Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Адыгэ жьуу

11.05.2013
Еджауэ 3 906

«Адыгэ жьуур» 1913 гъэм Куп хьэжы-Исмагьил ефэндым «Нэгъэмат шэркэсийе» ( نغمات شركسية – Напев черкесский) жиIэу иусыгъат. А гъэм Истамбул едгъэхьу, абы адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Гъуазэ» газетым тредгъэдзэну щытати, зауэр къежьэри къэнэжат…

Апхуэдэу тетщ 1917 гъэм, декабрым и 10-м Къэбэрдейм къыщыдэкIа «Адыгэ макъ» газетым и е 4-нэ къыдэкIыгъуэм. А газетыр къыдагъэкIыу щытащ ди япэ ита цIыху щэджащэхэу Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий, нэгъуэщIхэми.
Мы усэу и лъабжьэкIэ къэкIуэнур Куп хьэжы-Исмагьил ефэндым и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыщи, абыкIи зы нэху гуэр тредгъэдза мэхъу а щIэныгъэлIым и гъащIэм.
КъинэмыщIауи, усэр «Гъуазэ» газету тырку «Адыгэ хасэ»-м къыдигъэкIыу щытам трагъэдзэну я мурадати, ищхьэкIэ къыщыжиIа щхьэусыгъуэм къыхэкIыу къэнэжат.*

Мы пэгэныгъэр сытым къыхэкI?
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Дэ ди нэр маплъэ,
Дэ ди лъэр макIуэ –
ДызэрыкIуэным сыт я нэхъыфI?
ФIыгъуэшхуэ псори гIилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Къафкъаз щIыналъэм дэ дыкъыщалъху,
Ди къэлъхуныгъэм сытхэр и фIагъэ?
ФIагъэшхуэ псори гIилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Мы щIыналъэшхуэм дэ дырибынкъэ!
ЗылI и бын хуэдэу дэ дыпсэункъэ!
ПсэукIэ дахэр гIилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Хьилмыншэ цIыхум сытыр и махуэ?
Махуэшхуэ махуэм сытхэр и псалъэ?
Псалъэм и дахэр гьилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Ди щIалэ къалъхухэр къалъхум я лъапIэ,
ЛъэпIэгъуэ зиIэр IэщIагъэ дахэ,
IэщIагъэ дахэр гIилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

IэщIагъэ дахэр дэркIэ хьэрэмкъым,
Хьэрэм зыхэлъхэр дэркIэ хьэлэлкъым.
Хьэрэм-хьэлэлхэр гIилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Мы дунеишхуэм сыт тетхыжыну?
Мы дунеишхуэм сыт къэдгъэнэну?
Къэнэну псом гIилмыр нэхъыфIщ.
ФIыгъуэшхуэ псори хьилмым къыхокI.
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!

Куп Хьэжы-ИсмэгIил
декабрым и 21-м, 1913 гъэ.

* Гу лъыфтэнущ усэр зэрытхар нобэрей ди тхэк1эм мащ1эу къызэрытемыхуэм, ауэ дэ усэм дыхэмы1эбэмэ нэхъ къатщтэу зэрыщыту ттхыжащ.
* Тхыгъэр къитхыжащ Нало Заур и тхылъ «Адаб Баксансого культурного движения»-м, нап. 291-292.