Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщI мазэр еджапIэ гъуэзэджэщ!

03.01.2022
Еджауэ 588

Муслъымэн жэмыхьэт! Иджыпсту дызэрыт зэман лъапIэм псори зы еджапIэ гуэрым дыщIэтIысхьауэ дыщIэс хуэдэщ. ЕджапIэ зэманри зы мазэ закъуэ хъууэ аращ. Абы и кIуэцIкIэ ди фIэщхъуныгъэм хэдгъэхъуэну, ди хьэлщэныр едгъэфIэкIуэну, ди гупсысэхэри зэтедухуэну къытпэщылъщ.

НэщI мазэр икъукIэ еджапIэфщIщ нэхъыфIкIэ зытхъуэжыну дыхущIэкъумэ, нэхъ нэгъэса, ирикъуа дыхъуну дыхуеймэ.

Дэтхэнэ цIыху губзыгъэри щытыкIэ нэгъэса гуэрым хущIокъу, апхуэдэ дыдэуи ныкъусаныгъэ гуэр теухуауэ «мыр схэмылъамэ нэхъыфIт, мопхуэдэу сыщымытамэ нэхъыфIт» жеIэри, нобэ хуэдэу IэмалыфI дгъуэтынкъым абыхэм делэжьыну.

ЦIыхум химыгъахъуэмэ хегъэщI, ипэкIэ мыкIуатэмэ ищIыбагъкIэ къокIуэтыж. Езы Тхьэшхуэми жиIащ:

لِمَنْ شَاءَ مِنْكُمْ أَنْ يَتَقَدَّمَ أَوْ يَتَأَخَّرَ

«Хуейр ипэкIэ кIуэтэнщ (псапэ къихьурэ), хэт къикIуэтыжынщ (гуэныхь къихьурэ. (Iэл-Муддэссир, 37).

Пэжращи, Рэмэданыр зы мазэ закъуэ фIэкI мыхъуми, абы и кIуэцIкIэ куэд тхузэфIэкIынущ, куэдми зедгъэсэфынущ, куэдми зедгъэхъуэжыфынущ, уеблэмэ, куэдыр хабзэ зыхуэтщIыжыфынущ. Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, зэрыжиIауэ: تعودوا الخير، فإنَّما الخير عادة  — «ФIы влэжьу зевгъасэ. Ар хабзэ фхуэхъунщ!».

НэщI мазэ лъапIэм и мэдрэсэм нэхъыбэ дыдэу къыщIэтхын хуей дерсыр: Аллаху Тэгьалам къыдита диныр ди фIэщу зетхьэу дыхъунращ, махуэ къэс  зыдмыхъуэжу къыдгурыIуа пэжым дыхуэпэжу мы дунейм дытетынращ.

Диным и дахагъым дихьэх куэд щыIэщ, ауэ я щIэщыгъуэр зэрикIыу нэгъуэщI щIэщыгъуэ гуэр къалъыхъуэу дэувэжу. Ар дин зехьэкIэ хъужкъым. АтIэ, дин зезыхьэр: гуфIэгъуэми, гузэвэгъуэми, щыгугъуми, щытыншми Аллаху Тэгьалам зи гур пыщIауэ, и унафэми епхауэ псэуращ.

КъурIэн лъапIэм ар къызэрыдбгъэдилъхьэр мыпхуэдэущ:

﴿إِنَّ الَّذِينَ قَالُوا رَبُّنَا اللَّهُ ثُمَّ اسْتَقَامُوا… ﴾

«ИпэжыпIэкIэ, ди тхьэр – Алыхьращ жызыIэу, абы иужькIэ гъуэгу захуэм темыкIыу тетахэм», жеIэри, абыхэм къапэплъэ фIыгъуэхэм ягугъу къытхуещI.

«Ди тхьэр – Алыхьращ» жызыIэу куэд щыIэщ. Ауэ абы иужькIэ диныр зи фIэщу зезыхьэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Зыгуэр жыпIэнымрэ, зыгуэр пщIэнымрэ зэрызэмыщхьыр абы къегъэлъагъуэ.

Нобэ дызыщIэс еджапIэм къыщIэтхын хуей хьэл дахэхэм ящыщщ: пэжагъыр. ЦIыху пэжу дыщытыныр ди Тхьэм дызэрыбгъэдэтым ехьэлIауи, цIыхухэм дазэрыхэтым ехьэлIауи.

Мис ар нэщIым къыхэтхыфынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэщIыр гьибадэт щэхухэм ящыщщ, цIыхумрэ и Тхьэмрэ я зэхуакум дэлъу. Цыхум пэжу нэщI иIыгъми, и нэщIым теухуауэ пцIы иупсми ар зыщIэр Алыхь Закъуэрщ.

ЗыщIэр Алыхь Закъуэращ. ИкIи аращ «НэщIыр Сэ сысейщ (е сэ схухэхыпащ» щIыжиIар аращ. Адрей псапэхэм я бэгъуэкIэм дыщыгъуазэмэ, нэщIым псапэу къыпэкIуэнур щэхуу къанэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ.

Нобэ дызыщIэс мэдрэсэм къыщIэтхын хуей дерсхэм ящыщщ: шыIэныгъэр. НэщI мазэр шыIэныгъэм и мазэщ, шыIэныгъэри сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми и IункIыбзэщ. ШыIэныгъэр зыфIэкIуэдами сытри фIэкIуэдынущ.

НэщI мазэм и мэдрэсэм къыщIэтхын хуей Iуэху дахэхэм ящыщщ: хабзэ мыхъумыщIэ куэду къыддекIуэкIым зедгъэхъуэжыныр.

Мы дунейм яшхын ямыгъуэту куэдыр гугъу щехьмэ, дэ тщыщ куэдым нобэ гукъеуэ нэхъ ину яIэр яшхар зэрагъэткIун, яшхар щэ мыхъун, абы пшэр иримыхъуныр аращ. НтIэ, нэщIыр хуабжьу сэбэп къахуэхъунущ абыхэм, нэщI IыгъыкIэ тэмэм яIэмэ.

Махуэ псом нэщI исыф цIыхум хузэфIэкIынукъэ хабзэ мыхъумыщIэ гуэр хэлъмэ зэхиныну? Псалъэм папщIэ, и щхьэ хуимытыжу цIыхур тутын йофэ, псэлъамэ хузэхэмынуи жеIэ, ауэ нэщI мазэм псом хуэшэч ар и жьэм имыхьыну. Абы къикIращи, хуеймэ хузэхэнынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нэхъыбэ дыдэу нэщI мазэ лъапIэм и мэдрэсэм къыщIэтхын хуей дерсхэм ящыщщ: ди зэманым дыхуэсакъыу, пщIэ имыIэу ар дымыгъакIуэу дыпсэун зэрыхуейр.

НэщI ис муслъымэн губзыгъэм къыгуроIуэ зэманым и лъапIагъыр. КъыгуроIуэри зы дакъикъи блимыгъэкIыу къигъэсэбэпыну яужь итщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэщI мазэр махуэ бжыгъэ хъууэ аращи, пIэщIэкIынурэ ежьэжынущ.

ЦIыху и гъащIэ псори къапщтэмэ махуэ бжыгъэкIэ зэхэлъу аращ. Зы махуэ блэкIыхукIи езым щыщ гуэр хощI. Зэманри фIыкIэ къомыгъэсэбэпмэ, Iэмал имыIэу мыхъумыщIэкIэ къэсэбэпа хъунущ. Зэманым и пщIэр зымыщIэм гъусэ ухуэхъуми уунэхъуащ.

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам. НэщI мазэ лъапIэм и еджапIэм ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэу къыщIэкIын, абы къыхэхын хуей губзыгъагъэ, Iущыгъэхэр псори къыхэзыхын Алыхьым дищI!