Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къурмэным теухуауэ хъутIбэ

الحمد لله حمدًا كثيرًا، والله أكبر كبيرًا، وسبحان الله بكرة وأصيلاً.

 وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له؛ كان ولم يكن شيء قبله، وعلم كل شيء فأراده، وكتب القدر، وخلق الخلق.

وأشهد أن محمدًا عبده ورسوله، وصفيه وخليله؛ أعزه بدينه، وأمده بجنده، وأيده بنصره، فكان منصورًا، صلى الله وسلم وبارك عليه وعلى آله وأصحابه وعلى التابعين لهم بإحسان. أما بعد:

ФIыщIэр куэду Аллаху Тэгьалам худощI, лъагэу Алыхьыр доIэт, жэщи махуи Ар хыдоIэтыкI.

Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэм и закъуэныгъэм, гъуси Iыхьэгъуи зэримыIэм, Мухьэммэд лъапIэри Абы и пщылIу икIи и лIыкIуэу зэрыщытым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ махуэ лъапIэщ, дунейм муслъымэну тетым я гуфIэгъуэ махуэщ. Нобэ муслъымэнхэм Аллаху Тэгьалар ягъэлъапIэ, я даIуэныгъэр къагъэлъагъуэ, фIыщIэ Алыхь Иным хуащI.

ХьэжыщIым щыIэхэм нобэ щIыпIэ лъапIэхэм лэжьыгъэшхуэхэр щалэжь: Муздэлифэм къикIыжахэу Минэм мывэ щадз, абы иужькIэ хьэжым и къурмэныр яукIынурэ я щхьэр ирагъэщынущ, Кэгьбэр зыдэт мэжджытым ехынурэ тIэуаф щащIынущ.

Хьэж щIыпIэм мыкIуэфахэми нобэ Iэмал яIэщ хьэж зыщIхэм ящIэхэм хуэдэ гуэр ящIэну: фIыщIэ Алыхь Иным хуащIу къурмэныр Алыхьым и цIэкIэ яукIыну.

Нобэ гуфIэгъуэшхуэщ, уеблэмэ гуфIэгъуэ тIуащIэщ: къурмэным и гьидри, жумхьэм и гьидри зэтехуащи, Аллаху Тэгьалар зэуэ фIыгъуитIкIэ къытхуэупсащ.

ГьидитI щызэрихьэлIэм и деж, зы гьидыр тщIамэ адрейр тщхьэщыкIкъэ, зы махуэм и кIуэцIкIэ гьидитI тщIыну ди къалэн? –жыхуиIэ упщIэри утыкум къохьэри, абы сыт и жэуап?

Гьид нэмэзыр пщIамэ жумхьэ нэмэзыр пщхьэщыкIыу къызыхэщ хьэдис гуэрхэр щыIэщ, ауэ а хьэдисхэм языныкъуэр пэжкъым, языныкъуэр, къарыкI мыхьэнэм теухуауэ, гугъэзагъэу щыткъым.

Апхуэдэу щыщыткIэ, зэфарзым шэч хэмылъ жумхьэ нэмэзыр шэч зыхэлъ Iуэхугъуэ гуэркIэ къызэрыбгъэнэнур дауэ? Зи диным тегузэвыхь муслъымэныр абы тегушхуэнукъым.

НэгъуэщIу мыбдежым къыхэгъэщыпхъэр: мы махуэхэм и кIуэцIкIэ фарз нэмэз нэужьхэм тэкбир жыIэн зэрыхуейращ. Абы и жыIыкIэр мыращ: «Iэл-Лаху Iэкбэр, Iэл-Лаху Iэкбэр, ла Iилахэ Iиллэл-Лах, уэл-Лаху Iэкбэр, Iэл-Лаху Iэкбэр, уэ лил-Ляхил-хьэмд».

Тэкбир жыIэныр езыр дыгъуасэрей пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ, махуиплIкIэ зэпищэн хуейщ, еплIанэ махуэм и ичынды нэужьым и деж щиухыжу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Гьидым и купщIэхэм ящыщщ: гьид махуэм щегъэжьауэ гъащIэм и зы напэщIэ къызэIутхыу, гуэныхьхэри ди щIыбагъым къыдэднэу псэукIэщIэ дыублэныр.

Хьэжыр зыщIам и Iуэхур гурыIуэгъуэщ, ар екIуу зыщIар и анэм къызэрилъхуам хуэдэу гуэныхьыншэу къэкIуэжынущ, ауэ хьэжым щымыIахэми я гуэныхьыр къащIыхуэгъун гуэрхэр ялэжь хабзэщ, Гьэрэфэ махуэм нэщI яIыгъми, къурмэн яукIми, нэгъуэщIми.

Аллаху Тэгьала ЛъапIэм долъэIу, муслъымэнхэр зыхэт гузэвэгъуэхэр ящхьэщихыну, я гуфIэгъуэр кIыхь ищIыну. ДолъэIу Аллаху Тэгьалам ди нэмэзи, ди къурмэни, псапэу длэжьа псори къабылу тIихыну, етIэнэгъэ пIалъэ дыузыншэу, имани дбгъэдэлъу дынигъэсыну!