Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмэз зымыщIым и нэщIыр къабыл хъуну?

02.06.2017
Еджауэ 10 199

УпщIэ: Нэмэз зымыщIым и нэщIыр къабыл хъуну?

Жэуап: Мы упщIэр нэщIым и закъуэкъым зытеухуар, атIэ сыт хуэдэ IуэхуфI Алыхьым папщIэ цIыхум ищIэми, нэмэз имыщIу ар Алыхьым Iихыну?-, жытIэу апхуэдэущ зэрыгъэувын хуейр упщIэр.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, нэмэз зымыщIыр муслъымэн хьэмэрэ мымуслъымэн, жытIэрэ, ар зэхэдгъэкIмэ, Iуэхури зэхэкIащ.

Псом япэ иту къыхэзгъэщыну сыхуейщ, нэмэзым и Iуэхур егъэлеяуэ зэрыткIийр, диным и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэми зэращыщыр.

ЕтIуанэу жысIэнур, нэхъыбэ щIэныгъэлIыр зытетыр нэмэзыр зэрыфарзыр цIыхум и фIэщ хъууэ, ауэ щхьэхынагъым е къыфIэмыIуэхуныгъэм къыхихыу къэзыгъанэр диным имыкIыу, атIэ гуэныхьышхуэ зылэжь муслъымэну щыту къалъытэ.

Къапщтэмэ, муслъымэным диным къыщыкIуэ унафэхэр псори игъэзэщIэн хуейщ, ауэ зыр умыгъэзащIэмэ, адрейри щIэбгъэзэщIэн щыIэкъым, жиIэу щыткъым, зым и гъэзэщIэнри адрейм занщIэу пыщIакъым, зыр щымыIэмэ адрейм зыри къимыкIыу щыткъым.

Нобэ нэщI исым пщэдей нэмэзи ищIынщ, нобэ кIэ кIыхь щызытIагъэм пщэдей IэлъощIи зытрилъхьэнщ Алыхьым жиIэмэ …. Апхуэдэурэщ псори зэрежьэр.

Алыхьым псори диузэщI….