Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Егъэджэн хуейщ, жаIэурэ, гъэсэни зэрыхуейр ящогъупщэ

17.02.2014
Еджауэ 5 237

«ЩIэныгъэ куэдым дызэрыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъыбэу Iэдэб мащIэм дыхуэныкъуэщ»,- жиIащ табигьий махуэ Ибн Iэл-Мубарэк. А щIэныгъэлI Iущым мы псалъэхэр къыщIытхуигъэнар, ахэр ди гъащIэм хабзэ худигъэщIын, дэтхэнэ адэми, дэтхэнэ анэми абы и жьауэм щIэту и быныр игъэсэн папщIэщ.

Сыт хуэдиз гугъуехьрэ, сыт хуэдиз зэманрэ тедгъэкIуадэрэ дэ ди бынхэм щIэныгъэ екIу едгъэгъуэтын папщIэ, я акъылым зедгъэужьын щхьэкIэ. Ауэ цIыху хэтыкIэм, хьэлщэным хуедгъэсэну ди зэманым дыщымысхьу зы сыхьэт къытхупычкъым.

Уеблэмэ еджапIэм нэгъыщэ лъахъшэ къыщихьауэ быныр къыдыхьэжмэ хъийм дикIауэ абы дытолъэ, ауэ псалъэ фIей къипсэлъауэ, е емыкIу зыхэлъ Iуэху илэжьауэ зэхэтхыжмэ, зыри къэмыхъухха хуэдэу дыхущытщ.

Ди еджапIэхэм гъэсэныгъэшхуэ сабийхэм къыщIахыну дыщыгугъмэ ар щхьэгъэпцIэжщ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ егъэджакIуэм фIэлIыкI иIэжкъым, гъэсэныгъэм хухах сыхьэтхэри мащIэ дыдэщ е щыIэххэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ къытхуэнэжыр зыщ: адэ-анэр езыхэр сабийм хуэсакъынращ, и хьэлщэнкIэ екIуу къагъэтэджынращ.

Хьэлыншэу, нэмысыншэу, Iэдэб хэмылъу къэтэджа цIыхум сыт хуэдиз щIэныгъи бгъэдрелъ, абы, лъэпкъыр зыщыгугъ цIыху къыхэкIынукъым, апхуэдэм и щIэныгъэр езыми, къыбгъэдэтхэми я щхьэм къихуэжынущ.

Хьэлщэн дахэ ди бынхэм дауэ яхэтпща хъуну?

УпщIэм жэуап къырет профессор Хьэссан Шэмс Баша.  Башам и псалъэм и пэублэу жеIэ, сабийр зыдэплъеин, щапхъэ зытрихын цIыху илъагъун хуейуэ. Сабийм и хьэлщэныр куэдкIэ нэхъ екIужу щытынущ адэ-анэм хьэлщэн екIу ябгъэдэлъмэ. А тIум я щытыкIэ къудейм хузэфIэкIым хуэдиз, сыт хуэдэ уазми, сыт хуэдэ ущиеми хузэфIэкIынукъым.

АдэкIэ пещэри мы чэнджэщхэр адэ-анэм къарет:

—  Сабийм езым удэIэпыкъуурэ ныбжьэгъу тэмэм къыхухэх.

—  ЗанщIэу и нэгум ибыубыдэу куэдрэ уемыущие, ар имыужэгъун папщIэ, атIэ уи нэ къудеймкIэ, е уи IэмкIэ хуэбгъэлъагъуэурэ узыхуейм хуэунэтI.

—  ЩыпсалъэкIэ, псалъэ дахэхэр, псалъэ щабэхэр къыхащыпыкIыфу, ахэр къагъэсэбэпыфу егъасэ. 

Сабийр зы гуп яхэпшэмэ е хьэщIапIэ зыдэпшэмэ щэныфIэу щытын папщIэ мыбыхэм щIэпIыкI:

—  Зыгуэр зэхахамэ е ялъэгъуамэ ар яIуэтэжу яхуомыдэ; кIуэ езы сабийхэм ехьэлIа Iуэхумэ ар щхьэхуэщ.

—  Хамэ унэм зы хьэпшыпи къыщIомыгъэх, сыт хуэдизкIэ мыхьэнэншэми, и уасэкIэ сыт хуэдизкIэ мыпудми.

—  Сыт хуэдизрэ я закъуэу щымысами зэхуэщIа гуэр е зэтепIа гуэр зытрамыхыну быдэу яжеIэ.

—  Лъэныкъуэегъэзу тIысу, щысхэм емыдауэу, и макъым зыримыгъэIэту гъасэ.

—  И щыгъынкIэ, е и хьэпшып гуэркIэ зыми захуигъэщIагъуэу хуомыдэ.

 

Зэрыдахэр псоми къыдгурыIуэу щыт хьэлхэм хуегъасэ, мис ахэр:

—  Зыгуэрым и псалъэ зэпимыуду.

—  Хуит къамыщIауэ зыгуэрым и хьэпшыпым емыIусэу.

—  Зыми щымыдыхьэшхыу е зыгуэрым зыпимыщIыжу.

—  И макъым зыримыгъэIэту.

—  Нэхъыжьым пщIэ хуищIыу.

—  Щыуамэ, зыримылъэфыхьу «къысхуэгъэгъу» жиIэфу.

—  Нэхъыжь щысу и лъакъуитIыр щIэгъэжауэ щымысу.

—  Зыгуэр щысу хуэзэфIэкIыххэу къэмыкъейуэ.

—  КъыщепскIэ е щыхущхьэкIэ и Iэр и жьэм Iуилъхьэу.

—  Хьэпшып къигъэсэбэпар и щIыпIэ игъэтIылъыжу.

—  Iэнэм щыпэрыскIэ зэрахьэ Iэдэбхэм хуэсакъыу: БисмиЛЛахикIэ хуежьэу, Iэ ижьымкIэ шхэуэ.

—  Псалъэ итам тетыжу.

—  Сэбэп хэмылъу телефоныр къимыщтэу.

—  ФIыуэ имыцIыху, и хьэл щэнкIэ имыгъэунэхуам унэ телефон номерыр иримыту.

—  ЩIэныгъэлIхэм, егъэджакIуэхэм пщIэ яхуищIыу.

 

Адэ-анэм зэикI зыщрамыгъэгъупщэ: сыт хуэдиз зэмани, сыт хуэдиз гугъуехьи быным я гъэсэныгъэм трагъэкIуадэми ар зэрымыкуэдыр, икIи ауэ сытми зэрымыкIуэдыжынур; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ: уэ бын гъэса къыпхуэхъумэ гъащIэщIэ Алыхьым къуитам хуэдэщ, уэ дунейм утемытыжми уи быным фIыуэ ялэжьым и псапэ къыпхуэкIуэу уи ахърэтым ущыIэнущ.

WWW.ISLAMWEB.NET