Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхубэр къызыкIуэцIрыкIа гъуэгуанэ кIыхьым уриплъэжрэ, нобэ дэ дызыхиубыда зэманым псэукIэр зыдынэсам ебгъэпщэжмэ, цIыхухэр кIыфIым къыхэкIыу нэхум къыхыхьауэ, гъуэгу зэхэкъутам къытекIхэу гъуэгу тыншым къытехьауэ къыпфIощI.
Сыт хуэдиз Iэмал къагупсыса цIыхухэм я псэукIэр нэхъ тынш ящIын папщIэ?!
Ар зыщIэс унэхэрауэ щырет, е зэрыс машынэхэрауэ щырет, е лэжьыгъэм зэрыпэрыт Iэмалу щырет, е щIэныгъэм зэрелэжь Iэмалу щырет…
Апхуэдиз тыншыгъуэм езым хуэдиз гупсэхугъуэ къыхэкIын хуеят, апхуэдиз хьэпшыпми езым хуэдиз насып къыдэкIуэн хуеят, арщхьэкIэ, къызэрыщIэкIымкIэ, абыхэм емылъытауэ къыщIокI гупсэхугъуэри, насыпри.
ЗэикI хуэмыдэжу нобэрей зэманым куэд хъуащ гукIэ-псэкIэ сымаджэхэр, уеблэмэ ныкъуэдыкъуэхэр. Егъэлеяуэ куэд хъуащ къызыхэкIыр къагурымыIуэу цIыхухэм зэхащIэ гупсысэхэр. Куэд хъуащ зи щхьэ зи жагъуэу, гукъыдэж зимыIэу, зыри яфIэмыгъэщIыгъуэныжу дунейм тетхэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы щIым къыхэкIахэм, мы щIым епхыжахэм цIыхум гупсэхугъуэ къыщыхуамыхькIэ, зыхуэщIэкъу насыпри абыхэм къыщыхэмыкIкIэ, а гупсэхугъуэри, а насыпри уафэмкIэ къикIа Нурым епхыжауэ зэрыщытыр цIыхум къыгурыIуэн хуейщ.
ИкIи ипэжыпIэкIэ, нэхъыбэ дыдэу цIыхум гупсэхугъуэ къезытыр и гум илъ фIэщхъуныгъэращ, абы къыкIэлъыкIуэу, и IэпкълъэпкъкIэ илэжь псапэхэращ.
Аллаху Тэгьалам жиIащ:
﴿ مَنْ عَمِلَ صَالِحاً مِنْ ذَكَرٍ أَوْ أُنْثَى وَهُوَ مُؤْمِنٌ فَلَنُحْيِيَنَّهُ حَيَاةً طَيِّبَةً وَلَنَجْزِيَنَّهُمْ أَجْرَهُمْ بِأَحْسَنِ مَا كَانُوا يَعْمَلُونَ ﴾
«ЦIыхухъу ирехъу е цIыхубз ирехъу, IуэхуфI (псапэ) зылэжьыр, езым фIэщхъуныгъэ бгъэдэлъу щытмэ, абы гъащIэ дахэ къедгъэгъэщIэнущ, (Ахърэтми) езыхэм ялэжьам нэхърэ нэхъыфIыжу фIыгъуэ ябгъэдэтлъхьэжынущ!». (Iэн-Нэхьл сурэ, 97-нэ аят).
ЦIыхум фIэщхъуныгъэ пэж щыбгъэдэлъым деж сыт хуэдэу мы дунейм и Iуэхур щымыхъуами абы зы фIы гуэр къыхихыу мэпсэу. Аращ насып зыхужаIэри.
ЖиIакъэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Хьэлэмэтщ муIминым и Iуэхур. И Iуэхур хъейр защIэу зэхэлъщ. ЗыщыгуфIыкIын къехъулIэмэ абы и фIыщIэ ещIри ар хъейр хуохъу. Зыгъэнэщхъеин къеуалIэмэ шыIэныгъэ зыхегъэлъри, ари хъейр хуохъу!». (Муслим).
ЦIыхум Алыхьым къыхуиухам фIэкIа хэмыщIынумэ, къыхуиухам нэхъыби къыхэмыхъуэнумэ, сыт нэхъ лейуэ щIэгужьеинури, сыт нэхъ лейуэ и щхьэр щIиIэтынури?!
Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж, Алыхьым и ЛIыкIуэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Иманым и пэжыпIэ дыдэр цIыхум зэхищIэнукъым, къылъыIэсар зэрыблэмыкIынутэр, блэкIари къызэрылъэмыIэсынутэр къыгурымыIуауэ!». (Ахьмэд).
ЦIыху къызэрыгуэкIхэр нэхъыбэу зыгъэгужьей, нэхъыбэуи зыгъэнэщхъей Iуэхугъуэхэм ящыщщ: «пщэдей къэхъунумрэ», «пщэдейр Iуэхур зэрыхъунумрэ», жаIэурэ гупсысэ лейм зэриукIхэр.
Пщэдейрейм Iуэхум егупсысхэурэ, нобэрей Iуэхур къагъанэ. «Пщэдей насыпыншэ дыхъункIэ хъунущ» жаIэурэ, нобэ насыпыншэу мэпсэухэ! ЗытегужьеикIа пщэдейри къэсмэ, ари нобэрей махуэм хуэдэ мэхъури, я гъащIэр псори насыпыншэу яхь.
«Нобэрей махуэмкIэ упсэун хуейщ!» жызыIар япэ дыдэ диныншэу адрей дунейм емыгупысысхэракъым, атIэ зэрылIэжынум хуэдэ дыдэу, къызэрагъэтэджыжынури зи фIэщ хъу цIыхухэми ар жаIэ, ауэ кърагъэкIыр нэгъуэщIщ.
Мы хьэдис лъапIэр абы щыхьэт тохъуэ: «И унэм мамырыгъэ щIэлъу, и Iэпкълъэпкъри узыншэу, махуэм ишхынри иIэу нэху къекIа цIыхум дуней псор IэщIэлъым хуэдэщ!», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий, «Iэл-Iэдэб Iэл-Муфрэд»).
НэгъуэщIу жыпIэмэ, дунейр мамыру, узыншагъэ ббгъэдэлъу, махуэм пшхыни уиIэу щытмэ, нобэрей махуэм и фIыщIэ пщIыуэ, абы ущыгуфIыкIыу, умыгужьейуэ икIи лейуэ умынэщхъейуэ тет мы дунейм, къыбжеIэ.
Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Къытхэхъуэм дыщимыгъэкIыу, тхэщIми димыгъэгужьейуэ, гуфIэгъуэм дежи, гузэвэгъуэм дежи цIыху сурэтым димыкIыу Алыхьым дигъэпсэу!