УпщIэ: Салам алейкум ди къуэш лъапIэ. ЦIыхур щылIэм деж шейтIан къыхуокIуэр къигъэпцIэну хуейуэ, ар къыщIыхуэкIэм и мыхьэнэр сыт, абы муслъымэныр щыхъума?
Жэуап: Уалейкум сэлам. ЦIыхум и псэхэкIыгъуэм деж шейтIаныр къыхуэкIуэу къызыхэщ аят е хьэдис пыухыкIауэ щыIэкъым, ауэ занщIэу ар абыхэм къахэмыщ пэтрэ, къэкIуахэм ухэгупсысыхьмэ, абы лъабжьэ гуэр зэриIэр къыбгуроIуэ.
Муслим и хьэдис тхылъым Джабир رضي الله عنه-м къиIуэтэжауэ итщ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къыбгъэдэкIа псалъэр: «Сыт хуэдэ Iуэху фыхэтми, абдежым шейтIаныр къырохьэлIэ…».
ЩIэныгъэлIхэм я псалъэм къызэрыхэщымкIэ, цIыхур апхуэдэ гузэвэгъуэм щыхэтым деж шейтIаныр и нэгум къыщIоувэ цIыхум нэхъ пщIэ зыхуищI гуэрым и сурэтым иту, чэнджэщэгъу къыхуэхъуну, мурадыфIхэр иIэ хуэдэу зищIу. ИкIи хузэфIэкIыр къимыгъанэу цIыхур зэрыщигъэуэн, диным зэрытришын Iэмал зэрехуэ. Апхуэдэ гуэр къытщымыщIын папщIэщ мы аятым хэт дугьэми дыкъыщIеджэр:
«رَبَّنَالاَتُزِغْقُلُوبَنَابَعْدَإِذْهَدَيْتَنَا»
«Ди Тхьэ, гъуэгу захуэм дытепша нэужь абы дытомышыж…». (Iал Гьимран, 8).
КъызэраIуэтэжымкIэ, имам Ахьмэд رحمه الله и псэ еджэу зыдытелъым, къэмэхт зыкъищIэжти, и IэмкIэ «хьэуэ иджыри» къикIыу зыгуэрхэр къигъэлъагъуэт. – Уэ ди адэ, сыт абы къикIыр?, — жиIэри и къуэ Гьэбдуллах еупщIати, — «ШейтIаныр къызбгъэдэтщ и Iэпэм йодзэкъэжри «Уей Ахьмэд усIэщIэкIам» жиIэурэ, сэри: «Хьэуэ иджыри, хьэуэ иджыри» жызоIэ, си псэр хэкIыпакъыми…». (Iэл-Хьуджджэ фи бэян Iэл-мэхьэджджэ).
НэгъуэщI щIэныгъэлIхэми апхуэдэ гуэрхэр къадэхъуауэ къаIуэтэж.
«ГъащIэм и фитнэми, лIэныгъэм и фэитнэми» сыщыхъумэ жиIэу къызыхэщ хьэдисми зыгуэркIэ къегъэлъагъуэ, псэ хэкIыгъуэм и деж гъэунэхугъэ гуэр цIыхум къызэрыдэхъур.
Уэллаху Iэгьлэм.