الحمد لله، دل على الحق ورفعه، ونهى عن الباطل ووضعه، أحمده سبحانه وأشكره، وأتوب إليه وأستغفره، لا مانع لما أعطاه ولا معطي لما منعه.
وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، وأشهد أن محمداً عبده ورسوله، حاز من الفضل والشرف أكمله وأجمعه، صلى الله وسلم وبارك عليه، وعلى آله وأصحابه ومن اقتفى أثره واتبعه. أما بعد:
Ф1ыщ1эр Алыхьым хуэфащэщ: пэжым и пщ1эр и1этри, абы дытемык1ыну унафэ къытхуищ1ыжащ, пц1ым и пщ1эр ириудыхри, абы дыщигъэщтэжащ. Ф1ыщ1эр худощ1 Лъагэу, Лъап1эм; тоби Абы и деж къыщыдохьыж, гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну долъэ1у….
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди хъут1бэ блэк1ахэмк1э дэ ягугъу тщ1ащ адэ-анэм я хьэкъымрэ, 1ыхьлыхэм я хьэкъымрэ. Абыхэм яужь иту Ниса1 сурэм къак1уэ аятым (36) дыкъыхуреджэ адрейхэм я нэхъ лейуэ нэхъыф1у дахущытыну -зеиншэхэм.
Зеиншэ хъужри, езы псалъэм къызэрыхэщщи, «зейхэр» зимы1ыжращ, ауэ Ислъам диным зеиншэм къыригъэубыдэр адэ зимы1эж сабийращ. «Ибэ» псалъэми ар нэхъ къок1.
Муслъымэн диным и унагъуэ гъэпсык1эмк1э къапщтэмэ, адэращ унагъуэм щхьэщытыну, унэм исхэр зыхуей хуигъэзэну зи пщэ дэлъыр. Абы ипкъ итк1и, адэ зыщхьэщымытыж сабийращ утыкум къинауэ, гулъытэ нэхъыби хуэныкъуэу ибжыр.
Къур1эн аятхэри, бегъымбар хьэдисхэри зым жи1эр адрейм щ1игъэбыдыхьыжу къок1уэ зеиншэм и хьэкъым теухуауэ: зэм абы псапэ къыхэк1ым дытригъэгушхуэу, зэм абы хуэмысакъыным, абыхэм я жагъуэ щ1ыным гуэныхь къыдэк1уэм дыщигъащтэу.
Узыгъэгушхуэхэр къэтщтэнщи, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم абы теухуауэ жи1ам иужьк1э нэгъуэщ1 зыри ухуеижкъым. «Сэрэ зеиншэ зып1ымрэ мис мыпхуэдэу Жэнэтым дызэгъусэнущ», — жи1эщ л1ык1уэ лъап1эм صلى الله عليه وسلم ику ит 1эпхъуамбэмрэ 1эпхъуамбапщэмрэ (указательный) т1эк1у зэк1эщ1эхауэ къаригъэлъэгъуащ. (Бухъарий).
Ибн Бэт1т1ал щ1эныгъэл1ым رحمه الله а хьэдисым теухуауэ же1э: «Мы хьэдисыр зэхэзыхам, абы къызыхуриджэр зэхилъхьэну хьэкъ щохъу, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم Жэнэтым гъусэ щыхуэхъун папщ1э, ик1и пэжращи Ахърэтк1э абы нэхъ увып1э лъагэ щы1эххэкъым».
Ди дин 1уэху, ди ахърэт 1уэху теухуауэ зеиншэм дыхуэдэщ дэтхэнэ зыри. А зеиншагъэм дыкъизышар л1ык1уэ лъап1эращ صلى الله عليه وسلم. Абы зыгуэрк1э ещхьщ зеиншэм и нэ-1эр тету къэзыгъэхъур. Арагъэнщ ар Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام щ1ыгъуу Жэнэтым щ1исынур.
Езы Бегъымбар дыдэри صلى الله عليه وسلم зеиншэу къэхъуащ. Зеиншэу щы1эми ар я щапхъэщ ик1и я тегъэуп1эщ.
Ибн Гьумэр رضي الله عنهما и хъыбархэм къахощыж, и 1энэм сыт щыгъуи зеиншэ пэрысу щытауэ, зеиншэ зыпэрымыс 1энэ 1ут1ысхьэуи щымытауэ.
Унагъуэу щы1эм я нэхъыф1ыр, зыхуей хуэзэ, зеиншэ зэрысращ, унагъуэу щы1эм я нэхъ 1ейри, лей къызытехьэ, зеиншэ зэрысращ.
Мыдрей лъэныкъуэмк1э дыкъеплъмэ, зеиншэм и мылъкур ф1эпшхыныр гуэныхь нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къызэрык1уэри пхурикъунщ мы 1уэхум ущигъэшынэну ик1и ущигъэщтэну. (Ар Бухъарийрэ Муслимрэ къа1уэтэжащ).
Мы аятхэми девгъэгупсысыт зэгъусэу: «أرأيت الذي يكذب بالدين؟ فذلك الذي يدع اليتيم» — «Диныр зи ф1эщ мыхъур плъэгъуа уэ? Ар зеиншэм пхъашэу хущытращ». Абы къик1ращи, диныр зи ф1эщ хъур зеиншэм пхъашэу зэик1 хущытынукъым, дин зехьэнымрэ, апхуэдэ хьэл пхэлъынымрэ зэгъусэ пхуэщ1ынукъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Адэ-анэ зыщхьэщыту къэхъу сабийм зыхуэныкъуэм хуэдиз щабагърэ, гулъытэрэ игъуэту къызэрыхъум папщ1э, ц1ыху зэп1эзэрыту къэтэдж хабзэщ.
Ауэ зеиншэм ахэр зэримыгъуэтым папщ1э и щхьэ илажьэу, ц1ыхум защигъэпщк1уу, и закъуэ зиудыгъужрэ щысу, гущ1эгъу къыхуэзыщ1ын къилъыхъуэу, и щхьэм 1э къыдэзылъэным худэплъейуэ утыкум къонэ.
Апхуэдэ сабийм адэ пэлъытэм хуэдэу гущ1эгъу къыхуищ1у зыгуэр къыщхьэщымытмэ, жылэми абы гулъытэ хуамыщ1мэ – и хьэлыр зэтек1ауэ, и гупсысэк1эри зэблэшауэ, ц1ыхухэми ятеплъэ мыхъуу, псоми яхузэгуэпу къэхъунущ.
Щэхьабэхэм, табигьинхэм я сабийхэм зыгуэр я1ыгъыу уэрамым къыдагъэхьэу щытакъым, тхьэмыщк1эм е зеиншэм къалъагъуу я гур ныкъуэ мыхъун папщ1э. Ари щыщщ а гупсысэм.
Политикэ ф1ей езыгъэк1у къэралыгъуэхэм я хабзэхэм щыщу жа1э, апхуэдэу гулъытэншэу къэхъуа сабийхэр къэралыдзэм хагъахьэрэ, щхьэусыгъуэ къызэрыхъуу ц1ыхухэр гущ1эгъуншэу абыхэм зытрагъэук1ыу.
Аращи, зеиншэм гулъытэ щыхуэтщ1ым и деж япэ дыдэ ди щхьэ гулъытэ хуэтщ1ыжу аращ. Ауэ, абы ипэ итыжу Аллаху Тэгьалам къыдитыжыну псапэм дыщыгугъмэ, дунеягъэк1и ахърэтк1и ди насыпщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Зеиншэ и унагъуэм иришал1эу дэтхэнэ зыми хуэмып1ынк1э хъунущ, ауэ ар схуэзэф1эк1къым жып1эу ут1ысыж хъунукъым, ат1э щхьэж хузэфэк1ым хуэдэу зеиншэм зыщ1игъэкъуэн хуейщ, зыри мыхъужыххэмэ, псалъэ дахэк1э.
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэк1! Алыхьым муслъымэнхэр къихъумэну, адэхэри бынхэм яхуихъумэну, адэншэу къэна бынхэми къащхьэщытыну долъэ1у!