Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Акъылыншэхэм задомыщI!

الحمدُ للهِ ربِّ العالمينَ، الرحمنِ الرحيمِ، مالكِ يوم الدِّينِ، نشهدُ أن لا إله إلا اللهُ وحدهُ لا شريكَ له، إلهُ الأولينَ والآخرينَ، ونَشهدُ أنَّ محمدا عبدُ اللهِ ورسولُهُ المصطفى الأمينُ، أدَّبهُ رَبُّهُ بِالخُلُقِ العظيمِ، وبعثهُ رحمةً لِلعالمينَ، صلى اللهُ وسلَّمَ وباركَ عليه وعلى آلِهِ وأصحابِهِ الغُرِّ المَيامِينِ ومن سارَ على نَهجهم واتَّبعَ سبيلَهم إلى يومِ الدِّينِ. أَمَّا بَعدُ:

ФIыщIэр ейщ псори къэзыгъэщIам, гущIэгъушхуэ зыхэлъым, Къемэт махуэр зыIэщIэлъым. Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауи Абы гъусэ зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэр صلى الله عليه وسلم Алыхьым и пщылIу икIи и лIыкIуэу зэрыщытым, хьэлым я нэхъ дахэри зэрыхэлъам… 

Алыхь Иным дыщывгъэшынэ. Зыхэтлъэну щыIэм я нэхъыфIыр Алыхьым и шынагъэращ. А шынагъэращ адрей фIыгъуэ псори къызыпкъырыкIыжыр. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхухэр зы адэ-анэм япкъ къыригъэкIащ, икIи  лъэпкъ-лъэпкъыу ахэр иугуэшыжащ, зэрыщIэхэу, зэрыцIыхухэу псэунхэ папщIэ. ЦIыхуми цIыху щIыфIащыжар, нэгъуэщIхэр къицIыхуу, Iуэху ядищIэфу зэрыщытрагъэнщ. 

ЦIыхур езым хуэдэ цIыхухэм щахэтым дежщ и цIыхугъэр зыдынэсыр наIуэ къыщыхъур. Мис абдежым наIуэ къэхъуар ныкъусаныгъэ гуэрмэ, абы делэжьын хуейуэ аращ. ЛIыкIуэ лъапIэри صلى الله عليه وسلم-эр Алыхьым къыщIигъэкIуа  и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щытащ: хьэл щэным и Iуэхур иригъэфIэкIуэныр. 

Муслъымэн пэжым и хьэлу щытын хуейхэм ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم яхибжащ: ар цIыху щабэу, цIыху тыншу, фIэкIыгъуафIэу зэрыщытыр, фыгъуэнэду, мыхьэнэншэм щхьэкIэ дауэу, ныкъуакъуэу зэрыщымытыр. 

КIэщIу жыпIэмэ, сыт хуэдэ хьэл хэIэтыкIами дыкъыхуреджэ, сыт хуэдэ хьэл зэблэIуэнтIыкIами дигу щегъэкI! 

ЯщегъэкI дигур хьэл зэблэIуэнтIыкIахэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ дин дахэ зетхьэмрэ, а хьэл мыхъумыщIэхэмрэ зэдекIуэкIыфынукъым, зы цIыхуми ахэр зэдихьыфынукъым, атIэ е хьэлыншагъэм диныр IуигъэщтыкIынущ е диным хьэлыншагъэр къыпхихунущ. 

ЯщегъэкI дигур хьэл зэблэIуэнтIыкIахэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы дунеижь кIуэдыжынум щхьэкIэ хьэлыншагъэ къыщIэбгъуэлъэгъуэн щыIэкъым, мы дуней хьэхум щхьэкIи уи щхьэр щIэбгъэпудыжын щыIэкъым. 

Ауэ ахэр жыIэгъуафIэ щхьэкIэ зыхэлъхьэгъуафIэкъым, атIэ цIыхум и щхьэзыфIэфIыныгъэр къытокIуэ, пагэныгъэми зэщIещтэри, хьэл щэн дахэр щогъупщэ. 

Псом хуэмыдэу хьэлыншагъэр цIыхум къыщигъэлъагъуэр зыгуэр зыхуэугуэшын, е зыгуэр япэ игъэщын, зыгуэрым гъуэгур етын, зыгуэр блэгъэкIын … щыхуейхэм дежщ. 

Уеблэмэ, мэжджыт кIуэцI дыдэхэм апхуэдэ гуэр къыщекIуэкIым деж уи щхьэр къыфIохупэ: мэжджыт дыдэм хьэтыр щимыIэкIэ, нэгъуэщI щIыпIэхэр дауэ хъужыну?!- жыуегъыIэ. 

Дунеягъэ Iуэху гуэр щхьэкIэ мэжджыт кIуэцIым ущызэныкъуэкъуныр къэгъэнауэ, щIэныгъэ Iуэху гуэр щхьэкIэ уи макъым зегъэIэтауэ мэжджыт кIуэцIым ущызэдэуэныр имам Малик икъукIэ имыгъэдэхауэ къыхощыж. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдиз псалъэмакъ, мыпхуэдиз мыхьэнэншагъ, хьэлыншагъэ къыщекIуэкI икIи къыщагъэлъагъуэ ди зэманым нэхъыфI дыдэу дэ къэдгъэлъэгъуэфыну хьэлыр: абыхэм захэтIэтыкIынращ, ди щхьэ ахэр едмыпэсынращ, хьэлыншэм хьэлыншэу зыхуэтщIыжу зыдмыгъэпудыжынращ! 

Аллаху Тэгьалами КъурIэн лъапIэкIэ аращ унафэу къытхуищIыр:

“خُذِ الْعَفْوَ وَأْمُرْ بِالْعُرْفِ وَأَعْرِضْ عَنِ الْجَاهِلِينَ”.

«Яхуэ­гъэгъу, фIыкIэ ядызекIуэ, хьэлыншэхэми задомыщI!».

(Iэл-Iэгьраф, 199).  

Аращ, дыкъыхуреджэ ди Тхьэшхуэм:  хьэлыншэхэм задэдмыщIыну, акъылыншэхэм зедмыгъэщхьыну, ахэм кърагъэзэгъхэр дэ къедмыгъэзэгъыну, ахэм я щхьэ хуагъэфащэр дэ ди щхьэ хуэдмыгъэфэщэну!  

Хьэлыншэу зыкъыпхуэзыщIам, уэри апхуэдэу зыхуэпщIыжмэ, сыткIэ укъыщхьэщыкIрэ уэ абы? СыткIэ унэхъыфI абы нэхърэ? 

Зы лIы губзыгъэ гуэрым зэрыжиIауэ: — «Мы ди унэIутхэм хьэлыншэу захуэтщIмэ, я хьэлхэр дахэ мэхъу, хьэл дахэкIэ дадекIуэкIмэ, я хьэлыр зокIуэкI! Ауэ, абыхэм я хьэлыр дахэ тщIын щхьэкIэ, дэ хьэлыншэу зытщIыфынукъым!». 

ЦIыху хьэлыншэ плъагъухукIэ укъэгубжьмэ, уэри захукIэщIэпшыжмэ, ар уэ птеухуауэ зэрыIэдэбыншагъэм имызакъуэу, уи зэманри абы ибогъэхь, уи узыншагъэри абы ибогъэшх! 

Хьэлым я нэхъ дахэм Алыхьым дыхуиузэщI, хьэл Iейхэми Алыхьым дащихъумэ! Ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къытхищIыкIыну зыщIэхъуэпсу щыта цIыху муслъымэн гъэса куэду Алыхьым къытхигъэкI!