Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЩIэиным и гуэшыныр

04.11.2024
Еджауэ 47

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур и закъуэу мы дунейм щытемыткIэ и Iуэхур лъэныкъуиткIэ зыхэлъынущ: зы лъэныкъуэкIэ къалэн гуэрхэр и пщэ дэлъынущ, абы пэкIуэу нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ езым хьэкъ гуэрхэр иIэнущ.

Къалэнхэмрэ, хьэкъхэмрэ зыхуей хуэзауэ щытыхукIэ унагъуэми, жылэми зэгурыIуэ къыщекIуэкIынущ, ауэ абыхэм ящыщ зыгуэр къызэрыту псалъэмакъым и бжэр къызэIукIынущ.

Псом хуэмыдэу къалэнымрэ, хьэкъымрэ мылъкум епхауэ щыщытым и деж абы нэхъыбэ псалъэмакъ къокI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мылъкур цIыхум я псэм хэтщ, езы ТХЬЭШХУЭМИ жеIэ:

“وَتُحِبُّونَ الْمَالَ حُبًّا جَمًّا”.

«Мылъкур икъукIэ фIыуэ фолъагъу». (Iэл-Фэджр сурэ, 20-нэ аят).

Мылъкум нэхъыбэу псалъэмакъ къыщикIри абыкIэ зэгуэт, зэхэт щыщыIэм и дежщ. Зи мылъку зэхэлъхэм я зэхуаку куэдрэ псалъэмакъ къыдохъуэж. Ар АЛЫХЬЫШХУЭМИ къыхигъэщащ:

“وَإِنَّ كَثِيرًا مِنَ الْخُلَطَاءِ لَيَبْغِي بَعْضُهُمْ عَلَى بَعْضٍ إِلَّا الَّذِينَ آمَنُوا وَعَمِلُوا الصَّالِحَاتِ وَقَلِيلٌ مَا هُمْ”.

«ЗэIыхьэгъухэм ящыщ куэдыр зыр адрейм йокъуэншэкI, Iиман зиIэу фIы зыщIэхэм нэмыщI, ауэ апхуэдэхэр мащIэщ». (Щад сурэ, 24-нэ аят).

Апхуэдэу зи мылъку зэхэлъ хабзэхэм ящыщщ: зэIыхьлэгъухэр, зэблагъэхэр. Абы емыкIуи, гуэныхьи хэлъкъым, атIэ псапэ защIэу зэхэлъщ, ауэ мылъкур зэрызэхэплъхьэнур зэрыпщIэм хуэдэ дыдэу зэрызэхэпхыжынур умыщIэмэ, псапэр гуэныхькIэ зэблэдза хъунущ.

Псэууэ мы дунейм иджыри тетхэм я мылъкур щаугуэшыжкIэ абы псалъэмакъ гуэр къикIыжыныр мыдахэмэ, дунейм ехыжа цIыхум и мылъкур Iыхьлыхэм щаугуэшыжкIэ абы псалъэмакъ кърахыныр хьэдэгъуэдахэ дыдэу убж хъунущ.

Ар нэхъыбэм къызыхэкIыр куэдым дин зэрахэмылъращ, гъэсэныгъи зэрабгъэдэмылъращ, мылъкум итхьэкъуа, абы нэф икIи чэф  куэдыр зэрищIаращ.

ЕмыкIуу щыIэм я нэхъ емыкIужым щыщщ лIам и псэр гугъу ебгъэхьу, абы и псэм бэлыхь теплъхьэу мылъку щхьэкIэ зэблагъэхэр зэщыхьэжыныр, зэфIэнэжыныр, къуажэми, жылэми ауан зыкърагъэщIыныр.

МыдэкIэ, дунейм ехыжам езы дыдэм щилэжьэжи къохъу а псалъэмакъыр. ИкIи ар куэдкIэ нэхъ шынагъуэщ. Иджыри псэууэ мы дунейм тетым зыгуэрхэр зэригъэзэхуэжынщ, ауэ лIам сыт зэригъэзэхуэжынур? Ар Iэбэм лъэмыIэсыжу и псэми бэлыхь телъу кхъэм щIэлъыну аращ.

ЛIам езым илэжьэжу псалъэмакъ къызэрыкIхэм ящыщщ: и мылъкур зыгуэрым иIыгъыу, ауэ ар зэриIыгъыр зэхэгъэкIауэ щымыту, щыхьэт техъуэни ямыгъуэтыжу, кIылъымпIэми тетхауэ зыри ямыIэу дунейм ехыжамэ.

ЛIам езым илэжьэжу псалъэмакъ къызэрыкIхэм ящыщщ: и мылъкур и бынхэм ящыщ зым е е и щхьэгъусэм е хамэ гуэрым и цIэкIэ иригъэщIрэ, иужькIэ ар зи цIэкIэ иригъэщIам езым ейуэ ибжыжу хъуныр.

ЛIам езым илэжьэжу псалъэмакъ къызэрыкIхэм ящыщщ: езым и щIыхуэ нэгъуэщIым телъу е нэгъуэщIым и щIыхуэ езым телъу, ауэ хэтми ямыщIэу, мылъкур зэрыхъуми и пэжыпIэр мынаIуэу цIыхур дунейм ехыжыныр.

ЛIам езым илэжьэжу псалъэмакъ къызэрыкIхэм ящыщщ: и мылъкум и гуэшыжыкIэм теухуауэ псалъэмакъ къызэрыхъунур ищIэ пэтрэ абы унафэ тэмэм тримыщIауэ дунейм ехыжыныр.

Акъыл зыбгъэдэлъри, дин зыхэлъри нобэ и мылъкум унафэ тэмэм тезыщIэфращ, нобэ псори тхауэ, зэщхьэщыхауэ щызыгъэлъыфращ.

Аращ щэхьабэ лъапIэхэм я уэсятыр сыт щыгъуи хьэзыру щIыщытар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пщэдей я щхьэ кърикIуэнкIэ хъунум тегузэвыхьхэт. Ауэ дэ зыгуэркIэ дыкъагъэгугъам хуэдэу зыгуэрым дожьэ, лъабжьэншэу зыгуэрым уежьэнри акъылыншагъэщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! щIэиным и Iуэхур Iуэху джэгукъым. Ар Iуэху джэгуу щытатэмэ Езы АЛЛАХУ ТЭГЬАЛАМ зэрызурэ хэт сыт къылъысми КъурIэнкIэ тхузэпкърихынтэкъым.

Арамэ, цIыхум мылъку къыщIэнэр пщэдей АЛЛАХУ ТЭГЬАЛАР зэрыхуейм хуэдэу яугуэшыжын папщIэ нобэ абы егупсысын хуейщ.

Нобэ абы теухуауэ уэсятыр тхыжын хуейщ щхьэж къылъысынур иту е нобэ дыдэ уи мылъкур яхуэбгуэшыжыну ухуитщ уи Iыхьлыхэм, уэ езыр узыхэпсэукIын къэбгъанэу, пщэдей абы щхьэкIэ зэщыхьэжхэу я напэри, уи напэри трахынкIэ утешыныхьмэ.

АЛЛАХУ ТЭГЬАЛАР ЕЗЫР зэрыхуейм хуэдэу зи мылъкури, зи Iуэхури зэзыгъэзэхуэн дищI, АБЫ и арэзыныгъэр къэзылэжьауэ и пащхьэ ихьэжынухэм ящыщ дищI!