Муслъымэн жэмыхьэт! Мазэм я нэхъ лъапIэм, КъурIэныр къыщехам, гуэныхьхэр куэду щагъэгъум, псапэхэр куэду щыбагъуэм, дугьэхэр нэхъ къабыл щыхъум нобэ дыхэтщ.
Ахэр къызыгурыIуэу, зыхэт фIыгъуэри зэхэзыщIэу, нэгъэсауэ къэзыгъэсэбэпым и насыпщ; ауэ нобэ щхьэхынагъыр зытезыгъакIуэу, зэманыр зыгъэкIуэдыр насыпыншэщ.
Муслъымэнхэр зэрылъагъухэу, зэрылъытэхэу, зэрыIыгъхэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ дин унафэхэм ящыщщ НэщI мазэр.
Мы дунейм муслъымэну тетым пщэдджыжьым щэращ яшхыу, махуэм нэщI ису, пщыхьэщхьэм хэщхьэжу, жэщым турыхь нэмэз ящIу мазэр зэрекIуэкIым къегъэлъагъуэ муслъымэнхэр зы Iуммэту Алыхьым зэрыбгъэдэтхэр.
Ежьа иужькIэ мис апхуэдэу дахэурэ йокIуэкI НэщI мазэм и Iуэхур, ауэ ежьэгъуэм деж е егъэжьэжыгъуэм деж егъэлеяуэ мыдахэ куэд ди Iуэхум къыхохьэ.
Къозэрыхь утыкум фитнэр зыфIэфIхэр, муслъымэнхэр зэкъуаудмэ, гуп-гуп иращIыкIмэ нэхъ къэзыщтэхэр; дызэкъуэтыныр, зыуэ дыщытыныр зыфIэмыфIхэр.
Къозэрыхь утыкум гуп цIыкIу: лъэпкъ псор бэлыхь хадзэу, жэмыхьэтыр гуитIщхьитI ящIу, зэкъуэшитIыр зыр зым хукIэщIэплъу къагъанэу.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мазэм и къэунэхукIэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэр зэтехуэкъым, ауэ зы щIыналъэм и кIуэцIкIэ зы унафэ илъын зэрыхуеймкIэ псори зэтохуэ.
Иджыпсту телефонкIэ псэлъэфыр е интернетым ихьэфыр мажэри хьэрып щIыналъэхэр нэщI мазэм зэрихьэну щIыкIэр зэрегъащIэ, абы иужькIэ «уэхьэхьей, сэ зыгуэр къэсщIащи, ар фэри къэвмыщIэмэ сэри сыунэхъуащ, фэри фыунэхъуащ» жеIэри гужьеяуэ цIыхум ар яхехьэ.
Ауэ, а лъэныкъуэхэм хъыбар къизыххэм, абыхэм я щIэныгъэлIхэм ящыщ зым зыхуагъазэрэ: «дэ ди щIыналъэм ис еджахэм зэрыжаIэмкIэ нобэ нэщIыр щIедзэ, ауэ фэ щыщэфIдзэр пщэдейщи, сыт тщIэнур?», — жаIэу еупщIатэмэ, фэ фи деж зэрыжаIэм хуэдэу фщIы къыжраIэнут.
ИкIи аращ Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم дыкъызыхуриджэр: «ФыщынэщIынур цIыхухэр щынэщIым дежщ, нэщI фыщикIыжынури цIыхухэр нэщI щикIыжым дежщ». (Тирмизий).
Iэбул-Хьэсэн Iэс-Синдий щIэныгъэлIым رحمه الله и тхылъ «حاشية ابن ماجه» щетх мыбы ехьэлIауэ: «Абы нахуэу къикIращи, цIыху зэрызхэм мыбы я Iуэху щIыхалъхьэн щыIэкъым, жэмыхьэтми яхэкI хъунукъым, атIэ унафэр зыIэщIэлъыр имамыращ, жэмыхьэт псоращи, мыдрей цIыху щхьэхуэхэр имамым, жэмыхьэтым едэIуэн хуейуэ аращ. Абы ипкъ иткIэ, зыгуэрым мазэщIэр къилъагъурэ, имамым ар къабыл имыщIамэ, езым и закъуэ унафэ къимыщтэжу, жэмыхьэтым я унафэм тетын хуейщ».
Уеблэмэ мыбы ис муслъымэнхэр щыуэрэ япэ ищхэмэ е иужь къинэхэмэ, абы щхьэкIэ къэмынэу узыхэт жэмыхьэтым, уздэпсэу щIыналъэм къекIуэкIым утетынущ, жаIэ щIэныгъэлIхэм.
ЖаIэ апхуэдэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ щыуагъэм мыхъумыщIагъэ гуэр хэлъми, муслъымэнхэр зэкъуэбудыным хэлъ мыхъумыщIэр куэдкIэ нэхъыбэщи.
Ар фIыуэ къызыгурыIуэу щыта щэхьабэхэр мыбы егъэлеяуэ хуэсакъыу щытахэщ. Уеблэмэ, андез зыкъутэ гуэрхэм теухуауэ зэтемыхуэ пэтрэ, итIани зэдэувурэ нэмэз зэдащIу щытащ абыхэм!
А псалъэмакъыр къимыгъэхъун папщIэ Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه и имамым (абы щыгъуэ ар Гьусмант) нэмэз дищIу щытащ, апхуэдэ нэмэз щIыкIэр Ибн Мэсгьуд Минэм деж къемызэгъыу къилъытэ пэтрэ. (Ахьмэд).
КъинэмыщIауэ, къэпщIэпауи сощI зыгуэр, ауэ а къэпщIар уэ цIыхухэм занщIэу яхэпхьэ хъуну хэт къыбжезыIар? Уеблэмэ, апхуэдэ Iуэху ехьэжьэкIэр мунафикъ хьэлу зэрыщытыр зэхэпха?
КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ: «Абыхэм (мунафикъхэм) хъыбар къаIэрыхьэмэ, ар гуауэми гуфIэгъуэми, занщIэу ягъэву. Абыхэм хъыбарым и гъэIуныр лIыкIуэмрэ унафэщIхэмрэ IэщIалъхьатэмэ, нэхъ тыншу къащIэнт хъыбар ягъэIуам и пэжыпIэр». (НисаI, 83).
Алыхьым диузэщI, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр тыригъахуэ! Iейм, мыхъумыщIагъэм, псалъэмакъым Алыхьым дащихъумэ! Мы мазэ лъапIэм и фIыгъуэр Алыхьым къытлъигъэс!