Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Урыху хъутIбэр

30.07.2017
Еджауэ 2 617

ФIыщIэр Алыхьым ейщи, фIыщIэ Абы худощI; псори къэзыгъэщIам, тщIэуэ хъуар къыдэзыгъэщIам, ди хъейр зыхэлъу хъуам дыхуэзыузэщIам!

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри гуапэу къырихыну дыхуолъаIуэ, лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, муслъымэну дунейм тетым я напIэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Жэмыхьэт махуэ, гуп махуэ Алыхьым ищ1ынхэ! Нобэ джумгьэ махуэ лъап1эм, Алыхьым ф1ыуэ илъагъу унэм, мэжджытым, дыщызэхуэсащ, Алыхьым ф1ыуэ илъагъу 1уэхугъуэ длэжьынуи, ди нетыр къабзэу, ди гухэлъхэр ф1ым, хъейрым хуэгъэзауэ Алыхьым къытхущ1игъэк1, мы зэхуэсми хъейр Алыхьым къыдигъак1уэ!

Аллаху Тэгьалам езым щыжи1а щ1ып1эм ирахьэл1эу, щыжи1а зэманым ирырагъэхьэл1эу къек1уэк1 зэхуэсым нэхъыф1и, нэхъапи, нэхъыщхьи щы1экъым.

Алыхьым нэхъыф1 дыдэу илъагъу 1уэхугъуэращ нэхъ тк1ийуэ къалэн ищ1ри. Ар ф1ыуэ илъагъуу щымытамэ, апхуэдизуи игъэтк1иинутэкъым.

Ар къызыгуры1уэм диным и зехьэк1эр къыгуры1уауэ аращ, абы и 1уэхур зэгъэзэхуащ, и гъащ1эр гъэпсащ. Аращ «ц1ыху зэп1эзэрыт» жыхуа1эри.

Ауэ ар къызыгурымы1уэм и дуней 1уэхури и ахърэт 1уэхури зэхэзэрыхьауэ, уеблэмэ зэгъэндзэк1ауэ и гъащ1эр ехь. Ар ц1ыху зэп1эзэрыткъым.

И насыпщ цIыху зэпIэзэрытым, жьы къепщэм иримыудым, фитнэ къежьэм зэблимыхум, пэжым темыкIыу уардэу гъащIэ гъуэгур хэзыгъэщIым.

Зи щхьэ хуимытыжыр нэгъуэщIми хуитынукъым, зи щхьэ и  унафэ зыхуэмыщIыжым нэгъуэщIми и унафэ хуэщIынукъым, ауэ зи псэм пэлъэщыжыфыр нэгъуэщIми пэлъэщынущ, нэгъуэщIми чэнджэщ гуэр иритыфынущ, ита чэнджэщми зыгуэр къикIынущ.

И гур зым тету, и акъылри зым тету, и бзэгури зым тету мэпсэу ар. Апхуэдэ дыдэуи мэлIэж! Абы хуэфэщэжуи мащэм жэуап щехьыж! Абы хуэфэщэжуи Къемэт махуэм и губгъуэ шынагъуэм итынущ, Жэхьэнэмэ лъэмыжми икIынущ, Жэнэт лъапIэми ихьэнущ.

Ар зэпIэзэрытщ мылъкум къызэгуичми, ар зэпIэзэрытщ мылъкуншагъэм и щхьэр зэгуичми, ар зэпIэзэрытщ къулыкъум я нэхъ иныр IэщIэлъми, ар зэпIэзэрытщ зыри имыIэжу уэрамым дэлъми.

ИщIэр мащIэми хыфIимыдзэжу елэжь, иIэр мащIэми щымысхьу зыгуэр хегъэкI. «Iуэхум я нэхъыфIыр зэпымычу цIыхум илэжь Iуэхугъуэращ», — жеIэ ди Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم. (Бухъарий, Муслим).

Мис апхуэдэу IуэхуфI зэпымычу илэжьурэ Алыхьышхуэм ар фIыуэ къелъагъу, къилъэгъуа нэужь Алыхьышхуэр зэрыхуей дыдэм хуэдэу зэплъым еплъу, зэдаIуэм едаIуэу, зэIусэм еIусэу, зыдэкIуэм кIуэуэ и гъащIэр мэхъу.

Абы нэсам Алыхьым и нэфI къыщыхуэпауэ аращи, сыткIэ емылъэIуами къыхуищIэнущ, сытым щымышэнами ар щхьэщихынущ, сыт хуэдэ гузэвэгъуэми къабзэу къыхихынущ.

Абы нэсыфын цIыху Алыхьым дищI! Мы гъащIэ зэрыхьэзэрийм фитнэ гуэрым дыхэмыпщIауэ, фIей гуэри къыткIэрымыпщIауэ, къабзэу Алыхьым и пащхьэ дихьэжыныр насып Алыхьым тхуищI! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам муслъымэн диныр къыдитащ мыбыкIэ ди щхьэр къедгъэлын, ди Iыхьлыхэри, гъунэгъуу къыдбгъэдэтхэри МафIэм къыIэщIэтхын папщIэ.

Ар къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм:

يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا قُوا أَنْفُسَكُمْ وَأَهْلِيكُمْ نَارًا وَقُودُهَا النَّاسُ وَالْحِجَارَةُ

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ, (уэ муслъымэнхэ, муIминхэ), фи щхьэри, фи Iыхьлыхэри къевгъэл, мафIэу цIыхухэмрэ мывэмрэ зи гъэсыпхъэу щытынум!». (Iэт-Тэхьрим, 6).

Ауэ динымкIэ укъелыфын папщIэ, абы хэпщIыкIыу е хэзыщIыкIым уечэнджэщу, диным и дахагъыр плъагъуфу, нэгъуэщIхэми ебгъэлъэгъуфу ущытын хуейщ.

Ахэр Iуэхум хэмыту диныр пхузехьэнукъым, зепхьэ уигугъэжу упсэуми зепхьэкъым, атIэ жьым узэрихьэу мылым утету аращи, абы жыжьэ унигъэсынукъым.

Мы диныр адэкIэ дгъэкIуэтэну, цIыхухэр мыбы къедгъэхъуэпсэну, дедгъэхьэхыну ди къалэнщ. «КъырихьэлIам къыримыхьэлIам лъэрегъэIэсыж» жеIэ عليه الصلاة والسلام.  (Бухъарий, Муслим).

Ауэ ар дауэ зэрытхузэфIэкIынур дэ езым диныр къыдгурымыIуэпауэ, и дахагъри и IэфIагъри зэхэдмыщIэпауэ, диныр езыр зыхуейри зыхуэмейри зэхэдмыгъэкIауэ?!

Диныр бзэгупэкIэ, щыгъын кIапэкIи, гъуэншэдж лъапэкIи, жьакIэ напэкIи зэрахьэкъым, атIэ Iуэхур куэдкIэ нэхъ куущ, ауэ икIи нэхъ тыншщ.

Нэхъ куущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, диным бзэгум жиIэ хэтщ, щыгъын щыптIагъэри абы хэтщ, жьакIэри къыщокIуэ, нэгъуэщI куэди хэтщ.

Ауэ мыбыхэм ящыщ зыр къыхэпчрэ «мыращ диныр» жыпIэ хуэдэу уэрамым укъыдэувэмэ, Iэхьлул-Китабым ятеухуауэ «Тхылъым итым и зы Iыхьэ фи фIэщ хъууэ, адрей Iыхьэр фи фIэщ мыхъуу ара?!», жызыIэ аятым ухиубыдэнущ. (Бэкъэрэ, 85).

Нэхъ тыншщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, диныр зэрыIыгъыу, зэрыщыту къызэдэпщтэмэ нэхъ зехьэгъуафIэщ. Диныр зэрыIыгъыу, зэрыщыту къызэдэпщтэмэ уэ езым уигури тыншынущ, уи Iэпкълъэпкъри тыншынущ, адэкIэ къыббгъэдэт цIыхухэри бгъэтыншынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы щIыналъэм дин Ислъамыр губгъуэ къабзэм удз цIынэр къызэрыхэжым хуэдэу къыщыхэжащ, нэр игъэгуфIэу, гури игъэгуфIэу, гугъи къуиту, мыбы нэхъ зыкъиIэтмэ псоми ди хъейр къыхэкIынущ, жыдигъэIэу.

АрщхьэкIэ зыкъэIэтыпIэ етткъым, атIэ дыхэлъэдауэ лъакъуащхьэкIэ зэхыдоутэ, дэтхэнэ зыми зы кIапэ къыпиудыну хэтщ, зыуэ щытыр зыбжанэ дощI, псоми зэдейр зыгуэрхэм зыIэщIалъхьэну яужь итщ.

Япэм гукъеуэу диIэр мэжджыт дызэримыIэр арати, иджы мэжджыт куэду диIэ хъури, дэтхэнэ мэжджытми зы дин зехьэкIэ щаукъуэдиину яужь ихьахэщ, дэтхэнэми нэхъ захуэу, нэхъ пэжу зыкъыщохъуж, ауэ езы пэжыр псоми къащыдыхьэшхыу къысщохъу!

Мы диныр псоми тхурикъунущ, псоми хэтщIыхьын дгъуэтынущ, псори мыбыкIэ Жэнэтым дыкIуэфынущ, псори мыбыкIэ Жэхьэнэмэм дыкъелыфынущ.

Хьэуэ, дэ дызыхуейхэращ Жэнэтым кIуэнур, дэ дызыхуэмейр дгъэкIуэнукъым, фIыуэ дымылъагъухэм Алыхьым гущIэгъу яхуищIыну дыхуейкъым, дэ зэрытфIэфIым хуэдэу Алыхьыр щытыну дыхуейщ.

Ауэ дауикI шэч хэмылъу мы тхьэусыхафэр зыхуэгъэзар нэхъ мащIэращ, нэхъыбэм диныр узыншэу зэрахьэ, я нэмэз ящIмэ я унагъуэр зэрапIыжын Iуэху зэрахуэ, абы къыдэхуэу я мыIуэхум хэIэбэну зэман яIэкъым.

Мис а нэхъыбэм ящыщ нэхъ мащIэри ищIыжыну, гупышхуэм къыкIэрыхуа гуп цIыкIур абы лъэщIыхьэжыну, мы ди щIыналъэ дахэм ис цIыхухэр мы дин дахэм хуэфэщэжу псэуну Алыхьым жиIэ!