Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Пщэдджыжь нэмэзыр

Муслъымэн жэмыхьэт! Ущием я нэхъыфIыр Аллаху Тэгьалар япэм щыIахэми иужькIэ псуэнухэми зэраущия псалъэращ. Ар тхьэшынагъэращ, тэкъ-уа зыхужытIэращ. Тэкъ-уаращ дунеягъэкIэ дезыгъэхъулIэнури, ахърэткIэ дыкъезыгъэлынури.

Шэч хэлъкъым Алыхь Ину дыкъэзыгъэщIам ди щэхури ди нахуэри зэрищIэм, муIмин пэжу къытхэтми, мунафикъыгъэ зыхэлъми зэрыщыгъуазэм, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу къалэн гуэрхэр ди пщэ къыдилъхьащ ди гум илъыр тафэм къытридзэн, ди бзэм жиIэр утыку къищIын папщIэ.

ИщIащ апхуэдэу Алыхь Иным пщэдей и пащхьэ дихьэжмэ, зыми щхьэусыгъуэ имыIэжын папщIэ, зыми лей гуэр къытехьэу къыщымыхъужын папщIэ.

ЦIыхур къызэригъэщIрэ а гъэунэхуныгъэр къадокIуэкI. ЖеIэ ди Тхьэшхуэм: «ЦIыхухэм ягугъэ «Iиман къэтхьащ», — жаIэмэ, дымыгъэунэхуу къэдгъэнэну?  Дэ абыхэм япэкIэ щыIахэри дгъэунэхуащ; Алыхьым наIуэ къищIынущ цIыху пэжхэри пцIыупсхэри». (Iэл-Гьэнкэбут, 2,3).

Дызэрагъэунэху Iуэхугъуэри тынш цIыкIуу цIыхум къехъулIэ зыгуэркIэкъым. Ар апхуэдэу щытамэ псори абы тыншу кIуэцIрыкIынт, муIминымрэ мунафикъымрэ зэхэдзаи абыкIэ хъунтэкъым.

Ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, тхузэфIэмыкIын гуэруи щыткъым а Iуэхугъухэр. ТхузэфIэмыкIын гуэру щытатэмэ, муIминри мунафикъри абы хилъэфэнт, лажьэ зимыIэри ихьынт.

АтIэ а гъэунэхукIэр модрейми мыдрейми щыщкъым: мунафикъыр кIуэцIырымыкIыфын хуэдэу гугъущ, хьэлъэщ, ауэ муIминыр кIуэцIырыкIыфын хуэдэу пхузэфIэкIын гуэру щытщ.

Мис апхуэдэу дызэрагъэунэхуу щыIэхэр куэд мэхъу, балигъыпIэ диувэу ди псэр хэкIыхукIи а гъэнэхугъэм дыхэтынущ.

Псалъэм и хьэтыркIэ, уи мылъкум хэгъэкIыпхъэр хэбгъэкIыныр гугъущ, ауэ пхузэфIэмыкIыну щыткъым. МуIминым хузэфIэкIынущ, ауэ мунафикъым къехъулIэнукъым.

Абы хуэдэщ цIыхум цIыху хуэдэу уахэтынри, уи губжьым ухуитыжынри, адэ-анэм я жыIэм утетынри… КIэщIу жыпIэмэ, гъащIэ псор гъэунэхупIэщ. Аращ КъурIэнми жиIэр:

“الذي خلق الموت والحياة ليبلوكم أيكم أحسن عملاً…”

«Аращ (Алыхьращ) лIэныгъэри гъащIэри къэзыгъэщIар, хэт нэхъ IуэхуфI илэжьми фигъэу­нэхун щхьэкIэ…». (Iэл-Мулък, 2).

Дызэрагъэунэхухэр дауикI я гугъагъ псынщIагъкIэ зэщхьэщедз, ауэ сыт хуэдэу щымытами псори а гъэунэхугъэм щыщщ, муIмин цIыхуми псом дежи пэжу зыкъыщигъэлъэгъуэн хуейщ, а зыкъэлъэгъуапIэхэми ящыщщ:  пщэдджыжь нэмэзым и Iуэхури!

Уеблэмэ, пщэдджыжь нэмэзым Iиманыр зыдэнэсыр зэрызэхигъэкIыр къыхощ хьэдис пэжым: «Мунафикъхэм нэхъыбэ дыдэу къатехьэлъэ нэмэзыр: жасымрэ, пщэдджыжьымрэщ, ауэ абыхэм къадэкIуэр (фIыгъуэр) ящIамэ, къэпщурэ къэкIуахэмэ къекIуэлIэнт…», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий, Муслим).

Абы нэхъ шынагъуэжращи, Бегъыбар лъапIэу гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыху щабэм صلى الله عليه وسلم мурад ищIауэ щытат, а нэмэзхэм къемыкIуалIэхэм кIуэуэ мафIэ ящIидзэну. АпхуэдизкIэ абы и Iуэхур инщи.

Апхуэдиз гущIэгъу зыхэлъым ар дауэ игу къэкIынт, жыпIэмэ, апхуэдиз гущIэгъу зэрыхэлъращ ар игу къыщIэкIатэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы дуней мафIэмкIэ уагъэшынэу, ахърэтым и мафIэм укърагъэлмэ, уэ гущIэгъум я нэхъ иныр къыпхуащIауэ аращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэрей хъутIбэм пщэдджыжь нэмэзым и Iуэхур къыщIыхэдгъэщым и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ. Махуэр нэхъ кIыхь хъууэ жэщыр нэхъ кIэщI зэрыхъуам папщIэ, пщэдджыжь нэмэзым и Iуэхур куэдым къатехьэлъэ хъуащ, куэдми яфIыблэкIыу тхьэусыхафэ яIэщ.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, цIыхум зыри щхьэусыгъуэ иIэкъым пщэдджыжь нэмэзым хэжаену, и уахътыми имыщIыну. И уахътым ар тхуэмыщIыну щытатэмэ, Алыхьым ар къыттритхэнтэкъым, къыщыттритхакIэ илъэс хъурейм и кIуэцIкIэ тхуэщIыну аращ.

Арамэ, ди уахътыри, ди Iуэхухэри абы теухуауэ дгъэпсын хуейщ. Абы дыхэмыжаеным щхьэсыгъуэ хуэхъуу щыIэри къэдгъэсэбэпын хуейщ.

МуIмин пэжым и уахътыри и Iуэхухэри и нэмэзым теухуауэ егъэпс, ауэ зи Iиманым ныкъусаныгъэ хэлъым и нэмэзыр езыр къызэрикIым хуэдэу егъэпс. И Iуэхухэр зэфIэкIмэ, уахъты гуэр абыхэм къадэхуэмэ, и нэмэзым и Iуэхур зэрехуэ.  Аращ, щхьэж игъэнэхъапэр япэ ирегъэщ.

Зи лэжьапIэ жыжьэр пщэдджыжь нэмэзым и уахътым, уеблэмэ, ипи къихуэу докIыф, гъуэгуанэ техьэнур къыкIэрымыхун папщIэ жьыуэ къотэджри мэкIуэф, уеблэмэ, хэмыжаен папщIэ, аэропортым зи жэщыр зыгъакIуэхэр щыIэщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, хьэм и хьэтыркIэ пщэдджыжьым жьыуэ уэрамым цIыхухэр къыдокI…

НтIэ хьэм и пщIэ ди диным имыIэу ара? Ара ди Iиманыр зыдынэсыр? Ара ди шым къижынур? Ара ди диным дызэрыхуэпэжыр? Ара ди ахърэтым дызэрегупсысыр?! Дызэвгъэгупсысыжи ди щхьэр къэдвмыгъэгъэпцIэж!

Дызыхуэпсэур, дыщIэпсэур, ди мурадыр, мы дунейр зиIысыр, Ахърэтри зиIысыр… мыхэм иджыри зэ девгъэгупсысыжи, дэтхэнэри и пIэм идвгъэгъэувэж!