Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Нэмэзым нэхъыщхьэ зыри щыIэкъым

И цIэр муслъымэнщ
03.01.2022
Еджауэ 651

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам иужьым къигъэкIуэжа ЛIыкIуэ лъапIэм мы псалъэ дахэхэр къытхуигъэнащ:

«اسْتَقِيمُوا وَلَنْ تُحْصُوا، وَاعْلَمُوا أَنَّ خَيْرَ أَعْمَالِكُمُ الصَّلَاةُ وَلَا يُحَافِظُ عَلَى الْوُضُوءِ إِلَّا مُؤْمِنٌ»

«Гъуэгу захуэм фытет нэгъэсыпауэ щымытми! Мыри зэвгъащIэ: фи лэжьыгъэхэм я нэхъыфIыр нэмэзращ. МуIмин цIыхум фIэкIаи андезым нэгъуэщIыр хуэсакъынукъым. (Ахьмэд). 

«Фи лэжьыгъэхэм я нэхъыфIыр нэмэзращ!»,- щыжиIэкIэ цIыхур пщэдджыжьым къызэщыуамэ япэ дыдэ зэгупсысын хуейр псом нэхърэ нэхъыфIращ, махуэм и кIуэцIкIэ дэнэ деж къыщыщIимыдзами а нэхъыфIыр зэригъэзэщIэнращ.

Нэмэзыр Iуэхум я нэхъыфIым и деж къыщымынэу, ар ди диным и лъабжьэщ, япэ дыдэу къалэн тщащIа гьибадэтри аращ, иужь дыдэу диным щыщу яфIэкIуэдынури аращ, япэ дыдэу Къемэт махуэм жэуап зэрытхьынури аращ.

Нэмэзымрэ ехъулIэныгъэмрэ зэпыщIащ. Ар Езы Аллаху Тэгьалами къыхигъэщащ:

﴿ قَدْ أَفْلَحَ الْمُؤْمِنُونَ * الَّذِينَ هُمْ فِي صَلاتِهِمْ خَاشِعُونَ ﴾

«ЕхъулIащ муIминхэр. Зи нэмэзым тхьэшынагъэ хэлъу тетхэр!». (Iэл-МуIминун, I,2).

Нэмэзыр гум и нэхущ, псэм и щэхущ, абыкIэ муслъымэн нэгъэсам зегъэпсэху, нэмыгъэсам нэмэзыр ещIри зегъэпсэху.  Нэмэзыр къэсамэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم Билял азэнджакIуэм зыхуигъазэти: «Нэмэзым и Iикъамэр къэхьи абыкIэ зыдгъэгъэпсэхут!» жиIэт.

НэмэзымкIэ цIыхум и гуэныхьхэр къыхуогъу, и псапэхэр мэбагъуэ, и пщIэр нэхъ лъагэ мэхъу, и гузэвэгъуэр щхьэщокI. ЛIыкIуэ лъапIэр, صلى الله عليه وسلم зыгъэгузэвэн къыхукъуэкIмэ, нэмэзым теувэу щытащ. (Абу Дауд).

КъурIэн лъапIэми къыхощ мы Iуэхугъуэр:

﴿ إِنَّ الْإِنْسَانَ خُلِقَ هَلُوعًا * إِذَا مَسَّهُ الشَّرُّ جَزُوعًا * وَإِذَا مَسَّهُ الْخَيْرُ مَنُوعًا * إِلَّا الْمُصَلِّينَ ﴾

«ИпэжыпIэкIэ, цIыхур зыIыгъыжыгъуейуэ къи­гъэщIащ: Iей къылъысмэ мэгужьей. ФIы къехъулIэмэ мэнэпсей. Ауэ нэмэз зыщIхэр апхуэдэкъым». (Iэл-Мэгьаридж сурэ, 20-22нэ аятхэр).

АдэкIэ Тхьэшхуэм къыхегъэщ цIыхум нэмэз ищI къудейкIэ зыIыгъыжыныр къызэремыхъулIэнур, атIэ нэмэзым и гъусэу нэгъуэщI хьэл куэди хэлъын зэрыхуейр, езы нэмэзри хуэсакъыу сыт щыгъуи игъэзащIэу щытын зэрыхуейр.

Къыхегъэщ тхьэшхуэм абыхэм я мылъкум хэгъэкIыпхъэр зэрыхагъэкIыр, тхьэмыщкIэм и хьэкъ къазэрытемынэр. Къыхегъэщ ахэм Къемэт махуэм теухуауэ фIэщхъуныгъэшхуэ зэрабгъэдэлъыр, абы теухуауэ гузавэу зэрыщытхэр. Къыхегъэщ я нэм хуэсакъыжхэу, нэм узыхуишэ гуэныхьхэм тегузэвыхьхэу зэрыщытхэр. Къыхегъэщ ахэм анэмэтыр зэрахъумэр, я псалъэри зэраIыгъыжыр, щыхьэт нэпцIи зэрымыхъухэр.

Мис ахэр тхэлъмэщ ди нэмэзым и сэбэп къыщыдэкIынур, ди нэмэзми цIыхухэр къыщехъуэпсэнур, ди нэмэз щIыкIэри щапхъэ щахуэхъунур. Армырамэ, нэмэзым гущыкI цIыхухэм хуедгъэщIынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам нэмэзым апхуэдэ гулъытэ щыхуищIакIэ, апхуэдиз фIыгъуи абы къыдэкIуэу щищIакIэ, дэри абы хуэтщI пщIэм елъытауэ Аллаху Тэгьалам деж пщIэ щыдиIэну аращ.

Нэмэзыр диным и лъабжьэ пэтрэ дыхуэмысакъмэ, диным адрей хэт Iуэхугъуэхэм дахуэсакъыххэнукъым. Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и лъабжьэм щIэт унафэщIхэм яжриIэу щытащ: «Фи лэжьыгъэхэм щыщу нэхъыщхьэ дыдэу сэ къэслъытэр нэмэзращ. Ар зыхъумэу абы хуэсакъым и диныр ихъумэжынущ. Абы хуэмысакъыр адрейхэми хуэсакъынукъым!». (Малик).

Абы къригъэкIыр, зи нэмэзым иригузавэ цIыхур, сыт хуэдэ Iуэхум теухуауи гузэвэнущ. Алыхьым и хьэкъыр нэгъэсауэ зыгъэзащIэм, цIыхум и хьэкъри, псэущхьэм и хьэкъри игъэзэщIэнущ. Ауэ Алыхьым дежкIэ мыплъэр адрейхэм дежкIэ плъэнукъым.

Нобэ куэдым я псалъафэ хъуащ «нэмэз зыщIхэр згъэлэжьэжкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дыкъагъэпэжкъым»,- жаIэу. Ауэ абыхэм я щхьэр къагъэпцIэж. Нэмэз зыщIым укъимыгъэпэжмэ адрейхэм укъагъэпэжыххэнукъым, зым зыгуэр дэтлъэгъуами а зым зэранкIэ адрейхэм щIедгъэкIын, псори щIэдгъэкъуэншэн щыIэкъым. Нэмэз зыщIхэм зыр зым пщIэ хуимыщIыжмэ, хэт абыхэм пщIэ къахуэзыщIынур?!

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Ди нэмэзыр нэгъэсауэ дгъэзэщIэныр, абы и хьэкъи къыттемынэу дыпсэуныр, абы хуэфэщэж дуней тетыкIи диIэ хъуныр Алыхьым къыдигъэхъулIэ!