Муслъымэн жэмыхьэт! Суннэм и Iыхьлыхэм (Iэхьль –Iэс-Суннэ) я пэрыту ябж имам Ахьмэд ибн Хьэнбэл رحمه الله жиIауэ дэ къытлъыIэсащ: «Суннэм щыщщ: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم игъуса щэхьабэхэм псоми ябгъэдэлъа Iуэхугъуэф1хэмкIэ уатепсэлъыхьыжыныр, ахэр уигу къэбгъэкIыжыныр».
Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къыбгъэдэта цIыху щхьэмахуэхэм пщIэ яхуэпщIыныр, гукIэ ахэр фIыуэ плъагъуныр уеблэмэ ди фIэщхъуныгъэм (гьэкъидэм) щыщщ. ЩIэныгъэлI ин IэтI-ТIэхьауий رحمه الله и «Iэл-Гьэкъидэ» тхылъым щетх абы теухуауэ: «Алыхьым и лIыкIуэм игъусахэр фIыуэ долъагъу, ауэ абыхэм ящыщ зыми теухуауэ ди лъагъуныгъэм егъэлеиныгъэ хэтлъхьэкъым…».
Мис абыхэм япкъ иткIэщ дэри цIыху лъапIэхэр дигу къыщIэдгъэкIыжыр, икIи я лъапIэныгъэм елъытауэ дырокIуэ. Нобэ зи чэзур хъэлифэхэм я ещанэу къакIуэ Гьусман ибн Гьэффанщ, رضي الله عنه –р.
Гьусман и цIэр щызэхэпхкIэ жумартагъыр занщIэу уигу къокI, мылъкум псапэ ирищIэн зэрыхуейм уогупсыс. Гьусман и цIэр зэхэпхмэ хьэлщэн дахэм уи нэр къыхуикIыу, абы ущIэхъуэпсу уохъу.
Абу Бэкр «Щиддикъ»-мэ, Гьумэри «Фарукъ»-мэ, Гьусман зэреджэтэр «Зун-Нурейн»-т. НуритIыр зи IэмыщIэ илъа цIэр абы къыщIыхуагъэфэщатэр, бегъымбарыпхъуитI щхьэгъусэу иIати аращ; зыр дунейм щехыжым адрей ипхъури дзыхь къыхуищIат абы صلى الله عليه وسلم-эм.
Гьусман япэ дыдэу диныр къэзыщтахэм ящыщащ, хьиджрэ тIэунейрэ зыщIахэми ягъусащ, ЖэнэткIэ ягъэгуфIа цIыхуипщIми яхэтащ.
Тхьэшынагъэшхуэ хэлъу, Ахърэтыр игум имыхуу, и нэгум щIэмыкIыу, кхъэм ихьэрэ мащащхьэм щхьэщыувамэ и жьакIэм нэпсыр къыпыжу щхьэщытт Гьусман.
Иман куу бгъэдэлъым игъусэу, акъылышхуэкIэ къыхуэупсат абы Аллаху Тэгьалар. Хьудейбийем щыгъуэ апхуэдиз щэхьабэм къахихри, мэккэдэсхэм япсэлъэну лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم игъэкIуауэ щытар Гьусмант.
Гьумэр и зэманми «Шура»-м хэт цIыху хэIэтыкIахэм Гьумэр яхигъэхьауэ щытащ Гьусман. ИкIи абы хэт цIыхуихми я нэхъыфIу яхэтар аращ, абы ипкъ иткIи муслъымэн псом я хъэлифэ ящIащ.
Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м жеIэ абы теухуауэ: «НэхъыфI дыдэу къытхэтым бэйгьэт етщIылIащ икIи тхузэфIэкI къэдгъэнакъым». Имам Ахьмэди жеIэ: «Гьусман бэйгьэт щыращIылIэм щыгъуэ зэгурыIуам хуэдиз, зы цIыхум и бэйгьэтми щызэгурыIуакъым».
УкIытэ хьэл зыхэлъым сыт хуэдэ фIыгъуэри хэлъ хуэдэщ. Гьусман رضي الله عنه-р а хьэлымкIэ псом хуэмыдэжу къыхэщу щытащ, уеблэмэ и закъуэ дыдэу унэм щыщIэскIэ а хьэлыр щыгъупщэу щытакъым.
Псы зыдигъэжэхыну щIыхьамэ, апхуэдизкIэ укIытэти и щыгъыныр зэщихыпэтэкъым; апхуэдизкIэ укIытэти, зыщигъэпскIкIэ захуэу зэфIэтыфтэкъым, атIэ гъэщхъауэ фIэкIа щIэттэкъым хьэмэмым.
УкIытэххым уэри уегъэукIытэ! Абы ипкъ иткIэ езы Бегъымбар дыдэри صلى الله عليه وسلم-эр укIытэ нэхъ хэлъу абы къыхущытт. Гьусман теухуауи жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «МелыIычхэр зыщыукIытэм сэ дауэ сызэрыщымыукIытэнур?!». (Муслим).
КъурIэныр Алыхьым и Псалъэщ, берычэткIэ гъэнщIащ. КъурIэныр екIуу зезыхьэм берычэтри куэду къылъоIэс. Гьусман رضي الله عنه-м КъурIэн еджэныр икъукIэ фIэфIу щытащ. Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий жеIэ: «КъурIэныр лэжьэхукIэ имыIыгъауэ Гьусман дунейм ехыжакъым, апхуэдизрэ куэдкIэ ар абы еплъти».
Зы жэщым и кIуэцIкIэ КъурIэн псом икIыу щытахэм ящыщщ Гьусман. Мыри жиIэт رضي الله عنه-м: «Дигухэр къабзэу щытамэ, ди Тхьэм и ПсалъэмкIэ зэикI зыдгъэнщIынутэкъым».
Гьусман رضي الله عنه-м и фIыгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ: КъурIэныр зы тхылъу зэхуихьэсыжу, абы тхылъ зыбжанэ зэрытригъэтхыкIыжар, ахэр муслъымэн щIыналъэхэм иригъэхьу, мы дунейм муслъымэну тетур зы еджэкIэм зэрытригъэхьар.
Ибн Кэсир رحمه الله етх: «Гьусман и тетыгъуэм щыгъуэ муслъымэнхэм я къэралыгъуэр къуэкIыпIэми къухьэпIэми я нэхъ жыжьэ дыдэм лъэIэсат. Ар зи фIыгъэр абы и КъурIэн еджэным, нэгъуэщIхэри егъэджэным къыдэкIуа берычэтращ, къинэмыщIауи КъурIэныр зэрагъэщIэным икIи яхъумэным Iуммэт псор пэригъэувауэ зэрыщытаращ».
Апхуэдизу КъурIэн лъапIэм пыщIауэ зэрыщытам папщIэ, и дуней ехыжыгъуэми а Тхылъ лъапIэр IэщIэкIакъым Гьусман, атIэ абы еджэу зыдэщысым и псэр итащ.
Аллаху Тэгьалам и пщIэр лъагэу хуиIэтыну, и арэзыныгъэри нэгъэсауэ къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ Гьусман. Дэри абы иужь фIыкIэ дитыну, ди гури диным етауэ дылIэжыну Алыхьым тхуиух!