Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

IэмэпсымэщIэхэр

Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшыни и унафэм девгъэдаIуэ, пщэдей хьисэп дащIыжын ипэкIэ нобэ дэ езым хьисэп зыдвгъэщIыж, ди IуэхущIафэхэмрэ, псалъэ жытIэхэмрэ пщэдей яшэчыжын ипэкIэ, нобэ ахэр зэпэшэчауэ къызэрыдбгъэдэкIынум девгъэгупсыс! 

Муслъымэн жэмыхьэт!  Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыджеIэ: «Алыхьым ухуэзышэ IуэхуфI гуэрым къыхуезыджам, къедэIуахэм я псапэм хуэдэ дыдэ къехь, модрейхэм я псапэм абы щхьэкIэ зыри хэмыщIу; Алыхьым укъыбгъэдэзыш Iуэху Iей гуэрым къыхуезыджам, къедэIуахэм я гуэныхьым хуэдэ дыдэ къехь, модрейхэм я гуэныхьым абы щхьэкIэ зыри хэмыщIу». (Муслим). 

ФIыр, дахэр, псапэр, гуапагъэр нэхъыбэ щIыным, ахэр гъэбэгъуэным, мыдэкIэ, Iейр, мыхъумыщIэр, гуэныхьыр лэжьыным е нэгъуэщIым егъэлэжьыным шынагъэу пылъыр къэзыгъэлъагъуэ хьэдисщ мыр, Iуэхугъуэ куэдми лъабжьэ хуохъу. 

ФIым къыхуебджэнуми, Iейм къыхуебджэнуми япэм Iэмалу щыIар мащIэт, цIыху куэдми ялъэгъэсыныр егъэлеяуэ гугъут, къинэмыщIауи а Iэмал щыIэхэм цIыхур зытхьэкъуу яхэтыр куэд хъутэкъым, ауэ нобэ Iэмалхэр куэд хъуащ, цIыху куэдым уалъэIэсынри тынш хъуащ, уимытхьэкъункIэ икIи удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу куэд къэунэхуащ. 

Уеблэмэ уи Iэгум икIуадэ, уи жыпми къимыщ Iэмэпсымэ цIыкIумкIэ хэти улъэIэсыфынущ, уи унэ ущIэсми, гъуэгум утетми къыпхуэгъэсэбэпынущ, жэщ-махуэ имыIэуи бгъэлажьэфынущ, напIэзыпIэм и кIуэцIкIэ цIыху мин бжыгъэм тхыгъэкIи, макъкIи, сурэткIи уалъэIэсыфынущ. 

КуэдкIэ сэбэп мэхъу мы Iэмэпсымэхэр. Абыхэм я хьэтыркIэ цIыхухэр нэхъ губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьэу, нэхъыби къагурыIуэу, нэхъыбэми хащIыкIыу хъуахэщ, мы дунейм къыщекIуэкIми нэхъ щыгъуазэ зыхуащIыфри, фIырыфIкIэ зыхуейм ахэр къигъэпцIэжыфынукъым. 

Диным къыхуебджэнуми, пэжыр цIыхум ялъэбгъэIэсынуми, фIы гуэр ягу къэбгъэкIынми зыми уеупщIын, зыми уелъэIун, зыгуэрми хуит укъищIын хуейкъым, фIырыфIкIи зыри зэран къыпхуэхъуфынукъым. 

КъинэмыщIауи, мы IэмэпсымэхэмкIэ гугъуехьышхуэ Iуэхум хомылъхьэу: уи Iыхьлыхэри, уи благъэхэри зэщIэбгъэхьэфынущ, уи ныбжьэгъухэми уащIэупщIэфынущ, чэнджэщ гуэри яптыфынущ, ури къуатыфынущ. 

ЩIэныгъэм щыщ гуэри цIыхум ялъэбгъэIэсыну, гъэщIэгъуэну зы щIыпIэ къибджыкIа гуэркIэ уадэгуэшэну, щыуагъэ гуэр утыкум илъмэ абы гу лъебгъэтэну, псапэ къэхьыпIэ гуэр щыIэмэ абы къыхуэбгъэушыну Iэмал гъуэзэджэщ мы Iэмэпсымэхэр. 

Абыхэм я щхьэусыгъуэкIэ сыт хуэдиз суннэ къагъэпсэужа, сыт хуэдиз бидгьи щIатIэжа, сыт хуэдизми тобэ къахьыжа, сыт хуэдизми диныр къащта?! 

Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхум нэгъуэщI зы лъэныкъуи иIэщ. Мы Iэмэпсымэхэр Iейм къыхуэзыгъэсэбэпхэри щыIэщ: мыхъумыщIэ гуэрым цIыхухэр къыхураджэу, е фIы гуэрым ягур щагъэкIыу, е пцIы гуэр цIыхум хаутIыпщхьэу. 

Пэжращи, мы Iэмэпсымэхэм цIыхухэр зиIыс дыдэр тафэм къытрадзащ, иджыри къэс унэ кIуэцIым щагъэпщкIуми е зы щIыпIэ гуэрым деж къыщынэжми, иджы унэм щIэлъыр уэрамым дэлъ хъуащ, хьэблэм дэлъыр, дунейм ялъэIэсащ. 

Мы Iэмэпсымэхэм къагъэлъагъуэ дин тхэлъыр дэнэ нэсми, гъэсэныгъэкIэ сыт къытхуэтми, сыт къытфIэIуэхуми, сытым дызэрихуэми. 

Сабийм, щIалэгъуалэм ягу къэкIыххэу щымыта мыхъумыщIэ куэд, мы Iэмэпсымэхэм ягу къигъэкIыу хъуащ. Сыт хуэдиз псалъэ фIейри, сыт хуэдиз сурэт фIейри кърахьэкIрэ а IэмэпсымэхэмкIэ?! Абы иужькIэ умыгъэщIэгъуэж, а Iэмэпсымэм итыр унэ кIуэцIым деж е нэгъуэщIыпIэ деж щалэжьу урихьэлIэжмэ. 

КъинэмыщIауэ гу зылъытапхъэщ, пэжми пцIыми зэхамыгъэкIауэ, фIы ящIэ ягугъэжу, зэхахауэ хъуар, куэдым къызэрырахьэкIыр. Псом хуэмыдэжу Iуэхур егъэлеяуэ шынагъуэ мэхъу ар диным щехьэлIам деж, псалъэм папщIэ кърахьэкIыр Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и хьэдис хуэдэу, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, хьэдисымэ къыщIимыхьауэ. 

НэгъуэщIуи зыхуэсакъыпхъэхэм ящыщщ: мы Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ куэдым цIыхум я мылъкур зэрыфIашхыр. Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэр сымаджэщ е хуэныкъуэщи, зыгуэркIэ фыдэIэпыкъу, жаIэурэ куэдыр ягъэбэлэрыгъ. 

Мыри жыIэжыпхъэщ:  «мыпхуэдэр сымаджэщи кхъа дугьэ хуэфщI», жызыIэу куэд урохьэлIэ, уеблэмэ Iуэхум тригъэчыныхьыпэу, цIыхуми и щхьэр зыдихьынур имыщIэжу къуэгъэнапIэм къуахуэу. АрикIи узыншэ зэхэтыкIэкъым, япэ къэсми «дугьэ схуэщI» жыпIэу ущIелъэIуни щыIэкъым. НэгъуэщIым дугьэ хуимыщIу, езыр дугьэ зыхуащIхэм ящыщынкIэ хъунущ апхуэдизу узэлъэIухэр. 

Сытми мы Iэмэпсымэхэр дигъэунэхуу Алыхьым къыдитащи, хэти гъэунэхупIэм дахэу къокI, хэти абыкIэ и напэр токI. Алыхьым мы Iэмэпсымэхэм я хъерыр къыдигъэхъулIи, я Iейм дыщихъумэ, псапэ абыхэмкIэ къыдигъэлэжьи, гуэныхь абыхэмкIэ зылэжьхэм ящыщ димыщI!