Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэчыхьым и пщIэр лъагэу щыгъэтын!

27.12.2022
Еджауэ 2 639

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, цIыхухэр къэзыгъэщIу дунейм ахэр тезугуэшэжам, Iыхьлыгъэ-благъагъэкIэ ахэр зэзыпхыжам, а псоми Iущыгъэм я нэхъ иныр хэзылъхьэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам мы дунейм цIыхуу тетым, дэри дахэтыжу, зыкъытхуегъазэ мы псалъэхэмкIэ:

“يَا أَيُّهَا النَّاسُ اتَّقُوا رَبَّكُمُ الَّذِي خَلَقَكُم مِّن نَّفْسٍ وَاحِدَةٍ وَخَلَقَ مِنْهَا زَوْجَهَا وَبَثَّ مِنْهُمَا رِجَالًا كَثِيرًا وَنِسَاءً وَاتَّقُوا اللَّهَ الَّذِي تَسَاءَلُونَ بِهِ وَالْأَرْحَامَ إِنَّ اللَّهَ كَانَ عَلَيْكُمْ رَقِيبًا”.

«Уэ цIыхухэ! ФыфIэлIыкI фи Тхьэу зы псэм {Iэдэм} фы­къытезыгъэщIыкIам, и щхьэ­гъусэри {Хьэуа} езым къыхэзы­гъэщIыкIыжам, хъулъхугъэ, бзылъхугъэ Iэджэхэри а тIум къатезыгъэпщIыкIыжам. Фы­фIэлIыкI Алыхьу зи хьэтыркIэ фылъаIуэм, (фыщышынэ) благъагъэр (гъэкIуэдынми). Алыхьыр плъыру къы­фщхьэщытщ». (НисаI сурэ, I-нэ аят).

Аят лъапIэм къызэрыхэщащи, Iыхьлыгъэ-благъагъэм гулъытэшхуэ хуищIу аращ ди диным. Абы къыхэкIыу къэшэным-дэкIуэным цIыхухэр тригъэгушхуащ, нэчыхьым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр наIуэу яхузэпкърихащ, хэт сыт и къалэнми, хэт сыт и хьэкъми къагуригъэIуащ.

Нэхъыбэ дыдэу зэхущытыкIэр быдэ зыщI лъабжьэри Аллаху Тэгьалам КъурIэнкIэ къыдбгъэдилъхьащ: 

“وَعَاشِرُوهُنَّ بِالْمَعْرُوفِ فَإِن كَرِهْتُمُوهُنَّ فَعَسَى أَن تَكْرَهُوا شَيْئًا وَيَجْعَلَ اللَّهُ فِيهِ خَيْرًا كَثِيرًا”.

«ЦIыхугъэ фхэлъу абыхэм (щхьэгъусэхэм) фадекIуэкI. ЗыгуэркIэ ахэр жагъуэу флъэгъуами, фэ жагъуэу флъэгъуам фIыгъуэшхуэ Алыхьым къыфхудигъэкIуэнкIэ мэхъу. (НисаI сурэ, I9-нэ аят).

ЦIыхум и щIэныгъэр мащIэщ: пщэдей къэхъунур къэгъэнауэ, нобэ къэхъур къыщыгурымыIуэ, фIымрэ и Iеймрэ щыхузыхэмыгъэкIыр мащIэкъым. Арамэ, епIэщIэкIыу зыри ищIэ хъунукъым цIыхум, псом хуэмыдэу Iуэху куэд зэпха унагъуэ Iуэхум ехьэлIауэ.

КъинэмыщIауи, сыт и лъэныкъуэкIи уигу ирихьу мы дунейм зыри тебгъуэтэнукъым, атIэ зы лъэныкъуэр уи гум дыхьэмэ, адрей лъэныкъуэр уи гум къимыщтэу щытынкIэ хъунущи, уи гум дыхьэ лъэныкъуэм нэхъ тебгъащIэурэ зэхущытыкIэхэр пхъумэн хуейуэ аращ.

Дауэ зэромыхъумэнур «зэгурыIуныгъэ хьэлъэ» Аллаху Тэгьалам зыфIища нэчыхьыр?! Нэчыхьыр Алыхьым и цIэкIэ ятхауэ щымытами зэикI хьэрэмыр хьэлэл пхуэщIынутэкъым. НтIэ абы удэджэгу хъуну?!

Нэчыхьым и пщIэр апхуэдэу лъагэу Аллаху Тэгьалам щиIэтакIэ, нэчыхьым и купщIэр зыгъэкIуэдыж псори и жагъуэу щытынущ, псом хуэмыдэжу ар якъутэпэныр икъукIэ Аллаху Тэгьалам фIэфIынукъым.

Ар зэрыфIэмыфIращ тIэлакъыр Iыхьищу зэхэлъу, япэм иужькIи, етIуанэм иужькIи цIыхум и псалъэр къищтэжыну хуиту, зэман хэха гуэрхэри абы иIэу щIищIар…

Уеблэмэ Iуэхур апхуэдизкIэ шынагъуэщи абы и зэранкIэ цIыхур Ахърэтым насыпыншэ дыдэ щыхъункIэ хъунущ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Дэтхэнэ цIыхубзуи Iэмалыншагъэ дыдэ мыхъуауэ и щхьэгъусэм «сигъэкIыж» жиIэу зыхуэзыгъазэм Жэннэтым и мэр къыщIихьэнукъым!». (Абу Дауд).

Пэжращи, нэчыхьым и Iуэхур Iуэху джэгукъым, удэджэгуи хъунукъым. Нэчыхьыр цIыхум и щхьэ закъуэкъым зэпхар тыншу унафэ трищIэу ежьэжыну, атIэ нэчыхьым цIыхуитI зэрызэрипхым имызакъуэу, лъэпкъитIи зэрепх; адэкIэ сабий я зэхуаку къыдэхъуамэ, ахэри Iуэхум къыхэтщ, нэгъуэщIхэри, нэгъуэщIхэри…

Нтэ, ахэр псори зэщыхьэжыным, псори зыр зым хукIэщIэплъу, псоми я зэхуаку зэбииныгъэ къыдэхъуэным щхьэусыгъуэ хуохъу тIэлакъыр. Аращ ар шейтIаным апхуэдизу щIыфIэфIри, аращ ар Аллаху Тэгьалам апхуэдизу щIижагъуэри.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы унагъуи тету къыщIэкIынкъым мащIэми, куэдми псалъэмакъ гуэр зэрымылъ, зэтемыхуэныгъэ гуэри зи зэхуаку дэмылъ. Ар шынагъуэкъым, атIэ шынагъуэр абы узэрыдекIуэкIынур умыщIэнращ, мафIэ цIыкIум мафIэшхуэ къипщIыкIыу псори зэтребгъэсыхьэнращ.

ШыIэныгъэшхуэ цIыхум хэлъын хуейщ унагъуэр зэтриIыгъэфын, ар ихъумэфын папщIэ. Ар зыхыумыгъэлъынумэ къыумышэ, хъыджэбзри утыку иумышэ, цIыхухэри зэхыумышэ.

Къэшэн Iуэхум ущыпэрыхьэм дежи узэгупсысын хуейр абы тыншыгъуэу хэлъ лъэныкъуэм и закъуэкъым, атIэ апхуэдэ дыдэуи гугъуехь куэд абы зэрыпыщIам егупсыси итIанэ Iуэхум яужь ихьэ.

Унагъуэр умыкъутэнкIэ Iэмал имыIэу Iуэхур абы нэсауэ къыщыпщыхъужым и дежи зэ къызытеувыIи: щIэныгъэ зыбгъэдэлъым уи Iуэхур бгъэдэлъхьэ, гъащIэр зыгъэунэхуам ечэнджэщ, Iистихъарэ щIы, зэман гуэр дэгъэкI.

Мис апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ нобэ напэтехыу утыкум илъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ, тхьэсыхафэу адэкIэ-мыдэкIэ кърахьэкIми я бжыгъэм фIыуэ хэщIынущ, муслъымэным я напэри нэхъ тхьэщIыжа хъунущ.

Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ! Муслъымэн унагъуэ дахэ куэд Алыхьым къыдит, щIэблэ узынши Алыхьым къытщIигъахъуэ, зэхущытыкIэфIи ди зэхуаку Алыхьым къыдилъхьэ!