхуиухар». (Ибн Маджэ. Албаний хьэдисыр хьэсэну къилъытащ).
ФIы уигу илъ къудеймэ Алыхьым ар къыбдиIыгъынущ, зы лъэбакъуэ пчымэ лъэбакъуищэ уи дежкIэ къичынущ, уи Iуэхури нэхъ берычэт хъунущ, уздимыгугъэхамкIи уи ерыскъыр къикIынущ.
ЦIыхухэм сэбэп нэхъ уахуэхъухукIэ уэри уи зэфIэкIыр нэхъ ин Алыхьым ищынущ, уи хыхьэхэкIри нэхъыбэ хъунущ, уи дин зехьэкIэри нэхъ тынш хъунущ, уи ныкъусаныгъэхэри абы щIихъумэнущ.
Алыхьым фIым дыхэту, фIыр дигу къэкIыу дигъэпсэу. ФIым я нэхъыфI дыдэм дыхэтуи и пащхьэ дыришэж, Жэнэтым и увыпIэ лъагэхэри къытхуигъэфащэ!