Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

БанэщIэж Мухьэмэд-ефэнды

27.04.2013
Еджауэ 3 551

Мухьэмэд-ефэндыр БанэщIэж* Мэнщур-ефэндым и къуэу дунейм къытехьэри 1800 гъэхэм и зэхуэдитIымрэ 1900 гъэхэм и япэ илъэсхэмрэ къыриубыдэу   псэуащ.

Ар зыдэсар Тыркум, Къейсэр къалэм къедза Хьэззей къалэ цIыкIум пэмыжыжьэу щыIэ Мэхъарэхьэблэ къуажэращ.

Мухьэмэд-ефэндым и адэ Мэнщур-ефэндыр Хьэззей къалэ цIыкIум и муфтийуэ (дин IуэхухэмкIэ унафэщIу) щытащ. Ауэ, Мухьэмэд-ефэндыр и адэм иригъэджэжауэ зыщIыпIэ и дежи къыщыхэщкъым. Дин щIэныгъэкIэ е фэтуакIэ (диным къезэгъ еплъыкIэ) и адэм едэуэжыфыным нэсу щIэныгъэ бгъэдэлъауэ, пэжым теухуауэ шыщхьэмыгъазэу щытауэ къаIуэтэж. Псалъэм и хьэтыркIэ,  дауэгъу къыхуэхъуа гуэрхэмрэ езымрэ я фэтуахэр Мысыр нэс ирагъэхьу, езым и фэтуар нэхъ ягъэзахуэу къырагъэхьыжауэ щытауэ къаIуэтэж.

Абы ехьэлIауэ къаIуэтэжхэм щыщу нэхъ гъэщIэгъуэнхэм язщ, а зэманым Уэсмэнлы къэралыгъуэм и пащтыхьу щыта СулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэм Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ тхыгъэкIэ зыхуигъэзауэ, езыми жэуап къыхуригъэхьыжауэ къызыхэщ хъыбарыр.

Мухьэмэд-ефэндым дерс иту, цIыху иригъаджэу щытащ. Хьэззей мэжджытышхуэм къыбгъэдэту щыта унэшхуэм (иджыпсту хьэпс ящIыжащ) дерс щиту, еджакIуэхэр щиIэу щытащ.

И еджакIуэхэм я бжыгъэр тIощI, щэщIхэм нызэрыхьэсу; къыхэмыщтыкIыу Iимамыфын, жэмыхьэтрэ мэжджытрэ зэрахьэфын хуэдэу ахэр иригъаджэу, игъасэу щытауэ жаIэж.

А Iэгъуэблагъуэм ис Iимамхэм языр Мухьэмэд-ефэндым куэду игу нэсу щытауэ, КъурIэн псор гукIэ зыщIэ Iимамым дэгушыIэу: “Iимамым и кIэухыр уэращ, муфтийм и кIэухри сэращ” жиIэу, фIыуэ илъагъуу, абы бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ и лэжьыгъэм зэрыхуэIэзэмрэ пщIэ хуищIу щытауэ жаIэж.

Ар Хьэззей къалэм муфтийуэ щытетар Тырку щIыналъэр зауэ гуащIэ щыхэта, зи лъэ ва-къэ изылъхьэ цIыхухъухэр дзэм яшэу щыщыта илъэсхэрати, абы ирихьэлIэу цIыхубэмрэ къэра-лымрэ зэдеIэу Iуэхур зэдаIэтыным хэлэжьыхьын папщIэ Мухьэмэд-ефэндыр “Сивае”-кIэ зэджэ къалэшхуэм ирагъэбла-гъэри кIуэн хуей хъуащ. А щIыпIэм дзэ IуэхумкIэ уна-фэр зыIэщIэлъ дзэзешэм Мухьэмэд-ефэндыр хэIэтыкIауэ иригъэб-лэгъащ, зрикIуэну гъуэгу нэгъунэ иригъэгъэкъэбзащ, гупышхуэкIэ къыпежьэри хуэфащэ пщIэ къыхуа-щIащ. Абы къыхэкIкIэ цIыхубэм я дежи и пщIэр   нэхъ Iэта щыхъури и жыIэри нэхъ пхыкI хъуащ.

Мухьэмэд-ефэндыр  IуэхухэмкIэ куэду сакъыу щытауэ, къэрал Iуэхумрэ дин Iуэхумрэ зэпэщIэува, зэщытIэхъуа мыхъуным хуэсакъыу, абы елIалIэу щытауэ жаIэж. Апхуэдэу зэрыщытам къиша щхьэпэ гуэрхэри къаIуэтэж.

БанэщIэж Мухьэмэд ефэндыр нэхъ гъунэгъуу зыцIыхурэ абы ехьэлIауэ дызэупщIынрэ куэд зэрыдмыгъуэтам къыхэкIкIэ къытхуэмыхута гуэрхэри къэнами, и цIэ фIыкIэ къитIуащи, Тхьэр арэзы къыхуэхъуну, Тхьэм и нэфI къыщыхуэну дыхуолъаIуэ. 

————————————

* “БанэщIэж” унэцIэр Тырку щIыналъэм кIуа иужь къащтауэ, мыбы щикIам унэцIэу зэрахьар “Тхьэмокъуэу” жаIэж.

 

Зыгъэхьэзырар: Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи.