ФIыщIэ нэгъэсари, щытхъу ирикъуари зыхуэфащэр Тхьэшхуэу псори къэзыгъэщIыжа, псоми я унафэ зыщIыж, иужь дыдэу шэригьэтым я нэхъыфIыр къыдэзытыжа Алыхьышхуэращ.
Алыхьышхуэм и нэфIыр къыщыхуэну, и сэламри къырихыну дыхуолъаIуэ ди Бегъымбар лъапIэми, абы и щэхьабэ махуэхэми, абыхэм я лъагъуэм ирикIуа дэтхэнэми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Жумхьэ махуэм къат хъутIбэр Iэмал зэриIэкIэ къэхъукъащIэхэм нэхъ ехьэлIауэ, цIыхухэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIым теухуауэ щытын хуейщ.
Апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ, нобэ хуэдэ махуэм зи гугъу тщIыну нэхъ зи чэзу дыдэхэм ящыщщ махуэ зыбжанэ дэкIмэ цIыхухэм зытраукIэжу ягъэлъэпIэну махуэр, илъэсыщIэр къызэрырагъэблэгъэнур.
Махуэ зыбжанэ дэкIмэ чристэн диныр зезыхьэхэм я илъэс къэбжыкIэмкIэ илъэсыжьыр икIынурэ, илъэсыщIэр къихьэнущ. Абы ипкъ иткIэ ди цIыхухэм абы зытраукIэжынущ.
Телевизорыми, радиоми, газетхэми мыбы фIэкIа Iуэху яIэнукъым, уэрамыщхьэри унэ кIуэцIри мыбы теухуауэ щытынущ, цIыхухэм я жэщыр махуэ ящIыжынурэ, абы иужькIэ махуэ псор жэщ пэлъытэу жейуэ яхьынущ.
Къапщтэмэ, мы Iуэхур кууэ зыджыжахэм къыхагъэщ чыристэн динми мыбы зыри хуимыIуэхуу, атIэ адэ зэманыжьым мэжусий гупсысэкIэ цIыхум щаIэм кърагъэкIуэкIыу щыта хабзэхэр мыбы лъабжьэ хуэхъужу.
Ар пэжмэ, езы чыристэн дыдэхэри мы Iуэхум щымэхъашэу, я гур темызагъэу щытын хуеяхэт, арщхьэкIэ чыристэн диным хуэпэжхэри псыдзэ къехым пэщIэувэфакъым, атIэ мэжусий хабзэм чыристэн щыгъын щатIэгъэжри ежьэжахэщ.
Ар езыхэм я Iуэхужщ, ауэ дэ, муслъымэну зызыбжыжхэм, сыт ди Iуэхур мыбы туехуауэ? Псоми ящIри дэри дощI, псори зэрыхъу дэри дыхъунщ, жытIэрэ? Ара ди акъылыр зыдэнэсыр?
«Зызэбгъэщхьыну узыхэтым уэри уахэтщ!»— къыджеIэ муслъымэнхэм Алыхьым къытхуигъэкIуа Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم .
Уэ ущымуслъымэнкIэ уи диным уиригушхуэжу, адрейхэм щапхъэ уахуэхъуу, адрейхэр зыдэбгъэплъейуэ щытын хуейщ. ИтIанэщ пщIэ ущиIэнур.
Армырауэ псоми задебгъэкIуу, зи гупкIэ уисым и пшынэм укъыдэфу дунейм утетмэ, япэ дыдэ къэбгъэпцIэжыр уи щхьэрщ. Аллаху Тэгьалам и деж апхуэдэ
Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр щыкIуэцIрыкIкъым, Абы уфIэкIыуи зы щIыпIи укIуэнукъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Талэу зи гущIэгъур гъунапкъэншэм муслъымэнхэр махуэшхуэ димыIэу дыкъигъэнакъым, атIэ хъейр защIэкIэ гъэнщIауэ дгъэлъэпIэну илъэсым махуитI хэтщ, тхьэмахуэ къэси нобэ хуэдэ махуэр диIэщ.
Дэ ди махуэшхуэхэр Алыхьыр арэзы зыщIын защIэу зэхэлъщ. НэщI икIыж гьидыр къащти: къулейсызхэр, тхьэмыщкIэхэр бытыркIэ богъэгуфIэри, адэкIэ Алыхьым и цIэкIэ нэмэз уощI. Абы къыкIэлъыкIуэу, Iыхьлыри благъэри, гъунэгъури жэрэгъури хъуэхъукIэ зэщIыбогъэхьэ.
Къурмэн гьидри апхуэдэщ. Алыхьым и цIэкIэ нэмэз уощIри, Абы и цIэкIэ къурмэн боукI. КъурмэнылымкIэ уи унагъуэми, уи Iыхьлыхэми, уи гъунэгъухэми, абы адэкIэ тхьэмыщкIэхэми уалъоIэс. Псоми я сэбэпынагъ къыхокI.
Ауэ девгъэплъыт нобэ хуэдэ махуэм къэхъум: цIыхум яIэри ямыIэри халъхьэри яхуэмышхыжын хуэдиз шхын къащэху. Яхуэмышхыжми тхьэмыщкIэм абы и Iыхьэ къыхэкIкъым.
Абы адэкIэ фадэм итхьэлэхукIэ нэху щыхукIэ йофэхэри, къыкIэлъыкIуэ махуэ зыбжанэри псыхэкIуадэ ящI. КъинэмыщIауэ а жэщым ирихьэлIэу нэщIэбжьэу къэхъум ущIэмыупщIэ. НтIэ, апхуэдэу махуэшхуэхэр зэрагъэлъапIэр?! Алыхьыр къэзыгъэгубжьын защIэу зэхэлъщ къекIуэкIыр.
Мис апхуэдэ напэтеххэм ириукIытэжын ипIэкIэ, дэ ди гьидхэм къахуопсалъэ языныкъуэхэр. Къытхуэпсалъэхэми, дафIэIэуанми дэ езыхэм я гьидыр догъэлъапIэ, уеблэмэ, езыхэм нэхърэ нэхъ ехьэжьауэ дыдох; абыкIэ ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжу къытщыхъуми дыщоуэ.
Языныкъуэхэм я щхьэ къагъэпцIэжри, сабийхэр мыхъуэпсэн папщIэ, жаIэри зыгуэрхэр ящIэну яужь йохьэ. Языныкъуэхэм зы махуэ махуитI ипэ иту ящIэнуIамэ ящIэ, абыкIэ къелын ягугъэхэу! Ауэ ахэр псори щхьэгъэпцIэжщ.
Аракъым абы и хэкIыпIэр. Абы и хэкIыпIэр дэ ди гьидхэм яхуэфащэ пщIэр хуэтщIын хуейуэ аращ. Дэ ди гьидыр сабийхэм къахуэмыгъэсу, дэ ди гьидым пащI щымыIэу, дэ ди гьидым нэгъуэщIхэр къехъуапсэу Iуэхур дгъэпсын хуейуэ аращ. Мис абы девгъэгупсыс дэтхэнэ зыри.
А ди гугъапIэр нэхуапIэ хъуауэ Алыхьым дигъэлъагъу! Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI! ДунеягъэкIи ахърэткIи Алыхьым и деж пщIэшхуэ къыщызылэжьын Алыхьым дищ!