Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Бегъымбарым и сурэтыр

13.02.2014
Еджауэ 5 229

Бегъымбар лъапIэу гьэлейхис-сэламым и теплъэм, и сурэтым ехьэлIауэ абы и гъусахэм куэд къаIуэтэжащ. Ахэм зэ уахэплъэжмэ мис мыпхуэдэу къахощ бегъымбар теплъэр:

Ику ит лIыуэ щытащ, егъэлеяуэ мыкIыхьу икIи мыкIэщIу.

И IэблитIыр,  и лъакъуитIыр инт.

И фэр хужьт, плъыжьыфэ къыщIыхьэу.

Щхьэрыхъуфэтэкъым, икIи зэпкърыхуу щыттэкъым и щхьэцыр.

ПлIабгъуэт.

И нэкIур цIыхуу ялъэгъуам я нэхъ дахэт. И Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэр гуакIуэт.

И Iэр дарийм нэхърэ нэхъ щабэт.

Мэуэ къыпихыу щытар, дыхуу щыIэм я нэхъ гурыхьт.

ЩыгуфIэкIэ и нэгур нэху хъут, мазэм щыщ зы Iыхьэ пфIэщIу.

И щхьэр инт. НатIабгъуэт.

И нэр фIыцIэт, инт, дахэт.

И набдзэхэр кIыхьт, набдзэ къурашэт.

И пэм кIыхьагъ гуэр хэлът, и пэбгым къуршыгъэ иIэт, пэнцIывыр псыгъуэу щытт.

ЩызекIуэкIэ и гупэкIэ егъэщIауэ зекIуэт, зы лъагапIэ гуэрым къех пфIэщIыну.

ЗэплъэкIын хуей хъумэ, и Iэпкълъэпкъ псомкIи зигъазэти зэплъэкIт.

ЩыпсалъэкIэ и дзэ зэхуакум нур къыдэкIыу къыпфIэщIт.

Нэхъыбэ сщIэну сыхуейщ жызыIэр еплъыж хъунущ щIэныгъэлI Тирмизий и тхылъ «Iэш-ШэмаIил» зыфIищам. Абы нэмыщIу Ибн Кэсир и «Iэл-Бидае уэн-Нихае» тхылъым, нэгъуэщIхэми ].