Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гъыбзэ

02.02.2014
Еджауэ 2 820

Зи Ахърэтыр нэху Алыхьым ищIын Хьэжнэгъуей Iэмин езым иусыжа мы гъыбзэм  гумащIэ къимыщIын щыIэу пIэрэ?

Зэман блэкIахэм щыIа бэлыхьхэр

Дигу къыдогъэкIыж,

Гъыбзэ щыжаIэкIэ,  зэхэзых псори

Фыкъыдежьу.

Гъыбзэ щIаусыр лажьэ зимыIэм

Бэлыхь телъарщ.

Ди гъащIэ къэдгъэщIа тIэкIум

АтIэ мыгъуэ дымэкъумэшыщIэти,

Къэхъунум зы хэдмыщIыкIыурэ

Раууей кулак къытфIащри

Милицэр къыщытхуагъакIуэкIэ,

Хъыбар бзаджэр абы къытхуехь,

Хьэжыхэ МамутIэ цIыкIур

АтIэ мыгъуэ закъуэрыпсалъэт,

Зы псалъэ жыдамыгъыIэу

Ди унэм дыкъыщIахуаи!

Ди унэм дыкъыщыщIахукIэ,

Ди бынхэр зырызу ябж,

АтIэ мыгъуэ ди бжэр Iуихыну

Зыгуэри къытхуамыгъанэ.

Ди лъахэм дэ дыщрашкIэ,

Жэгъуэгъухэр дэ къытхущIоплъ,

АтIэ мыгъуэ ди япэкIэ дыплъэмэ,

Ди дуней мыгъуэр пшагъуэ гуэрэни.

АтIэ мыгъуэ ди хьэщхъуэжь закъуэр

И закъуэу пщIантIэм къыдонэ,

Хьэпшыпу къызэднэкIахэр

ГуфIэжхэурэ зэбграхаи.

Инэрокъуэхэ фи Темырыкъуэр

УрысыбзэкIэ догъэтэрмэш,

АтIэ мыгъуэ лажьэ димыIэурэ

СыбырыщIмэ драгуэшаи.

СыбырыщIу дыкъыздашам

ЩIыкхъуэ Iыхьэ дэ щыдмыгъуэт

Ди гъащIэм къэдлэжьа псо мыгъуэр

Хэт мыгъуэхэм къыхуэдгъэна?

Зи хэкум имысыж къомыр

Зэман блэкIахэм щыIа бэлыхьхэр

Дигу къыдогъэкIыж,

Гъыбзэ щыжаIэкIэ,  зэхэзых псори

Фыкъыдежьу.

Гъыбзэ щIаусыр лажьэ зимыIэм

Бэлыхь телъарщ.

Ди гъащIэ къэдгъэщIа тIэкIум

АтIэ мыгъуэ дымэкъумэшыщIэти,

Къэхъунум зы хэдмыщIыкIыурэ

Раууей кулак къытфIащри

Милицэр къыщытхуагъакIуэкIэ,

Хъыбар бзаджэр абы къытхуехь,

Хьэжыхэ МамутIэ цIыкIур

АтIэ мыгъуэ закъуэрыпсалъэт,

Зы псалъэ жыдамыгъыIэу

Ди унэм дыкъыщIахуаи!

Ди унэм дыкъыщыщIахукIэ,

Ди бынхэр зырызу ябж,

АтIэ мыгъуэ ди бжэр Iуихыну

Зыгуэри къытхуамыгъанэ.

Ди лъахэм дэ дыщрашкIэ,

Жэгъуэгъухэр дэ къытхущIоплъ,

АтIэ мыгъуэ ди япэкIэ дыплъэмэ,

Ди дуней мыгъуэр пшагъуэ гуэрэни.

АтIэ мыгъуэ ди хьэщхъуэжь закъуэр

И закъуэу пщIантIэм къыдонэ,

Хьэпшыпу къызэднэкIахэр

ГуфIэжхэурэ зэбграхаи.

Инэрокъуэхэ фи Темырыкъуэр

УрысыбзэкIэ догъэтэрмэш,

АтIэ мыгъуэ лажьэ димыIэурэ

СыбырыщIмэ драгуэшаи.

СыбырыщIу дыкъыздашам

ЩIыкхъуэ Iыхьэ дэ щыдмыгъуэт

Ди гъащIэм къэдлэжьа псо мыгъуэр

Хэт мыгъуэхэм къыхуэдгъэна?

Зи хэкум имысыж къомыр

Дызэхуосри дызэхопыхьэ.

АтIэ мыгъуэ щIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэм 

Раууей дыщIэбэга мыгъуи.

Ди лъапсэм дэ дыщрашкIэ

Нэхъу-нэхъуурэ дыхуоплъэкIыж,

Ныбжьэгъухэу къызэднэкIами

Еууей къытхужамыIэж.

Щхьэхуитхэм я щIалэгъуалэр

 Зэгъусэурэ школым зэдокIуэ,

АтIэ мыгъуэ дэ ди бын тIэкIур

 ПшахъуэщIым щыщIэтлъхьэжаи.

Нэхъыщхьэр дэ къыщытхыхьэкIэ

 Зэпигъэуурэ ди тхылъым къоджэ.

 ИгъащIэкIэ къэдмыгъэзэнуи

Ди тхылъым къытхуеджэжаи.

АтIэ мыгъуэ дыкъызэрыхъурэ

 Дылажьэу дышхэж ди хабзэт

АтIэ мыгъуэ сытхэр ди лажьэурэ

  Сыбырыжьмэ дыкъагъэкIуа.

 Сыбырыжьуэ дыкъыздашари

ЗэгуэркIи къытхуэмыныкъуэ,

АтIэ мыгъуэ дэ ди лIэныгъэм

УнафэщIхэр щхьэ хуэныкъуат.

Безырхэ ди Темрыкъуэ

Рэмахуэ улэжьакIуэшхуэт

Унэшхуэу дэ едгъэщIахэм

Зэрыгупу дытекIуэдаи.

Гъэмахуэ дуней дахэгъуэм 

Iуащхьэмахуэ дыгъэр кIэредзэ,

Ди Хэкур ди гум къридзэмэ,

дызэхуосри дызэхопыхьэ,

Безырхэ Кушыку хьэжыжьым

РэтIэ мыгъуэ къытхуощие.

Махуаем зэ нэдгъэзэжтэмэ,

«ДолIэ» псалъэр жыдмыIэжынт.