* КъурIэным нэхъ кIыхь дыдэу хэт аятыр сыт хуэдэра?
— КъурIэным аят нэхъ кIыхь дыдэу хэтыр Бэкъэрэ сурэм и 282 аятращ. Абы ” ЩIыхуэм и аят “-кIэ йоджэ.
* Псалъэу нэхъ кIыхь дыдэу хэтыр сыт хуэдэра?
— КъурIэным псалъэ нэхъ кIыхь дыдэу хэтыр мыращ:
«فَأَسْقَيْنَاكُمُوهُ»
(Iэл-Хьиджр сурэ, 22 аят).
Абы къыкIэлъыкIуэр мыращ:
«اِقْتَرَفْتُمُوهُ »
, (Iэт-Тэубэ сурэ, 24 аят).
* КъурIэным аят дапщэ ит?
— КъурIэным аяту итыр — минихрэ щитIрэ пщыкIублрэ ( 62I7) мэхъу.
* КъурIэным псалъэ дапщэ ит?
— КъурIэным псалъэу итщ – мин блыщIрэ блырэ щиплIрэ щэщIрэ блы (77437).
* Ахэр къабжыну хэтыт унафэ зыщIар, сыт хуэдиз зэмани абы текIуэда?
— Унафэ зыщIар Iэл-Хьэджадж ибн Юсуф пащтыхь къуэдзэрат. Бэщрэ къалэм дэс КъурIэн еджакIуэхэр зэхуишэсри, хьэ хьэдзэкIэ яригъэбжащ аятхэри, псалъэхэри, хьэрфхэри. Абы зэману ихьащ мазиплI.
* КъурIэным и зэхуэдитIыр хуэзэр сыт хуэдэ псалъэра?
— Абы и зэхуэдитIым хуэзэр мис мы яатыращ:
«وَلْيَتَلَطَّفْ ».
Ар Кэхьф сурэм е I9 аятым хэтщ.