Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нобэ Къемэт махуэр?

21.12.2012
Еджауэ 3 832

Муслъымэн жэмыхьэт! Пэублэ зиIэ псоми кIэух яIэщ, Алыхь Иным къищынэмыщIаи мыкIуэдыжын зыри щыIэкъым; псори мы щIым дыхэкIуэдэжынущ, мы дунеижьри езыр къэкъутэжынущ.

ЦIыхур щылIэжынур зыми ищIэкъым, ауэ и лIэжыным нэщэнэ гуэрхэр иIэ хабзэщи,  абы къыбгурегъаIуэ Iуэхур зытетыр.

Абы ещхьу мы дунеижьыр щыкъутэжынур зыми ищIэкъым, ауэ абы нэщэнэ гуэрхэр иIэщи, абыкIэ къыдгуроIуэ Махуэшхуэр гъунэгъу зэрыхъур.

Гъунэгъу къызэрыхъуар къыридощIэ, армырауэ мыпхуэдэ илъэсым техуэнущ е мыпхуэдэ махуэм ирихьэлIэнущ жытIэу бжыгъэ гуэрхэр къыхэдгъэщыну дыхуиткъым.

Бегъымбару щыIам я нэхъ лъапIэм صلى الله عليه وسلم а махуэр зытехуэр ищIэу щытакъым, мелыIычхэми я нэхъ лъапIэ Джибрил عليه السلام-ыми абы зыри хищIыкIкъым, нтIэ дэ дэнэкIэ дыкъыщыпыт? Ди мыIуэхум щхьэ диукIрэ?!

МыдэкIэ дунейм и къутэжынум нэщэнэ гуэрхэр иIэщ жытIами, ахэр дэ ди акъыл гъущэкIэ къыдгурыIуэну, зыгуэрхэр хуэдгъэфащэурэ жытIэну дыхуиткъым, атIэ жытIэу хъуар мы дунейр къэзыгъэщIыжа Алыхьышхуэм къыригъэха Тхылъым къитхауэ, къигъэкIуа лIыкIуэм къыбгъэдэтхауэ щытын хуейщ.

Апхуэдэ тегъэщIапIэ уимыIэу мыпхуэдэ Iуэху щэхухэм утепсэлъыхьыну зыупщыт хъунукъым. Апхуэдэу зыщIэр зэрыдиныншэм имызакъуэу икIи акъылыншэщ.

Алыхьыр къызэрытхуэмыупса щыIэкъым дэ мы дин лъапIэр къыщыдитам. Мы диныр мыхъуатэмэ, дэри модрейхэм ещхьу ди щхьэр щIэмыузын щхьэкIэ дгъэузу, ди мыIуэху зетхуэурэ ди Iуэхур нэгъуэщIхэм зэредгъахуэу дыпсэунут.

ЩIэх-щIэхыурэ хъыбар нэпцIхэр кърахьэжьэ щхьэхуещэ гуэрхэми, дин пэж зезымыхьэхэр е дин зезымыхьэххэ гунэщI-щхьэнэщIхэр егъэщхьэрыуэ, жейм емызэгъыжхэу ящI, ямыщIапхъэ ирагъащIэ. Нобэрей махуэ теухуауэ ягъэIуари абыхэм ящыщ зыщ.

Пэж дыдэу Къемэт махуэр джумгьэ махуэм ирихьэлIэнущ, ауэ ар щырихьэлIэнум мы щхьэхуещэхэм щыжаIэм дежкъым, атIэ Алыхьым ар иухрэ нэщэнэхэр псори къэунэхумэщ.

А нэщэнэхэр цIыкIу ину зэхедзыж, цIыкIухэм ящыщ гуэр къэхъури блэкIыжащ, языныкъуэхэр зэман къакIуэм къэхъунуращ, языныкъуэхэр иджыпсту къохъу, ауэ нэщэнэшхуэхэм ящыщ зыгуэри къэхъуауэ пхужыIэнукъым.

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم мыбы и Iуэхур и щхьэр течауэ къыджиIащ зыми зыри химылъхьэжыфыну: «Нэщэнэу пщIы фымылъэгъуауэ Къемэт махуэр къэсынукъым: Iугъуэр, Дэджджалыр, Даббэр (псэущхьэшхуэр), дыгъэр къухьэпIэмкIэ къызэрыкъуэкIынур, Гьисэ عليه السلام-ыр къызэрехыжынур, ЕIджудж-МэIджуджыр, къуэкIыпIэмкIэ зэ, къухьэпIэмкIэ зэ, хьэрып щIыналъэми зэ щIыр зэрыкIуэцIырыхунур; иужь дыдэу Емэн лъэныкъуэмкIэ МафIэ къызэрикIынур, цIыхухэр зэхуэсыпIэмкIэ ихуу». (Муслим).

А псалъэхэм яужькIэ зыми псалъэ иIэжкъым, абы япэ ибгъэувэн зыри щыIэкъым, ахэр зэхэзыха муслъымэнри тыншыжащ, игуми зигъэпсэхужащ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Къемэт махуэр къыщысынум дэ дыхимыубыдэнкIэ хъунущ, ауэ ди лIэныгъэр къэсмэ ди къемэт махуэри къызэрысынур тщIэжу пIэрэ?!

Къемэт махуэр тIэкIу жыжьэу къытщыхъуми, лIэныгъэр жыжьэу къытщыхъу хъунукъым, псом хуэмыдэжу Къемэт махуэм и нэщэнэхэм ящыщу «зэуэзэпс ажалыр» нобэ куэд хъуащ.

Къытехуэри лIащ, жаIэу дапщэрэ зэхэпхрэ? Абы щыхъумауэ хэт къытхэтыр? Арамэ, ди джэгуныр къэдвгъэгъани, ди фIэщу Iуэхум девгъэгупсыс, жейм дыкъыхэвгъэкIи, тщIэр тщIэжу, щIэтщIэри тщIэжу дывгъэпсэу.

Ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тыригъахуэ, фитнэ щэхуми, фитнэ нахуэми Алыхьым дыщихъумэ, и диным дыхуэпэжуи и пащхьэ дыришэж!