Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ГущIэгъур

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Иным дыщывгъэшынэ, тхьэшынагъэращ, дунеягъэкIи ахърэткIи, дыкъезыгъэлынур.

Мы дуней гъащIэр зэтес хъуным лъабжьэ хуэхъужу, цIыхум фIы ящIэнуми, Iей ямыщIэнуми куэд елъытауэ щыт хьэл дахэхэм ящыщщ: гущIэгъу щIын хьэлыр.

ГущIэгъур хьэлым я нэхъ хэIэтыкIа дыдэхэм ящыщщ. Насып зиIэм гущIэгъу хэлъщ, насыпыншэр гущIэгъуншэщ е гущIэгъуншэр насыпыншэщ. «ГущIэгъур зи гум ирахыр насыпыншэм и закъуэщ», — жеIэ лIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم. (Абу Дауд, Тирмизий).  

ГущIэгъур уеблэмэ псэущхьэхэми яхэлъщ, ар хьэдис лъапIэми къыхощ. ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: «Аллаху Тэгьалам и гущIэгъур щэуэ зэхэлъщ. Абы щыщу зы Iыхьэр мы дунейм къыригъэхауэ, абыкIэ къигъэщIахэм гущIэгъу зыр зым хуащIыж, уеблэмэ (а гущIэгъум къыхэкIыу) шым и фIалъэ лъакъуэр къеIэт, махъшэми и лъакъуэр къеIэт я шырым лъэIэсынкIэ шынэхэу. (А щэм щыщу) гущIэгъу бгъущIрэ бгъур езым къызыхуигъэнэжащ Къемэт махуэм папщIэ». (Бухъарий).

ГущIэгъур цIыхум къыдалъхуу, езым хэту къыдэхъуу щыт пэтрэ, итIани абы щхьэкIэ къэмынэу КъурIэн аятхэм ар къыщокIуэ, хьэдисхэм къыхощ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум къыдалъхури щыщыгъупщэж, а нэхъ Iуэху дахэри Iейуэ къыщыхъуу щыхъужыр мащIэкъым.

Мис а хьэдис лъапIэхэм ящыщ зы щапхъэ. ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: «ГущIэгъу зыщIхэм ГущIэгъущIым гущIэгъу къыхуищIынущ. ЩIылъэм тетхэм гущIэгъу яхуэфщIи, уафэм щыIэм гущIэгъу къыфхуищIынщ!». (Абу Дауд, Тирмизий).

ЩIылъэм тетхэм щыщу псэущхьэхэр къэтщтэнщи, Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м къеIуэтэж: Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم и гъусэу гъуэгу дытету дыздэкIуэм, Iуэху иIэу IукIащ. Абы хэту губгъуэ джэд, шыр цIыкIуитI игъусэу, къытIэщIэлъэгъуати, шыр цIыкIуитIыр къэтщтащ. Ар анэм щилъагъум гужьеяуэ къажэри и дамэхэр щIиупскIэу, иутхыпщIыу щIидзащ. Абы ирихьэлIэу Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم кърихьэлIэжри, мор щилъагъум жиIащ: «И шыр цIыкIуитIымкIэ хэт мыр зыгъэгуIар? Ефтыжыт мыбы и шыр цIыкIуитIыр!». (Абу Дауд).

Ибн Гьумэри رضي الله عنهما къыджеIэ: «Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم нэлат ярихащ псэ зыIут гуэр нэщанэ папщIэу къэзыгъэсэбэпым». (Бухъарий, Муслим).

Мыри жеIэ عليه الصلاة والسلام-м: «Джэгуу бзу зыукIам теухуауэ бзур Алыхьым хуэтхьэусыхэжынущ мыр жиIэурэ: «Уэ си Тхьэ, мыбы джэгуу сиукIауращ, къысхуэныкъуэу сиукIакъым». (НэсаIий, Ибн Хьиббан).

АдэкIэ дыдэIэбейрэ цIыхухэр къатщтэмэ, муслъымэни мымуслъымэни къызэщIиубыдэу лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м жиIам девгъэдаIуэ: «ЦIыхухэм гущIэгъу яхуэзымыщIым, Алыхьым гущIэгъу къыхуищIынукъым. Зымыгъэгъуми Алыхьым къыхуигъэгъунукъым». (Ахьмэд).

Мыри жиIащ صلى الله عليه وسلم цIыху псоми ятеухуауэ: «ДунеягъэкIэ цIыхухэм гьэзаб языгъэшэчым, Алыхьым гьэзаб иригъэшэчынущ». (Муслим).

АдэкIэ дыдэIэбейрэ муслъымэнхэр къатщтэмэ, абыхэм я зэхэтыкIэн хуейр къыхощ мы хьэдис лъапIэм: «Муслъымэнхэр зэрызэрылъагъур, гущIэгъу зыр зым зэрыхуищIыр, зэрызэрыIыгъхэр ещхьщ зы Iэпкълъэпкъым:  Iэпкълъэпкъым щыщу зы пкъыгъуэ къыхэузыкIмэ, адрей Iэпкълъэпкъ псоми абы и гъусэу жейм зыхуагъэныкъуэ, пщытырыгъэр яшэч». (Бухъарий, Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы хьэдис дыкъызэджахэр ди нэгум щIэт зэпыту, къыдбгъэдэтхэми зэпымычу ягу къэдгъэкIыжу дызэхэтын хуейщ.

ГущIэгъуншагъэращ насыпыншагъэу щыIэр къызыхэкIыр. ГущIэгъуншэр езыри насыныпыншэщи, къыбгъэдэтхэри насыпыншэ ещI.

ГущIэгъуншэр нэхъыжьми нэхъыщIэми езэгъынукъым, и унагъуэри унагъуэ хъунукъым, и бынхэми бын гъэса къахэкIынукъым.

ГущIэгъу зыхэлъыр езыр насыпыфIэщи, къыбгъэдэтхэри насыпыфIэ ещI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, насыпыр нэхъыбэ дыдэу къызыхэкIхэм ящыщщ: цIыхум къыбгъэдэтхэм фIы гуэр яхуищIэныр. 

Нэщхъеягъэр къыщыптекIуэм деж, дэрэжэгъуэ ущимыIэм деж, насыпыншэуи зыкъыщыпщыхъуам деж, гущIэгъу хьэлыр зэ къэгъэушыжи: сымаджэм щIэупщIэ, тхьэмыщкIэм зыгуэр хуэший, зеиншэм и щхьэфэм Iэ дэлъи, уэри Алыхьым гущIэгъу къыпхуищIынщи, гупсысэ Iейхэр пщхьэщихынщ.

ГущIэгъу зыщIу гущIэгъу зыхуащIыжын, зыгъэгъуу къызыхуагъэгъунухэм ящыщ Алыхьыи дищI!