Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дызэкъуэвгъэт

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэхэм я пэублэхэм дэ щIэх-щIэхыурэ дыкъоджэ мы аятым:

(يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا اتَّقُوا اللَّهَ حَقَّ تُقَاتِهِ وَلَا تَمُوتُنَّ إِلَّا وَأَنْتُمْ مُسْلِمُونَ)

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! ЩышынэкIэ пэжкIэ Алыхьым фыщышыни, муслъымэну фIэкIаи фымылIэж!». (Iал Гьимран, 102).

Мы аят лъапIэмкIэ Алыхь Иным дыкъыхуреджэ тхьэшынагъэ зэхэтлъхьэну, а зэхэтлъхьами дыхуэпэжыну, дыпсэухукIи абы дытемыкIыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур зэрыпсэуам хуэдэущ зэрылIэжынури, зэрылIэжам хуэдэущ къызэрагъэтэджыжынури.

ЩышынэкIэ пэжкIэ Алыхьым зэрыщышынэ щIыкIэр Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه зэпкърехыж. «Ар, — жеIэ абы – зэикI Алыхьым жыIэмыдаIуэ ухуэмыхъуу убгъэдэтынращ, зэикI пщымыгъупщэу и цIэр уи гум илъын, уи жьэм жьэдэлъынращ, и фIыщIэр зэикI пщымыгъупщэнращ».

Аращ дауикI хуэфэщэжыр ди Тхьэ лъапIэм, ауэ дэ Абы зэрыхуэфащэ дыдэм хуэдэу дыбгъэдэтыфынукъым дауикI, атIэ абы дэ ди Iыхьэу хэтлъхьэнум теухуауэ къокIуэ нэгъуэщI аят: «فَاتَّقُوا اللَّهَ مَا اسْتَطَعْتُمْ»«ЗэрыфлъэкIкIэ фыщышынэ Алыхьым». (Iэт-Тэгъабун, 16).

Тхьэшынагъэм дыкъыхуриджа нэужь, Аллаху Тэгьалам нэгъуэщI зы Iуэхугъуэшхуэ гуэрым дыкъыхуреджэ. А Iуэхугъуэшхуэр Ислъам диным и лъабжьэхэм, нэхъыбэ дыдэу ди Тхьэ ЛъапIэм зытригъэчыныхьхэм ящыщщ.

КъокIуэ адэкIэ мы псалъэхэр: «وَاعْتَصِمُوا بِحَبْلِ اللَّهِ جَمِيعًا وَلَا تَفَرَّقُوا» — «Алыхьым и кIапсэ [фызэпызы­щIэр] быдэу фIыгъ, фызэкIэ­щIэмыкI». НэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхьым и диныр зэгъусэу зэдэфIыгъ, гуп-гуп зывмыщIыж, жыхуиIэщ.

Тхьэшынагъэмрэ, зэкъуэтыныгъымрэ зэгъусэу мыбдежым ауэ сытми къыщыкIуэкъым. ЦIыхур Тхьэм нэхъ щыщышынэфри, и диныр нэхъ екIуу щызэрихьэфри гупым щахэтым и дежщ.

Абы и щхьэр течыпауэ къыхощ хьэдис пэжми. ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: «Гупым фахэт, закъуэныгъэм фыщышынэ. Пэжращи, шейтIаныр зи закъуэм и гъусэщ, цIыхуитIым нэхъ япэжыжьэщ». (Тирмизий).

Ущызэкъуэтым и дежщ дин Iуэхури, дуней Iуэхури щыкIуатэр. УщызэкъуэкIым и дежщ дин Iуэхури, дуней Iуэхури щекIуэтэхыр.

Анэс ибн Малик رضي الله عنه къеIуэтэж, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Жагъуэу фызэрымылъагъу, зыр зым фемыфыгъуэж, зыр зым фемыбзэджэкI, атIэ зэкъуэшу Алыхьым и пщылIу фыщыт. Махуищ нэхъыбэкIи муслъымэным и къуэш муслъымэныр ибгынэну хуиткъым». (Ахьмэд).

Зэкъуэтыным апхуэдизкIэ диным трегъэчыныхьри, уеблэмэ цIыхуищ гъуэгум зыдытехьамэ, зыр унафэщIу хахыну къыхуреджэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, унафэщIыншэу зэкъуэтыныгъи, зэгурыIуэныгъи щыIэкъым.

Гъуэгуанэр цIыхум и гъащIэм къызэрыхэхуэр зэзэмызэщ, нэхъыбэм и унэм исыжщ. А зэзэмызэ къэхъум деж апхуэдизу зэкъуэтыныгъэм дыкъыщыхуриджэкIэ, ди унэ жьэгу дыщыдэсыжкIэ абы и Iуэхур нэхъ ткIииж ищIынущ диным.

Нэмэзыр жэмыхьэту тщIыным щIытригъэчыныхьри а щхьэусыгъуэращ. Уеблэмэ, мэжджытым пэблагъэу псэухэм я нэмэзыр мэжджытым щамыщIамэ, ар нэмэз мыхъуауэ ебж.

Абу Сэгьлэбэ رضي الله عنه къеIуэтэж: гъуэгу тету Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم зы щIыпIэ деж щепсыхамэ, щэхьабэхэр адэкIэ-мыдэкIэ зэбгрыкIауэ тIысхэти, Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم къажриIащ: «Мы къуэхэм адэкIэ-мыдэкIэ зэбгырыдзауэ фызэрыдэсыр къызыбгъэдэкIыр шейтIанырщ». Абы иужькIэ щэхьабэхэр дэнэ деж къыщымыувыIами гъунэгъуу зэбгъэдэтIысхьэхэт, зэкIэщIэтIысхьэхэт, уеблэмэ зы щыгъын кIапэ ятебубгъуэмэ ятехуэну. (Абу Дауд). Апхуэдизу жыIэдаIуэт а цIыху лъапIэхэр.

Ибн Тэймийе رحمه الله етх: «Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم хабзэу игъэуващ унафэщI нэхъыщхьэр зыуэ щытыну, жумхьэми, гьидитIми, уэшх нэмэзми, шынагъэм къыхэкIыу ящI нэмэзми и имамыр зыуэ щытыну. Шынагъэ нэмэзым деж имамитIым нэмэзыр дэпщIмэ, нэмэзыр нэмэзым нэхъ ещхьу къэнэж пэтрэ, зы имамым егъэщIылIауэ ищIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, имамхэр тIу хъумэ гухэр зэбгъэдэкIынкIэ, гупсысэхэр зэкIэщIэкIынкIэ шынагъуэт.

Муслъымэн жэмыхьэт! Япэм къэхъуари, нобэ къэхъури щыхьэт тохъуэ зэгурымыIуэныгъэм насыпыншагъэу къыздихьым.

Гупым, жэмыхьэтым депхауэ дывгъэпсэу, ди зэкъуэтыныгъэр къэзыкъутэну хэт яужь ихьэми хуэдвмыгъадэ, псалъапIи IуэхущIапIи едвмыгъэт. Дызэкъуэшу Алыхьым дыхуэвгъэлажьэ!