Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Мухьэррэм мазэм ехьэлIауэ

15.10.2015
Еджауэ 6 693

Иджыпсту дызыхыхьауэ дызыхэт Мухьэррэм мазэмкIэ муслъымэн илъэсыщIэр къиублащ.

Мы мазэр адрейхэм къахигъэщу бегъымбар лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым, абы “Алыхьым и мазэ” фIищауэ хьэдис пэжхэм къыщокIуэ. (Муслим: 1163).

КъинэмыщIауи, иджыпсту дызэрытыр Хьэрэм мазэхэу, Аллаху Тэгьалам зи гугъу ищIахэм (Iэт-Тэубэ: 36), хебжэ. Хьэрэм мазэхэри, Бухъарий (2958) къиIуэтэж хьэдисым къызэрыхэщымкIэ, ахэр: Зул-Къэгьдэ, Зуль-Хиджджэ, Мухьэррэм, Рэджэб мазэхэращ. 

Мазэхэм я гугъу ищIу, Хьэрэм мазэхэри щхьэхуу къыхигъэщыжа нэужь, Алыхь Иным мыпхуэдэу жеIэ: Абыхэм фыхэту фи щхьэ лей евмыхыж (гуэныхь влэжьу, жыIэмыдаIуэ фыхъуу)“. (Iэт-Тэубэ: 36).

Къэтадэ щIэныгъэлI иным, Алыхьым и рэхьмэтыр зылъигъэсыным, жеIэ а аятым ехьэлIауэ: “Хьэрэм мазэхэм ирихьэлIэу IуэхуфI ялэжьым и псапэр нэхъ ин мэхъу, лей зрахьари нэхъ леишхуэ щохъу. Лей зехьэныр, гуэныхь къэхьыныр сыт щыгъуи Iуэху цIыкIу фэкIуу щыткъым, ауэ Алыхьым зыхуейм нэхъ мыхьэнэшхуэ иретри – Алыхьым мыхьэнэ зритам фэри ефт…”. (Тэфсир Ибн Кэсир: 4\148). 

Мы мазэм и лъапIагъыр нэгъуэщIу къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым, жиIар: Рэмэданым иужькIэ унэщIыну щынэхъыфIыр Алыхьым и мазэ Мухьэррэмращ. (Муслим: 1163). 

Алыхьым и мазэм щыблэжьыну нэхъыфI дыдэу щыIэр Езы Алыхьым хухэха дыдэу щыт лэжьыгъэращ. Ар – нэщI Iыгъынращ. Мис а гупсысэр Ибн Рэджэб щIэныгъэлI цIэрыIуэм, Алыхьым и рэхьмэтым зылъигъэсыным, къыхихащ нетIэ дыкъызэджа хьэдисым. (Ибн Рэджэб “ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф” 77-82).

Мухьэррэм мазэм ущытепсэлъыхькIэ Iэмал иIэкъым и гугъу умыщIынкIэ зы Iуэхугъуэ гуэрым:

ЦIыху цIыкIур къызэригъэщIрэ пцIымрэ пэжымрэ зэныкъуэкъуу, Алыхьым бгъэдэтхэмрэ шейтIаным хуэлажьэхэмрэ зэпэщIэту къогъуэгурыкIуэ.

Къемэт махуэр къэсыхукIи ар апхуэдэу щытынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ар Алыхьым мы дунейр зэрызэтриухуа хабзэхэм ящыщщ, абы Iущыгъэу хэлъым щыщу дэ къыдгурымыIуэу щыIэр къыдгурыIуэм нэхърэ нэхъыбэщ.

Лейзехьэхэр, залымхэр, цIыху Iейхэр зы напIэзыпIэм Аллаху Тэгьалам игъэкIуэду щIым хигъэкIуэдэжыфынущ, ауэ Алыхьым цIыху IейхэмкIэ цIыхуфIхэр егъэунэху; цIыхуфIыгъэм хуэпабгъэхэм я пэжагъыр, я шыIэныгъэр, яхуэщIэр абыкIэ утыку Iуэху къещI.

А зэрызехьэ-зэрызекъуэм ехьэлIауэ КъурIэн лъапIэм хъыбар куэд итщ. Абыхэм ящыщщ Мусэ бегъымбар лъапIэмрэ фиргьэун хъийм икIамрэ я зэхуаку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр.

ТIощIрэ пщIым нэблагъэкIэ къытригъэзэжурэ къыщокIуэ а хъыбарыр КъурIэным. Нэхъыбэ дыдэу хъыбар къытезыгъэзэжу КъурIэным итри аращ.

Абы и щхьэусыгъуэри, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ди бегъымбар лъапIэр, Мухьэммэд гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр зыхэт бэлыхьхэмрэ Мусэ гьэлейхис-сэламыр зыхэтахэмрэ егъэлеяуэ зэрызэщхьрат. Абы ипкъ иткIэ а хъыбархэр лIыкIуэ лIапIэм, e, щапхъэфI хуэхъут, тегъэупIи хуэхъут лей къытехьэхэм ехьэлIауэ.

Дерс хэпхынуми, угупсысэнуми, щапхъэ ухуейми Мусэ и хъыбарым къыхэпхыфынущ узыхуейр. Хъыбар къызэрыгуэкIыу бломыгъэкIыу утIысу бджыж хъунущ ар щхьэхуэу. Ауэ нобэ дэ ди хъутIбэм ар къытхуегъэубыдынукъым.

Иджыпсту дэ къыхэдгъэщыну дызыхуейр: апхуэдиз бэлыхьым Алыхьым къыхихыу Мусэ игум жьы щыдихужар иджыпсту мазэ дызэрытым и епщIанэ махуэращ. ЕпщIанэ махуэр нэгъуэщIу жыпIэмэ “ГьашураI” махуэщ, адыгэм “IэшрыI” жаIэ.

НтIэ дэ ди диныр дауэ хущыт а махуэм, сыт хуэдэ гулъытэхэри хуищIрэ? Абы кIэщIу, Алыхьым жиIэмэ, и гугъу тщIынщ къык1элъык1уэ хъутIбэм.

Гу  лъумытэу къанэкъым икIи хьэлэмэтщ мы мазэ дыдэм ирихьэлIэу дэ ди бегъымбар лъапIэри, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр, лей къытехьэм Алыхьым къыхихыу Мэдинэ къалэм Iэпхъуэну къару къызэрыритар.

Бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр,  Мэдинэ мыIэпхъуэ ипэкIэ къинэщIу щытат Мухьэррэм мазэм и епщIанэ махуэр, ауэ абы Iэпхъуа нэужь журтхэми ар къанэщIу ядилъэгъуати, яупщIащ ар къызыхахымкIэ. “Мыр махуэшхуэщ, жаIащ абыхэм, мыбы ирихьэлIэу Алыхьым Мусэрэ абы и лъэпкъымрэ къригъэлащ, фиргьэунымрэ абы и лъэпкъымрэ псым щIригъэлъэфащ. Абы и фIыщIэ ищIу Мусэ а махуэр къинэщIащи дэри къыдонэщI”. Ар щызэхихым Мухьэммэд лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым:Фэ нэхърэ Мусэ дэ нэхъ тхуэфащэщ икIи нэхъ тпэгъунэгъущ, жиIэри езыми ар къинэщIащ, мыдрейхэми ар къанэщIыну унафэ ищIащ. (Ар итщ Бухъарийрэ Муслимрэ я хьэдис тхылъым).

Рэмэдан мазэр къэнэщIыныр фарз иджыри щымыхъуам щыгъуэ IэшрыI махуэм нэщI пIыгъыныр уаджибу щытащ, ауэ иужькIэ Суннэ муIэккэдэуэ диным къыхэнащ.

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ Ибн Iэл-Къэйим жиIащ: “IэшрыIым ирихьэлIэу нэщI Iыгъыныр щыуэ зэтетщ: я нэхъ нэгъэсар, я нэхъыфIыр: епщIанэм ипэ къиту зы махуэ, иужьым къитуи зы махуэ дэнэщIынращ. Абы къыкIэлъыкIуэр: ебгъуанэмрэ епщIанэмрэ къыздэнэщIынращ, нэхъыбэ хьэдисри апхуэдэущ къызэрыкIуэр. Абы къыкIэлъыкIуэр: епщIанэм и закъуэ къэбнэщIынращ”. 

Иман пэж Алыхьым къыдити лэжьыгъэфI длэжьхэри къабылу тIих! ДунеягъэкIи ахърэткIи насыпыфIэ хъунухэм Алыхьым дахибжэ!