Салам гуапэ фызох, ныбжьэгъу лъапIэхэ.
Куэд щIакъым мы сайтыр къызэрысхутэрэ, ауэ икъукIэ си гуапэ хъуащ сызэрихьэлIамкIэ икIи сыдихьэхащ. ФIыщIэ хузощI Iуэху зыщIу мурад къабзэкIэ мы сайтыр зыгъэхьэзыру къызэIузыхахэм. Аллыхьыр арэзы къыфхухъу, Аллыхьым ирывигъэфIакIуэ фи IуэхуфIхэр.
ПсалъэфI куэдкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт, ауэ кIыхь мыхъун щхьэкIэ си упщIэр занщIэу фэстым нэхъ тэмэму солъытэ…
Куэд мыщIэу си дэлъху сайткIэ зэзгъэцIыхужат. Тэмэму дызэхущытт, дызэрыщIэрт, ауэ зэгуэрым псалъэмакъ ди якум къыдыхьащ… Сурэт гуэр тригъуват абы щIалитI зригъапщэу, “Хъыджэбзхэм щIалэ тэмэмыр зэрыщыт хуейр ящыгъупщэжащ“ жиIэу.
“Апхуэдэ щIалэхэр даIэ?“ щыжысIэм, езым хъыджэбз тэмэм щымыIэжу, псори дэ ди ягъэу, гуэныхь нэхъыби ттелъу, жыхьэнмэми цIыхубз щыIэхэр нэхъыбэу къызжиIащ. Сэ зыми сыкъыщхьэщыжу сыщытакъым, ауэ псори апхуэдэу зым хуэпшэу зэрыщытын хуэмейр жесIащ, цIыхухъухэми цIыхубзхэми цIыхухъухьэми зи щхьэ пщIэ хуэзымыщIыж, Аллыхьу иным щымышынэ куэд зэрыщыIэр жысIащ, ауэ абы щхьэкIэ къимыгъанэу, цIыхубзхэр игъэкъуаншэт. ИкIэм икIэжым, сэ езыри сигъэкъуэншэжащ…Пэжу жысIэмэ,си жагъуи ищIащ, сы-шейтIану къызжиIэжри,жиIамкIэ арэзы сызэрымыхъуам щхьэкIэ…КхъыIэ абы теухуауэ зыгуэр къызжефIэ. Сы-къуаншэмэ, сывгъэзахуэжми, си гуапэ хъунущ… Фыпсэу…
Жэуап: Сэлам алейкум, ди шыпхъу! Ди гуапэ хъуащ уи дзыхь къыдэбгъэзу укъызэрытхар, ди лэжьыгъэм теухуауи псалъэ дахэхэр зэрыжыпIар.
МыткIэ фи упщIэм теухуауэ тхужыIэнуращи, фэ фи еплъыкIэр абы ехьэлIауэ захуэщ, Тхьэм жиIэмэ. ИкIи КъурIэн ирехъу е хьэдис ирехъу цIыхубзхэр псори,зэхэдз имыщIу, игъэкъуаншэу зыри щыIэкъым. АтIэ уеблэмэ цIыхубзхэм щыщ куэд цIыхухъухэм яхиIэтыкIыу къокIуэ. Абыхэм я щапхъэщ Мэрем, Фиргьэун и щхьэгъусэр, Хъэдиджэ, ГьаIишэ, ФатIимэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр цIыхухъу Iэджэм нэхърэ нэхъыфIщ.
МыткIэ, «Жэхьэнэмэм нэхъыбэу хэту слъэгъуар цIыхубзхэращ» жызыIэ хьэдисым, цIыхубзхэр игъэпуду аракъым. ЦIыхур цIыхубзу къызэралъхуа къудейм щхьэкIэ Жэхьэнэмэм кIуэнущ, жиIатэмэ, мис итIанэ апхуэдэ гуэр къыхэщт. АтIэ абы и щхьэусыгъуэр хьэдисым зэпкърехыж: ар цIыхубзхэм я нэхъыбэм я щхьэгъусэхэм я хьэкъыр зэрамыгъэзащIэращ, къыхуащIа фIыр щIэх ящыгъупщэжу, зэуэзэпсу зэикI зыри фIы къыхуамыщIа хуэдэу зэрыпсалъэращ…
Мис апхуэдэ хьэлыр цIыхубзхэм я нэхъыбэм зэрахэлъым папщIэ, я кIэухыр Iей мэхъу, ауэ псоми ар зэрахэмылъым папщIэ, «цIыхубзхэм я нэхъыбэ» жиIэу хьэдисыр къокIуэ.
КъинэмыщIауи, Жэхьэнэмэм и кIуэцIым цIыхубзхэм я бжыгъэр щIэнэхъ куэдыным мыпхуэдэуи уегупсыс мэхъу: дунеягъэкIэ цIыхубзхэм я бжыгъэр цIыхухъухэм нэхърэ нэхъыбэщ сыт щыгъуи, абы ипкъ иткIи езыр езыру я Ахърэтри абы ещхь мэхъуж.
Пэжыр Алыхьым нэхъ ещIэ!
Щхьэныкъуэ А.