Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Ину дыкъэзыгъэщIауэ дызыгъэлIэжынум, абы иужькIэ дыкъэзыгъэхъужу хьисэп дызыщIыжынум дыщывгъэшынэ. Гузэвэгъуэми, нэщхъеягъуэми хущхъуэгъуэ нэхъ ину яIэр тхьэшынагъэрщ.
Алыхь Иным жиIэм девгъэдаIуэ:
“كُلُّ نَفْسٍ ذائِقَةُ الْمَوْتِ وَنَبْلُوكُمْ بِالشَّرِّ وَالْخَيْرِ فِتْنَةً وَإِلَيْنا تُرْجَعُونَ”
«Псэ зыIут псоми лIэныгъэр яIурыхуэнущ. Дэ фэ фIыкIи IейкIи фыдогъэунэху (зэм фи Iуэхур тынш дощI, зэм гугъу дощI, зэм узыншагъэкIэ дыфхуоупсэ, зэм узыфэр къывыдогъэуалIэ, зэм мылъку фыдот, зэм мылъкуншэ фыдощI, а псом иужькIи) ди деж къэвгъэзэжынущ (хьисэпи фытщIыжынущ)». (Iэл-IэнбияI, 35).
ИкIи аращ гъащIэр зэрызэхэлъыр. Зым тету зыри екIуэкIкъым, зы махуэм и кIуэцIкIэ зэхъуэкIыныгъэу мы дунейм къыщыхъур куэдыкIейщ, цIыху щхьэхуэри нэху къызэрекIамрэ жэщ къызэрытехъуамрэ зэхуэдэкъым.
Зэм мэгуфIэ, зэм мэнэщхъей; зэм зыгуэр гъусэ къыхуохъу, зэм и гъусэр фIокIуэд; зэм гугъу йохь, зэм мэтынш; зэм узыншэщ, зэм сымаджэщ.
Ауэ сыт хуэдэу мыхъуами, муслъымэным сытми зы фIы гуэр къыхехыф, и псапэхэр егъэбэгъуэф, и пщIэр Алыхьым и деж щеIэтыф.
ЦIыхум и хъейр зыхэлъыр езым ищIэжкъым. А нэхъ и жагъуэ дыдэ Iуэхуми имыщIэххэу зэрыунэн Iуэху къыхэкIынкIэ хъунущ. Жэнэт лъапIэри цIыхум фIэмыфI IуэхугъуэхэмкIэ къэхъуреихьащ.
Апхуэдэу Iуэхур зэрыщытыр хьэкъыу зыпкъырыхьа Гьумэр رضي الله عنه-м жиIэу щытащ: «Сыт хуэдэу нэху сыкъекIами къысфIэIуэхукъым сэ: зэрысфIэфIым хуэдэу, хьэмэрэ зэрысфIэмыфIым хуэдэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ сщIэкъым си хъейр нэхъыбэу зыхэлъыр дэтхэнэрами».
Зэ еплъыгъуэкIэ дэ тфIэмыфIу, ауэ ди дин IуэхукIи ди дуней IуэхукIи хъейрышхуэ къызыдэкIуэхэм ящыщщ: сымаджэ цIыхур хъуныр.
Аллаху Тэгьалам егъэлеяуэ Iущыгъэ куэд хилъхьащ цIыхум узыфэ къеуалIэхэм. Ар къызыгурыIуэм къыгуроIуэ, къызыгурымыIуэм къыгурыIуэкъым.
Аращ عليه الصلاة والسلام-щIыжиIэр: «Уз къызэуалIэу хъужа мунафикъыр, ирапхыу иужькIэ яутIыпщыжа махъшэм ещхьщ; щIырапхари, щIаутыпщыжари къыгурымыIуауэ». (Абу Дауд).
Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله узыфэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэр и тхылъ «ШифаI Iэл-Гьэлил»-ым къыщрибжэкIыурэ щэм фIигъэкIащ.
ГъэщIэгъуэну абы гу зылъитахэм ящыщщ мыр: «ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым уз гуэр зэхимыщIауэ, гугъуехьи имышэчауэ, и гури и псэри узыншэнукъым, а тIур быдэу зэпыщIащ»,- жеIэ щIэныгъэлIышхуэм.
Ар къыдгурегъаIуэ Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м и псалъэм: «Джаурыр и IэпкълъэпкъкIэ псом нэхърэ нэхъ узыншэми, игукIэ псом нэхърэ нэхъ сымаджэщ; муслъымэныр IэпкълъэпкъкIэ псом нэхърэ нэхъ сымаджэми, и гукIэ псом нэхърэ узыншэщ. Уэллахи, — тхьэ еIуэ абы – фи гухэр сымаджэу, ауэ фи Iэпкълъэпкъхэр узыншэу фыщытамэ, цIывым пщIэ иIэр фыщимыIынт Алыхьым деж».
Узым цIыхур егъэгузавэри гузэвэгъуэр щхьэщызыхым и лъэIур бгъэделъхьэ, гу къабзэкIэ и Тхьэм зыхуегъазэ. Уэхб ибн Мунэббих, رحمه الله, зэрыжиIауэ: «Гузэвэгъуэр къохри, цIыхум дугьэр къыхеху».
Абы и фIыгъэкIэ цIыхур Алыхьым щыгугъыу, и гугъэр Абы бгъэдилъхьэу, и лъэIури Абы и деж игъазэу мэхъури, иманым и IэфIагъ дыдэр зэхищIэу мэхъу. Апхуэдэ щытыкIэм уихьэныр узыр хъужыным нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIщ.
ЯпэIуэкIэ псэуа зы цIыхуфI гуэрым и лъакъуэр Iейуэ къеузати, абы щхьэкIэ щIыкIэншэу зищIакъым икIи щэIуакъым, атIэ къыпыгуфIыкIри, «Алыхь Iуэхущ псори», жиIэри ежьэжащ.
Дауэ пхуэшэчрэ а уз хьэлъэр? жаIэу щеупщIым, — «Абы къыдэкIуэну псапэм и IэфIагъым сегупсысри, узым и гуащIагъыр абы сщигъэгъупщащ», — жиIащ лIы Iущым.
Абы дигу къегъэкIыж Билал رضي الله عنه-м и псалъэхэр. Къурейшым уагъэшэча къомыр дауэ пшэчыфа?-, жаIэу Билал رضي الله عنه къыщеупщIым: «Иманым и IэфIагъыр гьэзабым хэзэрыхьри, гьэзабым и гуащIагъыр иманым игъэткIуащ!», — жиIащ Билал.
ДэнэкIэ дымыгъазэми гъэунэхупIэщ гъащIэри, екIуу гъэунэхупIэм къикIын муслъымэн Алыхьым дищI! ГъэунэхупIэм я нэхъ инри псэхэкIыгъуэращи, напэ хужькIэ абы блэкIыныр насып Алыхьышхуэм тхуищI!