Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщI икIыж гьидым и хъутIбэ

03.01.2022
Еджауэ 385

ФIыщIэ мыухыжыр хуэфащэщ Аллаху Тэгьалам, нэщIыр псынщIэ тщызыщIам, НэщI мазэр икIэм ныдэзыгъэхьэсам, ди псапэхэр дгъэбэгъуэну IэмалыфI къыдэзытам.

ДолъэIу Аллаху Тэгьалам къэднэщIари, нэмэзу тщIари, сэдэкъэуэ ди мылъкум хэдгъэкIари, нэгъуэщI IуэхуфIу тхуэлэжьари къабылу тIихыну, етIэнэгъэ пIалъэ узыншэу, иман дбгъэдэлъу дынигъэсыну!

Нобэ хуитщ гугъу зезыгъэхьа муслъымэныр гуфIэну, хузэфIэкIахэми щыгуфIыкIыну, Ахърэтым гуфIэгъуэшхуэ щыIэнум нобэрей гуфIэгъуэр нэщэнэ гуэр хуэхъуу егупсысыну.

МэгуфIэ нобэ муслъымэныр, ауэ щIэгуфIэр НэщI мазэр зэрикIаракъым, атIэ НэщI мазэр къинэщIыну къызэрехъулIаращ, Аллаху Тэгьалар арэзы зытехъуэ лэжьыгъэ зэрилэжьаращ. Ар дунейм фIыгъуэу телъым нэхърэ нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуфIэгъуэ мыухыжыр къызыдэкIуэнур аращ.

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэрей махуэр гуфIэгъуэ махуэмэ, ар гуфIэгъуэ дыдэ щыхъунур ди гур цIыхухэм яхуэкъабзэу щытмэщ. Ди благъэ ирехъу, ди ныбжьэгъу ирехъу, ди гъунэгъу ирехъу, зыгуэр зи зэхуакум къыдэмыхъуэ щыIэкъыми, ди гур абыхэм яхуэдкъэбзэжын, ди зэхущытыкIэми напэкIуэцIыщIэ къабзэу къыхузэIутхыжын хуейщ!  

ЖиIащ Тхьэ лъапIэм:

﴿ وَلْيَعْفُوا وَلْيَصْفَحُوا أَلَا تُحِبُّونَ أَنْ يَغْفِرَ اللَّهُ لَكُمْ ﴾

«Зыщрагъэгъупщэ абыхэм (щыуагъэхэр), икIи хурагъэгъухэ! Фэ езым ффIэфIкъэ Алыхьым къыфхуигъэгъуну?!». (Iэн-Нур сурэ, 22-нэ аят).

Алыхьым и гущIэгъумрээ, и гъэгъуныгъэмрэ дыщыгугъмэ, ар къызыхэкIыр япэ дыдэ дэ гущIэгъу тхэлъращ: ди Iыхьлы ди благъэхэм ехьэлIауэ, гъунэгъуу къыдбгъэдэт цIыхухэм ятеухуауэ.

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэр икIэм зэрынэдгъэсыфам папщIэ нобэ дыгуфIэми, апхуэдиз зи лъапIагъ мазэр, апхуэдиз берычэткIи гъэнщIар ди щIыбагъым къызэрыдэднар ди жагъуэщ.

Къыдэднащ ди щIыбагъым иджыри зы НэщI мазэ. Иджы къытхуэнэжыр Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIэу щыта псалъэхэращ: «Къабылу зыIахар сщIамэ сехъуэхъунт, зыIамыхар сщIамэ сыхуэгузэвэнт!».

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэр ди щIыбагъым къызэрыдэднам дыригъэгупсысын хуейщ: нобэ хуэдэу ди щIыбагъым фIыуэ тлъагъу куэд къызэрыдэднэнур, дэри фIыуэ дыкъэзылъагъухэм я щIыбагъым дыкъызэрыдэнэнур, мы дуней нэпцIыр псоми зэрытхъуэжынур!

Арамэ, мы дунейр къызыхуагъэщIамрэ, дэ абы дыкъыщIытрагъэхьамрэ зы напIэзыпIи ди нэгум щIэмыкIыу дыпсуэн хуейщ!

Дытетын хуейщ мы дунейм Аллаху Тэгьалам и хьэкъыр дгъэзащIэу, Аллаху Тэгьалам къигъэщIауэ мы дунейм тету дыкъэзыхъуреихьхэм я хьэкъхэми сакъыныгъэ диIэу дахущыту.

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэ блэкIам дэ къытхилъхьауэ щытын хуейщ: НэщI мазэ къакIуэ хъухукIэ псапэкIэ дымыбэлэрыгъыу, гуэныхьхэми дащышынэу дызыгъэпсэун къаруущIэ.

НэщI мазэ лъапIэ блэкIам дэ къытхилъхьауэ щытын хуейщ: ди бзэми, ди нэми, ди тхьэкIумэми дахуэсакъыу дыщызыгъэтын иман.

НэщI мазэ лъапIэ блэкIам дэ къытхилъхьауэ щытын хуейщ: ди унэм щIэсхэм нэгъуэщI хущытыкIэкIэ дахущытыныр, псом япэ иту абыхэм гулъытэ яхуэтщIыныр, я дин Iуэхури, я дуней Iуэхури зыхуей хуэдгъэзэныр.

НэщI мазэ лъапIэ блэкIам дэ къытхилъхьауэ щытын хуейщ: цIыхухэм Iуэху ящыдэтщIэкIэ пэжагъ тхэлъыныр, псалъэ ттам дытетыжыныр, уэрамым дыдыхьамэ, цIыхухэми дахыхьамэ пщIэ-нэмысыр тфIэмыкIуэду унэм дгъэзэжыныр.

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэр икIащ жытIэу ди мэжджыт кIуэныр зыхэдныж хъунукъым, НэщI мазэр икIащ жытIэу ди сэдэкъэ тыныр къэдгъэнэж хъунукъым, НэщI мазэр икIащ жытIэу ди нэщI Iыгъыныр тщыгъупщэж хъунукъым.

Имам Хьэсэн Бэщрий и псалъэхэм щыщщ: «НэщI мазэм деж фIэкIа Аллаху Тэгьалам хуэмылажьэр цIыху щIагъуэкъым!».

Къабыл Алыхьым ищI гьибадэту длэжьар, хьэл Алыхьым тхуищI НэщI мазэм хабзэфIу тхэлъар, ящыщ Алыхьым дищI НэщI мазэм зи гуэныхьыр къызыхуэгъуауэ, Жэннэт лъапIэри зыхуагъэфэщауэ, Жэхьэнэмэ шынагъуэми къелауэ ятхахэм!