Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

IэлъэщIышхуэкIэ си Iэпкълъэпкъыр щыщIэхъумам деж, сэ сигурэ си щхьэрэ икъукIэ нэхъ зэтелъщ

20.06.2014
Еджауэ 6 426

Щхьэгъусэ схуэхъуну си лIым сыхуэзэн ипэ, сэ зыри хэсщыкIыу щытакъым ислъамым. ЛъэпкъкIэ сэ сыбашкирщ., си адэ-анэми этническэ муслъыману забжыж. Зэрыщыту ислъамыр къызэрызгурыIуэу щытар къызэрыгуэкI дэдэущ – цIыхубзыр зыми щыщкъым, ар и лIым хуэжыIэщIэу щытын хуейщ, хуитыныгъэ лъэпкъи иIэкъым.

Абы къыхэкIыу, щхьэгъусэ сызыщIынур ислъамым къыщысхутепсэлъыхьым, жиIэхэм сфIэмыфIурэ седаIуэрт.

Сэ сигу ирихьыжырт си псэукIэр. Сэ къызгурыIуэну сыхуейтэкъым икIи гу зылъытапхъэу къэслъытэртэкъым абы къысхуригъэкIуэкIхэр.

Ауэ сымыщIэххэу сайт Islam.ru-м сыщытехуэм, сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ – сыт ислъамыр зи щIысыр ипэжыпIэкIэ? Арати, мазищым къриубыдэу сэ къызгурыIуащ а диныр зыхуэдэр.

Си щхьэгъусэм и Iыхьлыхэм сащыхуэзэкIэ, сэ икъукIэ сриукIэрт си теплъэм: си кIэр кIэщI дыдэу, си гъуэншэджыр, жэрумэ къузам хуэдэу, схуэзэву, си щIыфэм и нэхъыбэр къыщIэщрэ, IэлъэщIи стемылъу; ауэ щыхъукIи, абы и унагъуэм исхэр псори муслъымэнт.

Сэ апхуэдизкIэ мащIэт си пкъым илъ фэилъхьэгъуэри, къысщыхъурт зыри щIэмыхъумауэ, атIэ псоми ущызэкIэщIэплъ хъууэ. Сэ си теплъэм  нэIурыт ищIырт хамэ цIыхухъум имылъагъупхъэ псори.

Ислъам литературэр щIэзджыкI хъуа нэужь, уэрамым цIыхухъунэ щызэгъэплъыныр, абы гулъытэ лей зыхуегъэщIыныр си жагъуэ хъууэ хуежьащ. Си Iэпкълъэпкъыр щIэзыхъумэ щыгъын щыстIэгъэным ар пэублэ хуэхъуат, ауэ а зэманым IэлъэщI зытелъхьэным сыхуэмыхьэзыр пэтми.

МазитI дэкIри, си акъылыр нэсащ IэлъэщIи зытеслъхьэу псори згъэпщкIун зэрыхуейм.

Си хъуреягъкIэ сэ сыкъэзыцIыхуу хъуар абы апхуэдизкIэ къигъэуIэбжьати, къагурыIуэртэкъым си гъащIэм апхуэдэу зыкъыщIызэридзэкIар. А зэманым сэ сыдэкIуакIэт диным къысхутепсэлъыхьу щыта щIалэм, зы псалъэу жыпIэмэ, ислъамыр къэсщтэнымкIэ «къуаншагъ» псори зыбгъэдэлъым.

Дэ дызэрызэрыгъэцIыхуа ди зэхуэдэ ныбжьэгъухэр, иужькIэ наIуэ къызэрыхъуамкIэ, хуеиххэтэкъым ауэ жыжьэуи дэ дызэпсэлъэну, дызэIущIэну. Сэр щхьэкIэ абыхэм, хэбгъэзыхьмэ, псалъэ мыгурыхьхэри жаIэфат, ауэ IэлъэщI зэрызэтеслъхьар икIи нэмэз зэрысщIыр къащIа нэужь, абыхэм я еплъыкIэм зэрыщыту зихъуэжащ. Зы щIалэ, уеблэмэ, и щхьэ фIиудыжурэ жиIат: «Ар сщIамэ, сэ къэсшэнт ар фызу».

Абы япэкIэ къэзгъэщIа гъащIэр къапщтэмэ, сэ зэпымычу сригузавэрт си теплъэм, си щыгъыныр зыхуэдэм. Иджыпсту сэ къызгуроIуэ си лIым фIэкIа нэгъуэщIхэм я Iуэху къызэрысхэмылъыр, сызэгупсысри абы и пащхьэ сыщыдэхэнырщ. Уэрамым сыдыхьэу щытмэ, сэ сыщIэхъумащи, абыкIэ хъума сохъу: зыми си Iэпкълъэпкъыр хьэпшып пэлъытэу зэпиплъыхьыну хузэфIэкIыркъым, цIыхухъухэм ящыщу зыри къыстепсэлъыхьыфынукъым сэ, сыту жыпIэмэ узытепсэлъыхьын ялъагъуркъыми.

         Сэ сигурэ си щхьэрэ икъукIэ нэхъ зэтелъщ иджы. Сэ къызгурыIуащ псом нэхърэ нэхъыщхьэр – дыкъэзыгъэщIа Алыхьыр хэхауэ хуэсакъащ бзылъхугъэм, сыту жыпIэмэ абы къритащ цIыхухъум къримыта ефIэкIэныгъэхэр, икIи ахэр хъумэн хуейщ. IэлъэщIышхуэк1э цIыхубзым ихъумэригъэпщк1унхуейилъапIэныгъэхэмязакъуэкъым, атIэабык1эабыехъумэнэхъыщхьэжыр – и нэмысыр, и щIыхьыр.