Муслъымэн жэмыхьэт! Имам Муслим и тхылъым итщ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Абу Хурейрэ къиIуэтэжа мы хьэдисыр: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм жиIащ: “ЦIыхур дунейм ехыжмэ и лэжьыгъэр зэпоч (псапэ къыхуэкIуэр къоувыIэ), мы Iуэхугъуищым къыхэкIым къищынэмыщIа (ахэм къыдэкIуэ псапэр зэпымычу цIыхум хуатх): мыувыIэу ежэх сэдэкъэм, е сэбэпынагъ къызыхэкI щIэныгъэм, е быныфI къызэринэкIар къызэрыхуэлъаIуэм“.
Хьэдис дыкъызэджамкIэ бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм къыдгурегъаIуэ цIыхур дунейм зэрехыжу и псапэ къэкIуапIэхэр зэрызэпычыр, гъэунэхупIэм икIыу ищIам къыпэкIуэр щилъагъужын щIыпIэм зэрыкIуэр.
Арамэ, мы дуней гъащIэм куэд елъытащ, къэкIуэну дуней пэжым уи Iуэхур зэрыщыхъунури мы дунейм пыщIащ.
Си къуэш, уэ иджыпсту узыхэт зэманым, узытет дунейм, уиIэ зэфIэкIым щIэмыхъуэпсу зы лIа мы щIым щIэлъкъым. ЛIар цIыхуфIу дунейм тетамэ, «еууей мыгъуэ нэхъыбэ псапэ щхьэ къэзмыхьащэрэт», жеIэ, лIар цIыху Iейуэ дунейм тетамэ, ищIам хущIегъуэжу, Iэбэми лъэмыIэсыжу щIэлъщ.
ГъэщIэгъуэну къаIуэтэж хъыбархэм ящыщщ мыр: лIа гуэрхэр пщIыхьэпIэу ялъэгъуати мыр жиIащ: «Дэ, лIахэм, псори къыдгуроIуэ, ауэ зыри тхуэщIэжынукъым, фэри фщыщ цIыхуфIхэм псори къагуроIуэ, ауэ итIани ящIэр мащIэщ. Алыхьым и цIэкIэ соIуэри, ди дэфтэрым зы “субхьанэллах” псалъэр иту дрихьэлIэмэ, ар дунейми дунейм тету хъуам нэхъри мынэхъыфIмэ дэркIэ».
Мис абы иткIэ лIэныгъэм дыщIэхъуэпсыныр къытхуагъэдэхакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къызэрыхэщащи, лIэныгъэмкIэ лэжьыгъэхэр къоувыIэ, псапэ къэкIуапIэхэр зэпоч.
А Муслим дыдэ и тхылъым итщ Абу Хурейрэ къиIуэтэжа мы хьэдисыр. Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм жиIащ: “Гугъуехь гуэр фыхэхуа щхьэкIэ лIэныгъэм фыщIэмыхъуэпс. МуIминыр лIамэ и лэжьыгъэр къэувыIауэ аращ. МуIминым къигъащIэ гъащIэм фIы фIэкIа нэгъуэщI къыхихынукъым“.
Ауэ ажалыр ажалщи къэсамэ фIэкIыпIэ иIэкъым. Абы фIэкIыпIэ имыIэ пэтрэ Алыхьым и гущIэгъур гъунапкъэншэщи дылIа нэужьи псапэ къэтхьу бэрзэхъым дыщыIэфыну Iэмал къыдет.
А Iэмалхэм ящыщ зыщ “зэпымычу ежэх сэдэкъэ” жыхуаIэр. Абы и щапхъэщ мэжджыт щIыным хэплъхьэ мылъкур; тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм, хуэныкъуэхэм хуагъэкIуэдыну къэбгъанэ мылъкур. Псалъэм папщIэ, зы жыг хадэ къыбогъанэ: ящэнуи, ятынуи зыри хуимыту, атIэ а хадэм къикIыу хъуар тхьэмыщкIэхэм, е зеиншэхэм, е фызабэхэм хуагъэкIуэдыну унафэ бощI.
Зэпымычу ежэх сэдэкъэм и Iуэхур фIыуэ къызыгурыIуа щэхьабхэм ехьэлIауэ Джабир Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным жеIэ: «Мухаджир ирехъу, Iэнщар ирехъу зэпымыч сэдэкъэ къэзэзымынэкIауэ зы цIыху яхэту сэ сщIэкъым…». (Iэл-Хъэщщаф “Iэхькам Iэл-Iэукъаф”).
ЗэикI къыIэрымыхьа мылъку гуэр Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къыIэрыхьати, кIуэри бегъымбарым e-эм ечэнджэщащ нэхъыфI дыдэу ар къызэригъэсэбэпынум ехьэлIауэ. ЛIыкIуэ лъапIэми абы чэнджэщу къритащ а мылъкур “уэкъфу” къигъэнэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мылъкур зыщIыпIи мыкIуэу ипIэ иту, ауэ абы къыхэкIыр Алыхьым и гъуэгукIэ ягъэкIуэду, псапэ IуэхукIэ къагъэсэбэпу.
Уэкъфым щыщщ дин тхылъыфIхэр требгъадзэу бгуэшыныр, гъуэгу теплъхьэныр, цIыхум псы къахуэпшэныр… н.къ.
ЕтIуанэ Iэмалу уи гъащIэр нэхъ кIыхь зэрыпщIынур: цIыхухэм сэбэп яхуэхъун щIэныгъэ къызэбнэкIынращ. Апхуэдэ щIэныгъэм я нэхъыщхьэ дыдэри дин щIэныгъэращ: КъурIэным тещIыхьар, хьэдисхэм къыхэхар.
ЩIэныгъэ къызэбнэкIын папщIэ щIэныгъэ убгъэдэлъын хуейщ. Аращи, а фIыгъуэм ухиубыдэн папщIэ езэш умыщIэу щIэныгъэм упэрытын хуейщ. Абы иужькIэ ар цIыхухэм ебгъэщIэжурэ, абы ехьэлIауэ тхылъхэр птхыурэ уи цIэр тхыдэм къыхэнэнщ, псапэри зэпымычу къыпхуэкIуэу бэрзэхъым “ущыпсэунщ”.
ЛIа пэтрэ псэу пэлъытэу къытхэту щIэныгъэлI дапщэ ди бзэгупэм телъ дэ? И цIэр зэхэтхыхукIи, «Алыхьыр гущIэгъукIэ зыхуэупсэн», жытIэурэ дыхуэлъаIуэу?!
Мыбы хеубыдэ хабзэ дахэ гуэр цIыхухэм къебгъэублэныр, фIым къыхуебджэныр, псапэ къэхьыпIэ гуэр ягу къэбгъэкIыныр.
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Мыбэлэрыгъыу зи ахърэт къэкIуэным телэжьэн муслъымэн Алыхьым дищI!
ЕтIуанэ хъутIбэ
الحمْدُ لِلَّهِ الْعَلِيِّ اْلأَعْلَى ، الْكَامِلِ فِي اْلأَسْمَاءِ الْحُسْنَى ، وَالصِّفَاتِ الْعُلَى ، رَبِّ السَّمَاوَاتِ وَاْلأَرْضِ رَبِّ اْلآخِرَةِ وَاْلأُولَى …
Муслъымэн жэмыхьэт! Ещанэ Iуэхугъуэу лIэныгъэ нэужьми узыгъэпсэнур: бын гъэса уи щIыбагъ къыдэбнэнращ.
Бын гъэсар, дин зыхэлъыр къыпхуэлъаIуэмэ, уэр папщIи духьэ ищIмэ – ар къыплъоIэс, абы и сэбэпи къокI.
КIуэ дауикI уи бын дыдэр мыхъуми нэгъуэщI къыпхуэлъаIуэми абы и сэбэп къокIынущ, Алыхьым жиIэмэ, ауэ быныр нэхъ къыщIыхигъэщыр, Тхьэм нэхъ ещIэри, бынращ нэхъ куэдрэ зигу укъэкIынур. ИтIанэ уэ уи кIуэцIым къикIа быныр къыщыпхуэлъаIуэкIэ уэ езы дыдэр улъаIуэм хуэдэ мэхъу.
КъинэмыщIауи, мыр зэхэпха нэужькIэ уи быным я гъэсэныгъэм нэхъ уегугъуну утрегъэгушхуэ. Гъэсэныгъэращ дунеягъэкIи ахърэткIи насып къызыдэкIуэр.
Си къуэш, уи быным нэхъыфI дыдэу хуэпщIэфынур мылъку гуэр къыхуэбгъэнэнракъым, къулыкъу хузэбгъэпэщынракъым, атIэ гъэсэныгъэ бгъэдэплъхьэнращ.
Зы кIэпIейкIэ уи быным къахуумыгъэнами, гъэсэныгъэ ябгъэдэплъхьамэ, щIэныгъэ ябгъэгъуэтамэ – абы яхуумыщIа щыIэкъым. Ауэ гъэсэныгъэншэу икIи щIэныгъэншэу мылъку къахуэбгъанэрэ дунейм уехыжмэ – уэ уи быным йомыщIа щыIэкъым.
ЩIэныгъэлIышхуэ Iэн-Нэуэуий етх мы хьэдисым ехьэлIауэ: “Быныр адэ-анэм папщIэ хуэлъаIуэмэ, абы я лъэIур Алыхьым яIихыну гугъэшхуэ щыIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Езы Алыхь ХэIэтыкIам унафэ къыхуищIащ быным и адэ-анэм яхуэлъэIуэну: “وَقُل رَّبِّ ارْحَمْهُمَا كَمَا رَبَّيَانِي صَغِيراً”
“ЖыIэ: си Тхьэ, къахуэщI гущIэгъу а тIум, сыщыцIыкIум сызэрапIам папщIэ“. (Iэл-IисраI, 24).
Аращи, си къуэш, умыбэлэрыгъ уи адэ-анэм уахуэлъэIуэн теухуауэ. Псэууэ къыпщхьэщытхэми яхуэлъаIуэ, къыпщхьэщымытыжхэми яхуэлъаIуэ. Апхуэдэ хьэл дахэ пхэлъмэ, уэри апхуэдэ къыпхуэзыщIэжын уи яужь Алыхьым къринэнущ. Алыхьым зыри игъэкIуэдкъым, Алыхьым зыри щыгъупщэкъым.