Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Псапэр зыгъэкIуэдыжхэр

03.01.2022
Еджауэ 742

Муслъымэн жэмыхьэт! Муслъымэн цIыхум мы дуней гъащIэм и къалэн нэхъыщхьэр и Тхьэ къэзыгъэщIар арэзы ищIауэ и пащхьэ ихьэжынращи, абы и гъуэгукIэ IуэхуфIу, псапэу хуэлэжьыр илэжьынущ.

ЦIыхум псапэ илэжьхэм нэхъ лъапIэ зыри иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адрейхэр псори кIуэдыжынурэ, Алыхьым и хуэупсэныгъэм иужькIэ, пщэдей цIыхум и къелыным щхьэусыгъуэ хуэхъунур псапэ илэжьхэращ.

Iуэхур апхуэдэу щыщыткIэ цIыхум IуэхуфI илэжьахэр дыщэ плъыжьым хуэдэу тегузэвыхьу ихъумэу щытын хуейт, арщхьэкIэ, цIыхум ар и тхьэмыщкIагъэм щыщщи, илэжьар щыхуэмыхъумэжыр, атIэ пщIэншэу щигъэкIуэдыжыр мащIэкъыми, абыхэм ящыщ гуэр нобэ къыхэдгъэщынщ.

Япэ дыдэ абыхэм щыщу дигу къэкIыр цIыхум фIы ищIар зыхуищIам  ириудэкIыжу зыгуэрхэр зэхригъэхынращ. Апхуэдэм и псапэр зэригъэкIуэдыжыр езы КъурIэн лъапIэм къыхощ:  

“يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا لَا تُبْطِلُوا صَدَقَاتِكُمْ بِالْمَنِّ وَالْأَذَى”

«Iиман зиIэхэ, фи сэдэкъэхэр фымыгъэкIуэдыж [зэфтам] ефхъуэныжуоэ, и жагъуэ фщIыуэрэ». (Iэл-Бэкъэрэ сурэ, 264-нэ аят).

Псапэхэр ягъэкIуэдыж икIи пщIэншэ ящI цIыхум абы фэрыщIагъ хилъхьэмэ, зы нэр Алыхьым дежкIэ гъэзауэ, адрей нэр цIыхум яхуэгъэзауэ илэжьмэ. КъыщокIуэ хьэдис-къудсийм:  «Гъусэ гуэрым Сэ нэхъ хуэмыныкъуэ зыри щыIэкъым. Сэ гъусэ къысхуищIу (нэгъуэщу жыпIэмэ фэрыщIагъ хэлъу) Iуэху зылэжьам езыри и гъусэри утыкум къизнэнущ!». (Муслим).

Псапэхэр зыгъэкIуэдыжхэм ящыщщ мы хьэдисым къыхэщыр: «Уд-Iэзэм деж кIуэуэ зыгуэркIэ еупщIам и нэмэзыр махуэ плIыщкIэ къабылу Iахынукъым!». (Муслим).

Псапэхэр зыгъэкIуэдыжхэм е Iуэхум псапэ къыдэмыкIуэу зыщIхэм ящыщщ: Алыхьым зэрыжиIам хуэдэу, Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم зэрыжиIам хуэдэу имыщIу цIыхум езым хуигъэфащэм трищIыхьу зыгуэр илэжьыныр. Ар бидгьэкIэ дызэджэращ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Дэ ди унафэм темыщIыхьауэ лэжьыгъэ зылэжьым къабылу Iахынукъым!». (Бухъарий, Муслим).

Псапэхэр зыгъэкIуэдыжхэм ящыщщ, цIыхур Аллаху Тэгьалам ипэ ищу, Абы ипIэкIэ унафэ гуэрхэр ищIыну яужь ихьэныр. «Уэллахи, Алыхьым абы къыхуимыгъэгъуну!» жызыIам теухуауэ Алыхь Иным жиIауэ къокIуэ: «Хэт сэ унафэ къыстезыщIэу си цIэкIэ тхьэ зыIуэр мопхуэдэм къыхуэзмыгъэгъуну? Абы хуэзгъэгъури мыдрейм илэжьахэр пщIэншэ сщIащ!». (Муслим).

ЦIыхухэм щахэтым деж укIытэрэ зиIыгъыжыфу, ауэ и закъуэ хъужа нэужь Алыхьым щымыукIытэу гуэныхьыр зылэжьхэм я псапэр ягъэкIуэдыж.

Бгышхуэхэм яхуэбгъэдэну псапэхэр зылэжьа цIыху Къемэт махуэм екIуэлIэжынущ, жеIэ бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м, ауэ сабэ икъухьам хуэдэу Алыхьым ахэр къахущIригъэдзыжынущ.

 –Хэт ахэр, сыт абы я шыфэлIыфэр?- жиIэу щэхьабийр щыщIэупщIэм, — «Ахэри фи къуэшщ, икIи фэ фщыщщ, жэщкIи фэ фхуэдэу нэмэз ящI, ауэ Алыхьым хьэрэм ищIам я закъуэ къыхуэнэхэмэ, къафIэмыIуэхуу ар ялэжьри йожьэжхэ»-, жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Ибн Маджэ. И иснадыр пэжщ).

ЦIыхум и нэмэзкIи, и нэщIкIи, и нэгъуэщIкIи дэбгъуэн щымыIэу, ауэ цIыхухэм ятеухуауэ хьэлыншэ-нэмысыншэу щытмэ, ари унэхъуахэм ящыщщ.

ТхьэмыщкIэр хэт?-жиIэри عليه الصلاة والسلام-ыр еупщIащ цIыхухэм, — ТхьэмыщкIэр, ар ахъшэншэ, мылъкуншэращ, — жаIащ.

 — Сэ си Iуммэтым щыщу тхьэмыщкIэр, — жиIащ عليه السلاة والسلام-ым, — нэмэзи ищIауэ, нэщIи исауэ, сэджыти итауэ, ауэ мыпхуэдэм Iей ирипэсауэ, мопхуэдэм и щIыхькIэ хуэпсэлъауэ, модрейм и мылъкур фIишхауэ, адрейм и лъыр игъэжауэ, модрейм удын тыридзауэ  Къемэт махуэм екIуэлIэжынуращ.

АдэкIи пещэ عليه السلاة والسلام-ым: “Апхуэдэм и псапэр Iахыурэ модрейхэм иратынущ, и щIыхуэр имыпшыныжурэ и псапэр иухмэ, модрейхэм я гуэныхьыр къытрахынурэ, мыбы къытрадзэнурэ, иужькIэ МафIэм хадзэнущ!”, — жиIащ صلى الله عليه وسلم. (Муслим).

Нобэ куэдым уз яхуэхъуащ хамэм ящIэр ящIэжыным фIэкIа нэгъуэщI щхьэусыгъуэ ямыIэу я унэхэм хьэ щIагъэсыныр, я пщIантIэхэм дагъэсыныр.

«ЗэрыщэкIуэн хьэ гъэса е Iэщыр зэрихъумэным къищынэмыщIа (нэгъуэщI зыгуэркIэ) хьэ зезыхьэм махуэ къэс и псапэм Iухьуд бгым хуэдитI хуэдиз хэщIынущ», — жиIащ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم. (Бухъарий, Муслим).

Ахэри, нэгъуэщIхэри щыIэщ цIыхум и псапэм хагъэщIу е ягъэкIуэдыжыпэуи дывгъэсакъ. Псапэр къызэрытхьынум дызэрегупсысым хуэдэ дыдэу, къэтхьар зэрытхъумэжыным дегупсысын хуейщ. Зы лъэныкъуэмкIэ къилъадэр, адрей лъэныкъуэмкIэ ижыжу дыщIэпсэун щыIэкъым.

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Псапэ къэхьынми, псапэр хъумэжынми Алыхьым дапигъэлъэщ, Жэннэт и увыпIэ лъагэхэр зыхуагъэфэщэнухэми ящыщ дищI!