الحمد لله الآمر بالبر والإحسان، الناهي عن الإثم والعدوان، أحمده سبحانه أن هدانا للإيمان وعلمنا البيان، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، وأشهد أن محمدا عبده ورسوله، صلى الله عليه وعلى آله وأصحابه ومن تبعهم بإحسان إلى يوم الدين.
ФIыщIэр Алыхьым худощI, фIыуэ щыIэм дыхуэзыузэщIыр Аращ, Iейуэ щыIэм дыщызыгъащтэри Аращ. ФIыщIэр Абы худощI, ди гур иманым къыхузэIуихащ, ди гум илъыр къызэрытIуэтэн Iэмэпсыми къыдитащ.
Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, гъусэ абы зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ, Мухьэммэд صلى الله عليه وسلم-эм и бегъымбарыгъэм, Алыхьым и пщылIуи ар зэрыщытам. Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ, и сэламри къырих абыи, и унагъуэми, и щэхьабэ махуэхэми, Къемэт махуэ хъухукIэ абыхэм я лъагъуэм ирикIуэнухэми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэрей ди хъутIбэр, Алыхьым къыддиIыгъмэ, теухуауэ щытынущ, зи цIэр тхыдэм нуру къыхэлъыдыкI, муслъымэн Iуммэтыр зэрыгушхуэ, ди япэ фIыкIэ ищахэм нэхъыфI дыдэу яхэтахэм ящыщ зым.
Абы и цIэр зэхэзыхым занщIэу и нэгум куэд къыщIоувэ, куэди игу къокIыж. Сыт хуэдэ утыку уихуэми, сыт хуэдэ упщIэ къаIэтми, абы теухуауэ, абы мыр жиIат, мыпхуэдэу ищIат, жыпIэфын хуэдэу зэхэлъащ а цIыху лъапIэм и гъащIэр.
Алыхьым и бгъэдэтыкIэм теухуауэ къэтщтэнщи, «жэщ нэмэз» жыпIэрэ къебгъажьэмэ, ар щапхъэщ, «псапэ нэщI» жыпIэмэ, абыкIи къыхощ, тхьэшынагъэкIэ къапщтэмэ, нэпсым дихауэ и нэ лъабжьитIым лъагъуэ ехыу щытащ; пэжымкIэ къимыкIуэтыным ехьэлIауэ къащти, шейтIаныр къыщыщтэу щытащ.
А псом иужькIэ къэщIэгъуейкъым зи гугъу тщIыну цIыху лъапIэр хэтми. Зи гугъу тщIынур Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIабщ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, ФарукъкIэ зэджэу щытар, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم псэухукIэ игъусар, лIэжа нэужькIи бгъуралъхьэжар.
Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м жиIэт: «ЦIыхуфIхэм я цIэ къыраIуэмэ, Гьумэр занщIэу къегъэблагъэ. НэхъыфI дыдэу КъурIэныр зыщIэу, нэхъыфI дыдэуи диным хэзыщIыкIыу дэ къытхэтар Гьумэрщ!».
Гьумэр диныр къыщищта сыхьэтым щегъэжьауэ муслъымэнхэм псэщIэ къахыхьэжащ, я гури къызэрыгъуэтыжащ. Езы Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم-эм дугьэ ищIауэ щытат, диныр и гум абы къырилъхьэнуи, Бегъымбар дугьэкIэ диныр абы къищтауэ пхужыIэнущ.
Япэ дыдэу муслъымэн илъэс къэбжыкIэр къезыгъэжьар Гьумэрщ, КъурIэныр зэхуэхьэсыжыным япэ дыдэ щхьэусыгъуэ хуэхъуари аращ, нобэрей ди турыхь нэмэз щIыкIэри къэзыублэжауэ щытар Гьумэрщ. Япэ дыдэу Гьумэрщ къезыгъэжьар унафэщIыр жэщкIэ къыдэкIыурэ цIыхухэм я псэукIэм, я гукъеуэм щыгъуазэ зыхуэщIыныр.
Апхуэдэу жэщкIэ къыздикIухьым зы унэ гуэрым щIыхьэу гу лъитауэ щытащ абы ТIэлъхьэ. Нэху къекIри а унэм ТIэлъхьэ кIуэри щIыхьащ. ЗыдыщIыхьам и нэр къэмыплъэу фызыжь щыпсэууэ гу лъитащ. -Мы лIы къакIуэм сыт мыбы щищIэр? – жиIэу щеупщIым, — мыпхуэдиз зэман хъуауэ аращ сызезыхьэр, унэм фIей щIэлъри щIэзыхыр, — жиIащ фызыжьым. Уэ пхулъэкIмэ умыгъэщIагъуэ ар!
Муслъымэнхэм я Iуэхур и пщэ зэрыдэлъым папщIэ егъэлеяуэ гузавэу щытащ Гьумэр. «Евфратыпсым и Iуфэм зы бжэн щыIулIыхьмэ, абыкIэ сэри Аллаху Тэгьалам жэуап сигъэхьынкIэ согузавэ», — жиIэт.
ГъэщIэгъунракъэ, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу, тхьэшынагъэ зыхэлъу псэуахэм псоми я псалъафэщ мыр. Къанэ щымыIэу абыхэм псоми жаIэу щытащ, мы Гьумэр жиIэу щытам хуэдэ зыгуэр: «СыкъамыгъэщIыхамэ, сыкъамылъхухамэ, зыри сыримыIысыххэу щытамэ… арат», — жыхуиIэр, апхуэдизкIэ Тхьэм фIэлIыкIти.
И Тхьэм и зэфIэкI иныр къыщыгурыIуэм, езым и зэфIэкIыр зэрыцIыкIур къыгурыIуэжащ Гьумэр. Ар къыгурыIуэжу, и щхьэр щырихьэхым, Езы Алыхьми ар иIэтащ.
Мис абы и зы щапхъэ: «УафэмкIэ къипсэлъыкIыу зыгуэр къытхэпсалъэрэ: «Фэ псори Жэнэтым фыкIуэнущ, зы лIы закъуэ къищынэмыщIа, — жиIатэмэ, а зы лIыр сэрауэ сигугъэнут…», — жиIэу щытащ Гьумэр.
Зэгуэрым Гьумэрым гу лъатащ и пщэм псылъэр дэлъу къикIухьу. Мы дунейм муслъымэну тетым я унафэщIым ар щыдалъагъум ягъэщIэгъуащ. АрщхьэкIэ Гьумэр ищIэр ищIэжти, жэуапу къитащ: «Зыгуэрурэ зыкъысщыхъужати, тIэкIу зызгъэпудыжыну мурад сщIауэ аращ!».
Мугьауие رضي الله عنه-м жеIэ: «Абу Бэкр езыри мылъкум хуейуэ, езы мылъкури къыхуейуэ щытакъым, Гьумэр мылъкур езыр къыхуейт, ауэ езыр мылъкум хуейтэкъым». Мы дуней мылъкур IэщIэлъу псэуфын пэтрэ, ар къыфIэIуэхуакъым, жыхуиIэщ.
Лы ишхыу и къуэр щысу Гьумэр ирихьэлIауэ щытащ зэгуэрым. – «Сыт мыр?»-жиIэу щыщIэупщIэм, — Сигу къихьати сошх, — жиIащ. – «Уигу къихьу хъуар пшхыуэ ара уэ?! Уигу къихьэу, узэхъуапсэу хъуар пшхымэ, абы нэхъ Iисраф дэнэ къипхын?!»-, жиIащ Гьумэр.
Ирак лъэныкъуэмкIэ кърахри, мылъкушхуэ Мэдинэ къахьауэ щытащ, дыщи, дыжьыни, нэгъуэщI мывэ лъапIэ куэди хэлъу. Гьумэр абы щеплъым къыщиудри гъащ, жаIэ. — Уа сытым и гъыгъуэ иджыпсту, угуфIэн хуейуэ аращ!, — щыжаIэм, «А фэ фыздэщыIэм сыщыIэкъым сэ иджыпсту, атIэ сегупсысауэ аращ, мыр цIыхум я зэхуаку къыдыхьэмэ, зэмызэуэжу къызэрымынэм».
ТкIиягъ гуэр хэлъу щытащ Гьумэр, ауэ ткIиягъым захуагъэ хэлъу, зы цIыхум лей тримыгъыхьэу. – ЦIыхухэм убзаджэщ, жызыIэ яхэтщ – къыжраIат зэгуэрми, жэуапу къитам феплъ: «Сэ сигур абыхэм ятеухуауэ гущIэгъукIэ зыгъэнщIа, абыхэм ягур сэ стеухуауэ шынагъэкIэ зыгъэнщIа Аллаху Тэгьалам фIыщIэ хузощI!».
Алыхьыр арэзы къыхуэхъуну, езыри арэзы къищIыжыну дыхуолъаIуэ Гьумэр. Дэри Алыхьым гущIэгъу къытхуищI, дунеягъэкIи ахърэткIи цIыхуфIхэм гъусэ дахуищI!
Щхьэныкъуэ А.
16 Рэбигь Iэс-Сани, 1433
9 март, 2012гъэ.