Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Бзэгу зехьэныр

الحمد لله، الحمد لله من لجأ إليه بلَّغه فوق مأموله، ومن سأله أعطاه أكثر من سُوله، أحمده سبحانه منَّ على من تاب إليه وأنابَ بعفوه وغُفرانه وقَبوله.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له شهادةَ مؤمنٍ بالله ورسوله.

وأشهد أن سيدنا ونبينا محمدًا عبد الله ورسوله بيَّن سبل الهدى وبلَّغ الدينَ كلَّه بفروعه وأصوله، صلَّى الله وسلَّم وبارَك عليه وعلى آله وأصحابه، أقاموا شرع ربهم بكماله وشموله، والتابعين ومن تبعهم بإحسانٍ وسلَّم تسليمًا كثيرًا،  أما بعد:

Узэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыбэм улъэзыгъэIэсым, узэрелъэIуам нэхърэ нэхъыбэ къозытым, Алыхьышхуэм, фIыщIэ худощI. Диныр ирикъуауэ къытлъэзыгъэIэса, нэгъэсауэ ар тхузэпкъырызыхыжа Бегъымбар лъапIэми щэлэуатыр къыхудохь. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым дыщывгъэшыни, ди къэкIуэным девгъэгупсыс, ди блэкIам дерс хэдвгъэх, зи ажалыр къэмысам ар къыпоплъэ, ажалым нэмыщIи псапэ лэжьыпIэ уизымыгъахуэу щыIэр куэдщ.

КъыщокIуэ КъурIэным: «Уэ Iиман къэзыхьахэ! Фи мылъкумрэ фи бынымрэ зыдевгъэхьэхыу Алыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ. Апхуэдэу зыщIэращ унэхъуар. * Дэ фэтта мылъкум фIы хэфщIыкI, ажалыр къыфлъэмыIэс щIыкIэ. Ар къызылъэIэсым жиIэнущ: «Уэ, си Тхьэ! ТIэкIу сыбгъэпсэужатэмэ, сэдэкъэи стынт, цIыхуфIхэми ящыщ сыхъунт». * Зи ажал къэсам Алыхьым ар хуигъэIэпхъуэркъым. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм». (Iэл-Мунафикъуун, 10,11). 

Муслъымэн жэмыхьэт! Уз Iей гуэр щыIэщ и лъабжьэм мыхъумыщIагъэ куэд къыкIэщIэкIыу: гур иуIэу, лажьэ зимыIэм лей тригъэхьэу, зэблагъэхэр зэфIигъэкIуэду, унагъуэхэр зэтрикъутэу, фитнэхэр къиIэту. 

А узым и къежьапIэр гуращ, ауэ гум и лIыкIуэр бзэгуращи, гум и лэжьыгъэу мыбдежым бзэгум игъэзащIэ къалэн мыдахэр: бзэгузехьэнкIэ дызэджэращ. 

Бзэгузехьэр напитIщ. Зы гупым зы напэкIэ яхэтщ, адрей гупым нэгъуэщI напэкIэ яхохьэ, къызэрикIым теухуауэ зехъуэж, къыздикIым дежкIэ зедз. 

Аращ и псэукIэр зи гур фIейм, фIы цIыхухэм къехъулIэну зыфIэмыфIым, зэфIэнэжхэмэ нэхъ къэзыщтэм, ныбжьэгъу мыхъумыщIэхэр зи пэщIэщIэгъум, цIыхуитI зэфIигъанэмэ зи гур хэхъуэм.   

Бзэгузехьэм и щхьэ Iуэху зэрихуэжыфкъым, ауэ къуажэ Iуэхур зэрегъазахуэ, фIы зэхихмэ ебзыщI, Iей зэхихмэ ирехьэжьэ, тIум щыщи щымыIэмэ пцIым и шым тотIысхьэри, щымыIэр кърехьэкIри дэтщ.

Бзэгузехьэм и бзэгур IэфIщ, ауэ и гур дыджщ, уд Iэзэм мазэм хуэмыщIэнур зы сыхьэтым и кIуэцIкIэ бзэгузехьэм зэIещIэ. ЛIыгъи, цIыхугъи хэлъкъым, гуэныхьми щышынэкъым. 

Апхуэдизыр абы зэрыпыщIаращ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم щIыжиIэр:

 «لا يدخل الجنةَ نمَّام» — «Бзэгузехьэр Жэнэтым ихьэнукъым».  (Бухъарий, Муслим). 

Апхуэдизыр абы зэрыпыщIаращ кхъэ гьэзабри абы къыщIыхэкIыр, цIыхухэм я нэхъ Iей дыдэхэми бзэгузехьэр щIыхибжэр. 

Муслъымэн щIэныгъэлI псоми зы жьэу къызэдащтэ бзэгузехьэныр зэрыхьэрэмыр, гуэныхьышхуэхэми зэращыщыр. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди щхьэкIэ дызыхуэвгъэсакъыж мы хьэл Iейм теухуауэ, а хьэл Iейр къытхуихьу къытхуэкIуэхэм ятеухуауи дывгъэсакъ, абыхэм фIы къытхуахьынукъым. 

ЗылI Уэхб ибн Мунэббих رحمه الله и деж къакIуэри: — Мыпхуэдэм уэ птеухуауэ мыхэр жиIащ, — щыжиIэм. – Уэр фIэкIа къигъэкIуэн шейтIаным игъуэтакъэ?! – жыриIэри игъэукIытащ бзэгузехьэр. 

НэгъуэщI зыгуэрми апхуэдэу бзэгу къыщыхуахьым, «мыхэр мохэр уэ птехуауэ жиIэу зэхэсхащ» щыжиIэм, бзэгузехьэм зыхуигъазэри жыриIащ: — «Ар езыр къысщыукIытэри сэ зэхызимыгъэхыу ахэр жиIащ, ауэ уэ умыукIытэжу укъакIуэри си нэгум къибыбудэри ахэр къызжепIэжащ!». 

Бзэгузехьэм и псалъэр тегъэщIапIэ пщIы хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы фасикъ цIэр къелэжь. Фасикъ цIэр зезыхьэхэм ятеухуауэ къэкIуа аятым девгъэдаIуэ: «Уэ Iиман къэзы­хьахэ! Фасикъым хъыбар къыфхуихьмэ, ипэжыпIэр зэ­хэвгъэкI, зэрымыщIэкIэ цIыху­хэм фи зэран евгъэкIыу фщIам фыхущIемыгъуэжын щхьэкIэ». (Iэл-Хьуджурат, 6). 

Арамэ, зыгуэр къыплъыIэсыжа щхьэкIэ а напIэзыпIэм уи къуэш муслъымэным Iей уигу къыщIыхуэкIын щыIэкъым. КъыплъагъэIэсыжар уи фIэщ пщIыуэ, абы утепсэлъыхьыжу удэувэжмэ, уэри бзэгузехьэ уохъу. 

Дыщывгъэшынэ Тхьэшхуэми, ди бзэгури, ди тхьэкIумэри гуэныхьым щыдвгъэхъумэ. Ди щхьэкIи дывмыгъэлэжь мы мыхъумыщIагъэр, зылэжьми хуэдвмыгъадэ, атIэ зэкъуэшу, дызэкъуэту, дигури ди бзэри зэхуэкъабзэу дызэхэвгъэт!