Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дугьэ пщIа нэужь уи Iэр уи напэм щыпхуэжыныр бидгьэ?

16.03.2012
Еджауэ 5 196


УпщIэ:
Дугьэ пщIа нэужь уи Iэр уи напэм щыпхуэжыныр бидгьэ
?

Жэуап:  Дугьэ пщIа нэужь Iэр нэкIум щыпхуэжыным ехьэлIауэ хьэдис дэгьифу (махэу) куэд щыIэщ, ахэр зэхуэпхьэсыжмэ хьэдис хьэсэн (дахэ) жыхуаIэм зэрынохьэс, жаIащ щIэныгъэлIхэм ящыщ зы гупым. Абыхэм ящыщщ щIэныгъэлIышхуэ Ибн Хьэджэр Iэл-Гьэскъэланий. Ар ибгъуэтэнущ “Булугъ Iэл-Мэрам” тхылъым. НэгъуэщI щIэныгъэлIхэри щыIэщ мы Iуэхум ехьэлIа хьэдисхэр уеблэмэ щэхьихьщ (пэжщ) жаIэу. Псалъэм папщIэ щIэныгъэлI Гьэбдул-Фэттахь Iэбу Гъуддэ кIыхьлIыхьу а Iуэхугъуэр щызэпкърех “Iэл-Минэхь Iэл-МэтIлубэ” тхылъым. КъинэмыщIауи, тегъэщIапIэу къахьхэм щыщщ: ижь-ижьыж лъандэрэ щIэныгъэлIхэм ар ягъэзащIэу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абыи Iуэхум къару къыхелъхьэ. А псом ипкъ иткIэ, духьэ нэужьым нэкIум Iэр щыхуэжыныр лъабжьэншэщ, жыпIэ хъунукъым.

МыдэкIэ, мыбы ехьэлIа хьэдисхэр “махэщ” жызыIэхэм я псалъэр нэхъ зыфIэкъэбыл щыIэми, ари езыхэм я Iуэхужщ,  Iуэхум залымыгъэ хэлъкъым. Ибн Гьусеймин щIэныгъэлIым зэрыжиIауэ: “Сэ сызэреплъращи, зи Iэр зи нэкIум щызыхуэжым дешхыдэ хъунукъым, щызымыхуэжми щихуэжыну унафэ хуэтщI хъунукъым”. (Фэтауа Нур гьэла Iэд-Дэрб).

Нэхъ захуэр Алыхь Закъуэрщ зыщIэр.

Шхьэныкъуэ А.