Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Куп Исмел

16.12.2012
Еджауэ 4 457

Куп Исмел ХьэтIохъущыкъуей и пщэм къыщыхъуащ 1861 гъэм. Къыдалъхуахэми хьэблэ сабийми къахэща Исмел цIыкIу, КъурIэным, хьэрыпыбзэм пасэу гъунэгъу хуэхъуащ. КъызыхэкIа лъэпкъыр мылъкушхуэкIэ мыцIэрыIуэ пэтми, абы хузэфIэкIащ Египетым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэ Iэл-Iэзхьэр университетым щIэтIысхьэу ар къиухын.

Дунеишхуэм зыщиплъыхьауэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ игъуэтауэ, и акъылыр тIысауэ зи хэку къэзыгъэзэжа Исмел и къару псори ирехьэлIэ лъэпкъыр узэщIыным, щIэблэр егъэджэным, пэжыр лъэ быдэкIэ увыным.

Дунеишхуэм и пкъо лъэщыр щIэныгъэшхуэр ару зэрыщытыр хьэкъ зыщыхъуа, муслъымэн диным и къабзагъэмрэ и къарумрэ зи гум хыхьэу зи псэм къабылу ищта еджагъэшхуэ Куп Исмел деж къыщожьэ нобэрей Зеикъуэ жылэшхуэм щIэныгъэрэ культурэкIэ игъуэта зыужьыныгъэ иныр. Аращ къуажэм дэта япэ еджапIэр – мыдрисэр яухуэн папщIэ хьэрычэт зыщIар.

А мыдрисэм щеджэ сохъустэ цIыкIухэм куэдкIэ ящыгугът Исмел, икIи ахэр къыхуриджэрт еджапIэ нэхъыщхьэхэми кIуэхэу къагъэзэжым къуажэм щIэныгъэ Iуэхур щырагъэфIэкIуэным. Псом хуэмыдэжу ар нэхъ зыщыгугъахэм ящыщт Тыркум щеджэу щIэныгъэфI ябгъэдэлъу къэзыгъэзэжа Шафий Мухьэбрэ, Къумыкъу Хьэжырэ. Ауэ, а щIалитIыр и ижэгъухэм I934 гъэм зэхэзехуэн ящIу щIадзащ. Абыхэм къеижхэм къагъэсэбэпырт властыщIэм диным хуеджа, шэрихьэтым фIэщхъуныгъэ нэс хузиIэхэр фIыуэ зэримылъагъур. Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалэ хъарзынэхэм я щхьэр щIрагъэхьэри ягъэкIуэдащ.

— Еууей, хъарзынэу еджа щIалэхэр зэреджам нэхъ лажьэ ямыIэу ягъэкIуэдащ. Апхуэдэурэ цIыхубэм къахэкIыр хаудмэ, лъэпкъым сыткIэ зиужьын? – жиIэгъащ сымаджэу хэлъ хьэжыжьым, щIалэхэм я кIуэдыкIар щызэхихым.

Абы нэмыщIауэ, зэрыжаIэжымкIэ, Исмел къуажэпщым и чэнджэщэгъут, и дзыхьщIэгъут, хьэщIэ лъапIэ къыхуэкIуэми бгъэдигъэсырт акъылрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ мо лIы Iущыр. Абыи къыщынэртэкъым – пщыр фIэлIыкIырт къуажэ дин лэжьакIуэхэм я имам ефэндышхуэм, абы и хьилмым.

ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ Куп Исмел литературэми, тхыдэми дахьэх, фIыуи хэзыщIыкI еджагъэшхуэт. Ар и гъунэгъут икIи ядэлажьэрт Дым хьэжыжьыр зи пашэ Бахъсэн культурнэ центырым, езым и къалэмыпэми къыщIэкIащ гупсысэрэ акъылрэ зыхэлъ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ куэдыр ди деж къэсакъым.

Диным пыщIа ефэнды къалэным дэщIыгъуу абы лэжьыгъэ щхьэпэ куэди иригъэкIуэкIырт. Исмел бжьэ игъэхъурт, и фо къабзэр и Iыхьлыхэм яфIэкIыжрэ хьэблэм жумарту яригъэшхыу. Псом хуэмыдэу цIыкIухэр игъатхъэрт. Ар жыг гъэкIынкIэ IэкIуэлъакIуэт.

Исмел и къуэрылъху Абдулчэрим къеIуэтэж и адэшхуэм жумартагъ хэлъам и зы щапхъэ; колхоз зэхыхьа иужь щыIа гъейм и зэманым, нартыху тIэкIу абы яIэти, мэжэщIалIэхэм я IэмыщIэ шиям ирилъхьэурэ IэщIэухати, и бынхэм я гуапэтэкъым. Хьэжым абы яритри зы жэуап закъуэт: «Ар къыдэзыта Алыхьым иджыри къыдитынщ…».

Куп Исмел щхьэмахуэм и дунейр щызу къэгъэлъэгъуэжа хъунукъым, абы къигъэна дневникым и гугъу умыщIмэ. ХьэрыпыбзэкIэ тхауэ Исмел къигъэна дневникыр I987 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ иджы ди Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым щахъумэ. ЩIэныгъэм, тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм ямызакъуэу, лъэпкъым и блэкIар, ХьэтIохъущыкъуейм и гъащIэм лIэщыгъуэ псокIэ къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр зыщIэну хуейхэм дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Абы нэмыщI, Исмел библиотекэшхуэ къыщIэнат, ауэ абы щыщу къэнар зы мащIэщ.

Зи ахърэт нэху Алыхьым ищIын Куп Исмел дунейм ехыжащ 1934 гъэм.

(Куп Исмел и хъыбарыр гъэкIэщIауэ «ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэр» зыфIэща тхылъу Къэрмокъуэ Мухьэмэд ейм къыхэтхыжащ, апхуэдэуи тегъэщIапIэ тщIащ «Iуащхьэмахуэ» журанылыр: 4, 1998гъэ).