Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр! (2\2)

ФIыщIэр нэгъэсауэ зыхуэфащэр Аллаху Тэгьаларащи, фIыщIэр ину Алыхьым худощI, щэлатри сэламри лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм идох!

Муслъымэн жэмыхьэт! ЛIыкIуэм я нэхъ лъапIэр Мухьэммэд  صلى الله عليه وسلم-эр арамэ, щэхьабэхэм я нэхъ лъапIэр Абу Бэкр, رضي الله عنه-ращ. Ди хъутIбэ кIуари а цIыху лъапIэм тедухуащ, нобэрей ди хъутIбэри, Алыхьым жиIэмэ, абы тедухуэнущ.

«ЦIыхур фIыуэ илъагъуу щытам гъусэ хуэхъужынущ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام. (Муслим). Ауэ зыгуэр фIыуэ пхуэлъагъун папщIэ, ар япэрауэ фIыуэ къэпцIыхун хуейщ, бгъэдэлъа фIыгъуэхэми уащыгъуэзэн хуейщ. Аращ дэри мы цIыхуфIым дыщIытепсэлъыхьыр.

Иужьрей зэманым псэуа зы щIэныгъэлI етх мыпхуэдэу: ( Нэхъ цIыху хэIэтыкIахэм хабжэхэм щыщу, ахэр муслъымэнми мымуслъымэнми, мин зыбжанэм я гъащIэм седжэжати, гу зэрылъыстамкIэ: хэт и гупсысэкIэкIэмкIэ нэхъ къыхэщащ, хэти и псэлъэкIэмкIэ, хэти и хьэлымкIэ, хэти къигъэна IэужьхэмкIэ. Ауэ Гьумэр رضي الله عنه-м ахэр псори зэгъусэу зыдыхэлъу гу лъыстащ.

Ауэ нобэ мыр схужыIэнущ: Абу Бэкр رضي الله عنه-р сыт иIыс теухуауи Гьумэр нэхърэ нэхъ хэIэтыкIат, уеблэмэ Гьумэр нэхъ къызэрыхэщ ткIиягъым ехьэлIауэ къащти, зи IэпкълъэпкъкIэ къаруушхуэ зыхэлъу щымыта Абу Бэкр Гьумэр нэхърэ нэхъ ткIиижт). «Гьэлий IэтI-ТIэнтIауий».

Абу Бэкр رضي الله عنه –м и ткIиягъым ехьэлIауэ мыбы зи гугъу ищIыр: ар бзаджэу, шхыдэрейуэ, цIыху пхъашэу щытауэ аракъым, атIэ щабэ пэтрэ зыхуейр кIуэцIригъэкIыфу, езыр зытетыр зэрыхьэкъыр къыгурыIуа нэужь зыри пэмыувыфу зэрыщытаращ.

Ар нэрылъагъуу Абу Бэкр къыхэщащ «сэджытыр ттынукъым» жаIэу зыгуэрхэр щиувыкIам щыгъуэ.  Абу Бэкр и ткIиягъыр егъэлеяуэ Гьумэр къыщыхъури абы щыгъуэ жиIат: «Уэ, Бегъымбарым и хъэлифэ, цIыхухэр тIэкIу къызэрыдэпхьэхынум яужь ит, тIэкIу нэхъ яхуэщабэ!».

АрщхьэкIэ Абу Бэкр нэгъэсауэ къыгурыIуат ищIэр зэрыпэжри, абы упэлъэщыжынутэкъым. Гьумэрым жэуапу къыритами еплъ абы: «Джахилийе зэманым «емылыджу» ущытауэ, иджы муслъымэн ущыхъум «емыкъуж» ухъуауэ ара?! Уэхьийр къехыжкъым, динри нэгъэса хъуащ, нтIэ а нэгъэсар сэ сыпсэууэ ныкъуэ езгъэщIын уи гугъэ?!». (Рэзин).

Хьудейбийем щыгъуи зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIэм, мушрикхэм ящыщ гуэрхэм ауан хэлъу щэхьабэхэм зыгуэр къащыжриIэм, ар ипIэ иригъэтIысхьэжу ткIийуэ жэуап иритауэ щытащ Абу Бэкр.

УщыткIиипхъэм и деж уткIиймэ ар къокIу икIи къозэгъ. Ауэ ар къыщезэгъри къыщемызэгъри умыщIэу зыбгъэткIиину яужь уихьэмэ, уэ Абу Бэкр зызогъэщхь жыпIэурэ, аслъэным зезыгъэщхь джэдум ещхь ухъунущ.

«Абу Бэкр رضي الله عنه-р адрей щэхьабэхэм япэ щIищам и щхьэусыгъуэр нэмэз нэхъыбэ ищIу е нэщI нэхъыбэрэ иIыгъыу зэрыщытаракъым, атIэ и гум быдэу хэтIысхьа фIэщхъуныгъэращ», — жеIэ зы щIэныгъэлI(Бэкр ибн Гьэбдиллях). ИщхьэкIэ къыжытIа IуэхущIафэхэми къыхощ апхуэдэ зыгуэр.

Абу Бэкр رضي الله عنه-р псоми япэ зэритыр икIи абы япэ зэримыщыфынур иджыри Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-эр псэууэ зэхэкIа Iуэхут, Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-эр дунейм ехыжа нэужьи а зэхэкIар зэхэкIауэ къэнат.

Зы цIыхубз гуэр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм и деж къэкIуауэ щытащ. Зэман дэкIмэ къытригъэзэну Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм цIыхубзым щыжриIэм, модрейм жиIащ: — ЗыгуэркIэ сыкъакIуэурэ уэ узмыгъуэт хъумэ-щэ (ущымыIэжу, дуней утемытыжу, жыхуиIэт)?  «Сэ сумыгъуэтыжмэ, Абу Бэкр зыхуэгъазэ!», — жыриIащ абы صلى الله عليه وسلم-эм. (Бухъарий).

ЦIыхухэм ящыщу нэхъыфI дыдэу хэт плъагъур, жаIэу صلى الله عليه وسلم-эм къыщеупщIхэм, къехьэкI-нехьэкI химылъхьэу занщIэу «Абу Бэкрщ», — жиIауэ щытащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий).

А лъагъуныгъэр Абу Бэкр къилэжьыфащ и IуэхущIафэхэмкIэ, и хьэл дахэмкIэ, и лIыгъэмкIэ, и шыIэныгъэмкIэ, и тхьэшынагъэмкIэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдизу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм фIыуэ къилъагъуу щытар, щэхьабэхэм нэхъыфI дыдэуи яхэтар иджыри нэхъыфIыжу къэсцIыхуарэт,  абы теухуауэ нэхъыбэж сщIарэт, жытIэн хуейщ дэтхэнэ зыми. ИкIи абы ипкъ иткIэ ди Iэр зылъыIэс тхылъхэм зэ дыхэвгъэплъэж мыбы ехьэлIауэ.

Хьэлэмэт защIэу зэхэлъащ а цIыху лъапIэм и гъащIэр.  ЦIыху щабэ къэплъыхъуэмэ, щабэ и нэхъ щабэжт ар; цIыху пхъашэ къэплъыхъуэми, щыпхъэшапхъэм и деж пхъашэт; уунафэщIмэ ар щапхъэ пхуэхъунущ, уцIыху къызэрыгуэкIми ар щапхъэ пхуэхъунущ.

Арат Гьумэр رضي الله عنهم-ми щIыжиIэр: «Уэ уи иужькIэ къэкIуэнухэр гугъуехьым хэбдзащ!». Абу Бэкр, мыпхуэдэу мопхуэдэу щытащ, уэ щхьэ ущымытрэ апхуэдэу, жаIэурэ цIыхухэр гугъу ирагъэхьынущ, жыхуиIэт.

Алыхьыр арэзы къыхухъу а цIыху лъапIэми, адрей щэхьабэ псоми. Дэри Алыхьым дыхимынкIэ и рэхьмэтым. Бегъымбар лъапIэри, щэхьабэ махуэхэри, яхуэфэщэж лъагъуныгъэкIэ, зылъагъун Алыхьым дищI, напэ хужькIи а цIыху лъапIэхэм дахишэж!

Щхьэныкъуэ А.