Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зул-Хьиджджэм и махуипщIыр

ФIыщIэри, щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Алыхь Закъуэрщ. Аращ щытхъу къызыхуэтхьри, фIыщIэ зыхуэтщIри, гущIэгъурэ дэIэпыкъуныгъэрэкIэ дызыщыгугъри. Алыхьым и сэламыр къырихыну и нэфIри къыщыхуэну дахуолъаIуэ Мухьэммэд лъапIэми, абы и унагъуэм исахэми, абы игъуса цIыху махуэхэми, Тхьэ унафэм жыIэщIэ хуэхъуу Абы хьэкъ къыбгъэдэкIам хуэпэж псоми.

Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшыни гъащIэм щыщу къытхуэна пычыгъуэр фIыгъуэкIэ едвгъэхьэкI, хьэулейуэ блэдгъэкIа зэманми дерс хэдвгъэх, ди япэ ищахэми девгъэгупсыс, ахэм кIэух яхуэхъуар дэри зэрытхуэхъунур зыщыдвмыгъэгъупщэ.

МылIэжын къытхэткъым, Алыхьым дыфIэкIыу е дыIэщIэкIыу зыщIыпIи дыкIуэфынукъым, атIэ дэтхэнэ зыри Абы и пащхьэ дихьэжынущи, дыщIэукIытэжын дымыщIауэ и пащхьэ Алыхьым дыришэж!

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэман етхьэкIыр зэхуэмыдэу Аллаху Тэгьалам зэхигъэуващ, гьибадэтыр зы пэтми, зэманым елъытауэ нэхъыбэ псапэ къыдэкIуэу ищIащ. Псалъэм папщIэ, жэщ псом иужьрей Iыхьэр къахихащ, тхьэмахуэм махуэу хэтым нобэрей махуэр яхигъэлъэпIыкIащ, мазэхэми нэщI мазэр япэ иригъэщащ.

Иджыпсту дызыхэт махуэхэр, зул-хьиджджэ мазэм и махуипщIри а махуэ лъапIэхэм ящыщщ. Уеблэмэ абы теухуауэ صلى الله عليه وسلم-эм жиIэм девгъэдаIуэ: «Мы махуипщIым хуэдэу лэжьыгъэфIхэр Аллаху Тэгьалам фIыуэ щилъагъу махуэ зыри щыIэкъым». (Бухъарий).

Абы и щхьэусыгъуэри, Алыхьым нэхъ ещIэри, мы махуэ дызыхэтхэм я кIуэцIкIэ гьибадэт куэд зэмылIэужьыгъуэу пхуэлэжьынущи аращ: нэмэзми, дугьэми, сэдэкъэ птыми, нэщI пIыгъми, КъурIэн уеджэми, зикр пщIыми, адэ-анэр бгъэгуфIэми, Iыхьлы-благъэхэм уакIэлъыкIуэми, гьумрэ-хьэж пщIыми, къурмэн быукIми, нэгъуэщIхэри…

Муслъымэн илъэс къэбжыкIэмкIэ иджыпсту илъэсым и иужьрей мазэм дыхэтщ. БлэкIа мазэхэм псапэ илъэныкъуэкIэ бэлэрыгъахэм яIэщIэкIар зэрагъэзэхуэжыну, илъэсыр имыкIыпэ ипэ яхуэмылэжьар иджыпсту ялэжьыжыну Iэмал ягъуэтащ.

Илъэсыр икIэм зэрынэблэгъам ди гъащIэм и кIэухым дырегъэгупсыс. Нобэ хуэдэу а кIэухри къызэрысынур ди нэгу къыщIегъэувэ. Ауэ дызэрылIэжынум дегупсысу дыщыскIэ зыри къытхэхъуэнукъым, абы щхьэкIи ар къэмысу къэнэнукъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы махуипщIым нэхъыфI дыдэу яхэт махуэхэм ящыщщ: ебгъуанэ махуэр, Гьэрэфэ махуэр. А махуэм, хьэж зыщIыну кIуахэр зыри къэмынэу, псори зэгъусэу зы щIыпIэм и деж щызэхуэсынурэ Аллаху Тэгьалам елъэIуу щызэхэтынущ.

ЖеIэ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым а махуэм ехьэлIауэ: «Гьэрэфэ махуэм хуэдэу куэду Аллаху Тэгьалам цIыхухэр Жэхьэнэмэ мафIэм къыщыхиутIыпщыкI махуэ зыри щыIэкъым…». (Муслим).

Гьэрэфэ махуэращ мы дин лъапIэр икIэм зэрынэсар икIи зэрырикъуар къызыхэщ аятыр къыщехар. Дин нэгъэса уиIэнри фIыгъуэу щыIэм я нэхъ фIыгъуэщ.

АдэкIэ епщIанэ махуэращи, ар гьидышхуэ махуэ зыхужаIэращ. НэщI икIыж гьидым нэхъри ар нэхъ лъапIэу ябж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гьибадэт нэхъыби а махуэм щалэжь. Мэгъэм жумгьэм и гьидымрэ къурмэным и гьидымрэ зэтохуэри, нэхъри нэхъ лъапIэж ар мэхъу.

Мы махуипщIым и Iуэхур КъурIэн лъапIэми къыхощ. Абыхэм я кIуэцIкIэ муслъымэнхэм Алыхьыр зикр зэращIри къыщокIуэ. Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم зэрыжиIэщи: «Мы махуипщIым хуэдэу лэжьыгъэфIхэр Аллаху Тэгьалам фIыуэ щилъагъу махуэ зыри щыIэкъыми, нэхъыбэ фщIы «ла Iилахэ Iиллэл-Лах, Iэл-Лаху Iэкбэр, Iэл-хьэмду лил-Лях» псалъэхэр жыфIэныр». (Ахьмэд).

Имам Iэн-Нэуэуий رحمه الله  етх мыбы теухуауэ: «Зыщомыгъэгъупщэ, мы махуипщIым зикр щIыныр, адрей махуэхэм яхуэмыдэу, нэхъыбэ пщIыныр зэрыIуэхуфIыр. Псом хуэмыдэжу Гьэрэфэ махуэм нэхъ щегугъын хуейщ зикрым». «Iэл-Iэзкар».

КъинэмыщIауэ мыри щIыгъужыпхъэщ: мы махуэхэм ялэжь псапэхэр апхуэдэу Алыхьым щыфIэфIкIэ, псапэ нэхъыбэ къызыдэкIуэхэм ящыщщ: нэщI Iыгъыныр. Псом хуэмыдэжу ебгъуанэ махуэм, Гьэрэфэ махуэм, девгъэгугъу, а махуэм яIыгъа нэщIым гуэныхь блэкIахэр игъэгъуу хьэдис пэжыр къокIуэ.

Арамэ, мы махуэ лъапIэхэм Аллаху Тэгьалам дызэрыхигъэубыдам я фIыщIэ дывгъэщIи, ахэр зэрыгъэкIуапхъэу дывгъэгъакIуэ: псапэ лэжьыныр нэхъыбэ дывгъэщI, Алыхьым фIэмыфIхэм япэжыжьэ дывгъэхъу!