Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Сымаджэ дыдэхэр

ФIыщIэ нэгъэсар Алыхьращ зыхуэфащэри, фIыщIэ Абы худощI, зыкъытщIигъэкъуэнуи долъэIу, къытхуигъэгъунуи зыхудогъазэ, тоби къыдохьыж.

Псэм Iей дигъэщIэну, тщIа Iейхэми нэхъ Iеиж дагъэщIэну дыкъыхураджэри, абыхэм псоми дащихъумэну Аллаху Тэгьалам долъэIу.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхухэр узыншэ сымаджэу зэхидзмэ, цIыху узыншэ зыхужыпIэ хъунур, IэпкълъэпкъкIэ узыншэракъым, атIэ гукIэ, псэкIэ, хьэлщэнкIэ узыншэращ, зэпIэзэрыту мы дунейм тетращ — узыншэр.

Псалъэм папщIэ, гупым яхыхьамэ зыгуэрым хуэмыпсалъэу, зыгуэрым и лыр имышхыу, и щIыхьыр химыутэу, и напэр тыримыхыу щымысыфыр – сымаджэщ.

Зыгуэрым и цIэр фIыкIэ къраIуэу зэхихыну зи гум темыхуэр, зэхихамэ – абы зытридзэу химыутауэ емытIысэхыр – сымаджэщ.

Абы хэмылъ сэ жысIэкъым, -жиIэу зигъэзэхуэжмэ, аращ цIыхум и лыр ешх, гъибэ елэжь зыхужаIэр. Хэмылъ гуэркIэ тепсэлъыхьмэ, ар гъибэми къыщынэжкъым, атIэ пцIы упсынри дыщIигъуащ.

Ауэ Алыхьым псори зэхех, захуагъэ хэлъуи Iуэхур зэхех. Зэман докIри нэгъуэщIыр ауан зэрищIу щыта дыдэр езы дыдэм къыщощIыж, и щхьэ ирокIуэж!

Псалъэм папщIэ, и къуэш муслъымэныр ауан ищIу щытащ:  и фыз и унафэ хуэщIыжкъым, щитIагъэхэмкIэ зыкIэлъыплъыжкъым,  и бынхэм диныр яхэлъкъым, хьэлщэн ябгъэдэлъкъым, жиIэурэ.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, а къуэшым Iуэхум хилъхьэфыр хилъхьэт, хузэфIэкIи къигъанэтэкъым, ауэ Алыхьым имыузэщIар абы хуэузэщIынутэкъым, Алыхьым зыримытам езым иритыфынутэкъым.

Щогъупщэ апхуэдэ цIыхум:  ЛутI бегъымбару щыта пэтрэ и щхьэгъусэр зэрыщытар, щогъупщэ Нухь бегъымбарым и къуэм и кIэух хъуар.

Ауэ пэжращи, цIыхум и хьэлыр щызэблэшам деж, адрейхэри псори зэблэшауэ елъагъу. ЦIыху Iейм «псори Iеярэт» жеIэ, и Iеягъыр зыми къырамыудэкIын папщIэ.

НэгъуэщIым щыуагъэ илэжьу илъэгъуамэ ар дзасэпэм фIиIурэ игъэпIийуэ, езым а щыуагъэ дыдэр къыIэщIэщIэмэ – «щымыуэ щыIэкъым» жызыIэм – и гур къабзэкъым, и хьэлри захуэкъым, атIэ сымаджэщ.

ЦIыхур езыр зэлэжьыжыну, и хьэлыр иузэхужыну щыщхьэхым и деж – нэгъуэщI гъуэгу хеш: зи хьэл нэхъ зытеувахэр , лъагапIэ гуэрым теувахэр кърилъэфэхыну, езыр зыхэс шэдым хилъэфэну яужь йохьэ.

Ауэ апхуэдэукъым ар абы езым къызэрыщыхъужыр, атIэ езыр зыхэс шэдыр къабзабзэу, абы къыхэмытIысхьэхэр фIей защIэу, аращ къызэрыщыхъур. «Мор Iейщ» жызыIэм, «сэ сыфIщ», жиIэу аращ.

Ауэ абы жиIэракъым, атIэ Алыхьым жиIэращи, Алыхьым иIэтар зыми хиутэфынукъым, Алыхьым хиутар зыми иIэтыфынукъым.

«ЖыIэ: «Уэ Тхьэуэ тепщэ­гъуэр зиIэ! Уэ зыхуэфащэм теп­щэгъуэр ибот, зыхуэмыфащэ­ми къытыбохыж, зыхуэфащэр уоIэт, зыхуэмыфащэр уогъэ­пуд. ФIыгъэ псори Уэ пIэ­щIэлъщ, Уэ сытри пхузэфIокI». (Iал Гьимран, 26).

Муслъымэн жэмыхьэт! МащIэми куэдми а хьэл мыхъумыщIэм хуэдэ дэри зыгуэр тхэлъынкIэ хъунущ. Сэракъым мыбы зи гугъу ящIыр, къызбгъэдэсращ, жытIэу дыгупсысэмэ – зэикI ди Iуэхур ефIэкIуэнукъым, нэхъыфIкIи зихъуэжынукъым.

КъурIэн лъапIэр гуми, Iэпкълъэпкъми и хущхъуэщ. Гум и узри, Iэпкълъэпкъым и узри зыгъэхъужын абы къыхэпхыфынущ, ауэ КъурIэныр къэпщтамэ: — ахьы, мыр мобы теухуащи абы жесIэнщ, мыдрейр моращ зытеухуари абы зэхезгъэхынщ», жыпIэурэ убгъэдэсмэ уунэхъури укъэсэхыжащ.

ЦIыху губзыгъэм и щхьэр и лажьэщ, езым къыхуэтым къыдэхуэкъым, ауэ акъылыншэм и лажьэр цIыхухэм къахуэтращи, езым къыхуэтым зэман хуигъуэтыжкъым.

Дымуслъымэнмэ муслъымэн хьэл тхрелъ, ди щыуагъэм гу лъыттэжыфу зедвгъэгъасэ, нэгъуэщIым ядэдлъэгъуар, Iэмал иIэххэмэ, нэхъыфIым хуэтхьыфу дыщывгъэт!

ЖеIэ имам Шафигьий, رحمه الله: «Алыхьым фIы къыхуиухыну зыфIэфIыр IейкIэ цIыхухэм иремыгупсыс!». 

Муслъымэн жэмыхьэт! НэхъыфIкIэ дэтхэнэ муслъымэнми и IуэхущIафэм дегупсысын хуеймэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм, Алыхьым и диныр цIыхум языгъэщIэжу утыкум ит цIыху еджахэм апхуэдэу дахущытыныр нэхъапэжщ.

Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым пщIэ хуэдмыщIмэ, абы зэрихьэ щIэныгъэми пщIэ иIэжынукъым, цIыхухэри абы едэIуэжынукъым, атIэ кIуэнурэ щIэныгъэншэ гуэрым яужь иувэнухэщ.

Сыт хуэдиз гуэныхь цIыхум и пщэ дилъхьэжрэ, утыкум къитIысхьэрэ щIэныгъэлI гуэрым хуэпсалъэу щыщIидзэм и деж?! Сыт хуэдиз гуэныхьи я пщэм далъхьэжрэ, а щIэныгъэлIым къыщхьэщымыжу шейтIан бзагуэм хуэдэу абы жиIэм едаIуэу щысхэм?!

НэхъыфкIэ Алыхьым ди Iуэхур къызэридзэкI. ИманкIэ къытхуэупса Алыхь Талэм хьэл дахэкIи къытхуэупсэжыну долъэIу. Алыхьращ ди гугъапIэр!