Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ди нэмэзымрэ, ди зэхуэсхэмрэ!

27.12.2014
Еджауэ 6 132

Ассаламу алейкум уа рахматуллахи уа баракатух.
Мыпхуэдэ упщIэ сиIэт:
ХьэгъуэлIыгъуэ, къыщалъхуа махуэ, нэгъуэщI хуэдэхэм сыкIуэмэ щхьэгъэрытыныр къыстохуэ, абы щинэмыщIыжауи а зэрызехьэм сакъыхэкIыу нэмэзхэр схуэщIкъым. Ауэ щыхъукIэ нэмэзыр апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къэбгъэнэныр зэрыгуэныхь иным сыщыгъуазэщ.Абы къыхэкIыу апхуэдэ Iуэхугъуэхэм куэд щIауэ сыкIуэркъым, абы щыгъуэми благъэ укIэлъымыкIуэныр тэмэмкъым.Дауэ сщIым нэхъыфI хъуну?


وعليكم السلام ورحمة الله وبركاته!

Ди къуэш! Алыхьым уригъэфIакIуэ, фIыр къэплъыхъуэу икIи къэбгъуэту Алыхьым уигъэпсэу!

УзыщIэупщIэ теухуауэ къэтщтэнщи, узраджа Iуэхугъуэм ехьэлIауэ Iуэхур зэм нэхъ щабэ зэм нэхъ ткIий мэхъу:

ХьэгъуэлIыгъуэм ураджамэ абы упэджэжын хуейщ. Щхьэусыгъуэншэуи уи кIуэныр къэбгъанэ хъунукъым. ЖеIэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Шхын Iэнэм я нэхъ Iейр хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэращ: зиIэхэр (къулейхэр) къраджэри, зимыIэхэр (къулейсызхэр) къагъанэ. Къоджарэ умыкIуами, Алыхьми и ЛIыкIуэми жыIэмыдаIуэ уахуэхъуащ». (Бухъарий, Муслим).

ХьэгъуэлIыгъуэм нэмыщI адрей зэхуэсхэм упэджэжыныр апхуэдэу ткIийуэ щыткъым, псом хуэмыдэу, щхьэусыгъуэ бэлыхь имыIэу щытхэм, мылъку икъухь къыздекIуэкI зэхуэсхэм, псалъэм папщIэ, «къыщалъхуа махуэр» жаIэурэ.

Ауэ, хьэгъуэлIыгъуэ пэтми, уи диным и зэран уемыкIыжу ущытын хуейщ:

Щхьэгъэрыт къалэныр къыплъысми, ар фадэ Iэнэу щытынкIэ Iэмал иIэкъым. Фадэр изыфми, ар хуизыгъахъуэми гуэныхь къахь.

КъинэмыщIауи, динкIэ уи къалэн гуэр къэбгъанэ хъунукъым а зэманым къыриубыдэу. Мыри гурыIуэгъуэщ, къагурыIуэну зыгуэрхэр хуэмей пэтрэ. ХьэгъуэлIыгъуэм е нэгъуэщIыпIэ уздэщыIэм уи щхьэ, е уи бын сыт теухуауэ ущIэгузэвэн гуэр къэхъумэ, псори къэбгъэнэнурэ абы яужь уитынущ икIи зэмани абы къыхуэбгъуэтынущ! НтIэ, мис апхуэдэу ди дин щхьэкIэ дыгузавэу дымыхъуауэ, ди диныр дин хъунукъым, динкIи уеджэ хъунукъым.

ИкIи, ухуей къудеймэ Iэмал сытми иIэщ. Нэмэзым ихь дакъикъэ бжыгъэм щхьэкIэ зыри къэнэнукъым, фэжагъуи абы къикIын хуейкъым.

Алыхьым ущышынэмэ, хэкIыпIэ Абы къуитынущ, уи дин зехьэнри тынш пщищIынущ.

Алыхьым ар зэхъулIэн дищI дэтхэнэ зыри!