Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зыми ущIэмынакIэ!

16.10.2021
Еджауэ 1 018

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхур гукIэ, псэкIэ къабзэу, «фитIрэм» тету къегъэщI, мы дунейми апхуэдэу къытрегъэхьэ. ИужькIэ, зыхэтым, къэзыхъуреихьым елъытауэ цIыхум зехъуэж. Хэти къекIуэкIым захиIэтыкIыурэ и къабзагъэр ехъумэж, хэти къекIуэкIым зыIэпишэурэ- дихьэхыурэ и напэр зытрехыж!

Зи гур къабзэ, зи псэри къабзэ цIыхум нэхъ цIыхуфIи, нэхъ насыпыфIи мы дунейм теткъым. Ахърэтми абыхэм япэ ищу зыри Жэнэтым ихьэнукъым.

Ауэ игъащIэми нэхъыфIхэр нэхъ мащIэщ. Адрей нэхъыбэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр гукIэ, псэкIэ кърахьэкI, куэдми я гум илъ узыр я бзэгум къос, языныкъуэхэр бзэгум фIоIэбыкIыжхэри я Iэпэлъапэхэр къемыдэIуэжу мэхъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Зы хьэл мыхъумыщIэ гуэр цIыху куэдым къадогъуэгурыкIуэ, ар зыхэлъри цIыху зэпIэзэрыту жыIэгъуейщ. Апхуэдэ цIыхум и гум гущIэгъу илъу, фIы гуэри къилъыхъуэу фIэщ щIыгъуейщ.

Зи гугъу тщIыр: зыгуэр лъэпэрапамэ, е насыпыншагъэ гуэр и щхьэм къырикIуамэ, абы щIэнакIэ, ар ауан зыщI, «хуэфащэти къыщыщIащ!» жызыIэу зи гур абы тезыгъэзагъэ цIыху сымаджэхэращ.

ИкIи нэгъуэщIкIэ уеджэфынукъым апхуэдэ цIыхухэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыгуэркIэ щыуа, лъэпэрэпа, дэхуэха плъагъумэ, ар пфIэгуэныхь хъун, уэри апхуэдэ къыпщыщIыфын пэтрэ, уэ бблэкIыу нэгъуэщIым деж зэрыкIуам папщIэ узэгупсысыжын, Алыхьми фIыщIэ хуэпщIын ипIэкIэ: цIыхур ауан пщIымэ, ущыдыхьэшхмэ, ущIэнакIэмэ, уэ уцIыху узыншэ?!

Зыгуэрым и щхьэ зыгуэр къырикIуамэ, къыпщымыхъу Алыхьым укъигъэлъапIэу уэ ар пщхьэщихауэ е уи дугьэр а цIыхум теухуауэ Алыхьым пIихауэ! Къыпщыхъуми зыкъыпфIэщIыжауэ аращ! Къыпщыхъуми мы гъащIэр гугъуу зэрызэхэлъыр, уздимыгугъамкIи жьы бзаджэ къыкъуэункIэ зэрыхъунур иджыри къыбгурымыIуауэ аращ!

Къулей дапщэ къулейсызу къэнэжа, къулейсыз дапщи къулейуэ дэувэжа?! ЦIыху узыншэ дапщэ пIэ хэнэу къэна, сымаджэ дапщэ узыншэ хъужа?! Мэжджытым къыщIэмыкIыу щытауэ цIыху дапщэ хьэулейуэ уэрамым дэувэжа, уэрамым дэувэжауэ цIыху дапщэ мэжджытым къекIуэлIэжа?!

Фыгъуэн хьэлымрэ, щIэнэкIэн хьэлымрэ зэщхьщ. Фыгъуэр къызыхэкIыр фIыгъуэращ, щIэнэкIэныр къызыхэкIыр гузэвэгъуэращ.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхур щыфыгъуэр зыгуэрым фIыгъуэ гуэр бгъэдэлъу щилъагъум дежщ. ЦIыхур зыгуэрым щыщIэнакIэр зыгуэрым гузэвэгъуэ гуэр къеуэлIауэ щилъагъум дежщ.

ЩIэнэкIэн хьэлыр икъукIэ хьэл икIэщ, цIыхуу щыIэм я нэхъ икIэ мунафикъхэми яхэлъщ. КъурIэн лъапIэм мунафикъхэм я щытыкIэхэм игугъу ищIу мыр къыхощ:

“إِنْ تَمْسَسْكُمْ حَسَنَةٌ تَسُؤْهُمْ وَإِنْ تُصِبْكُمْ سَيِّئَةٌ يَفْرَحُوا بِهَا…”.

«Фэ фIы къывэхъулIэмэ, абыхэм я жагъуэщ; фэ Iей къыфтепсыхэмэ, я гуапэщ…». (Iал Гьимран сурэ, I20-нэ аят).

Ди Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم и дугьэхэм ящыщщ:

“اَللَّهُمَّ إِنِّي أَعُوذُ بِكَ مِنْ سُوءِ الْقَضَاءِ، وَدَرَكِ الشَّقَاءِ، وَشَمَاتَةِ اْلأَعْدَاءِ”.

«Я-Алыхь, сащыхъумэ яухам Iей къысхухэкIынми, насыпыншагъэ къызэуэлIэнми, бийр къысщIэнэкIэнми!». (Бухъарий, Муслим).

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم ахэр жиIэу щIыщытар дэ ар щапхъэ тхуэхъуу ди дугьэхэм ар ящыщ хъун щхьэкIэщи, зэдгъащIэу ди Тхьэшхуэм ди гукъеуэхэр бгъэдэтлъхьэн хуейщ.

ЗэрытIщIэщи Аюб бегъымбарыр عليه السلام-ыр куэдрэ сымэджащ, гузэвэгъуэ куэди ишэчащ. — Абы щыгъуэ сыт нэхъыбэ дыдэу къыптехьэлъар?-жаIэри еупщIати, — Бийм и щIэнэкIэнращ!-, жиIащ. (Ибн БэтIтIал, Шэрхь Iэл-Бухъарий).

Харун عليه السلام-ри и къуэш Мусэ عليه السلام-ым елъэIуатэкъэ: «فَلَا تُشْمِتْ بِيَ الْأَعْدَاءَ» — «Бийхэм ауан сыкъомыгъэщI!», — жиIэу?! (Iэл-Iэгьраф сурэ, 150-нэ аят).

Нэхъыбэу цIыхухэр зыщIэнакIэри утыкум нэхъ итхэращ, зыгуэр къызэхъулIэхэращ, зыгуэр зыгъэкIуатэхэращ. Апхуэдэ цIыхур лъагэу кIапсэ ишам тету зэпрыкIым ещхьщ, и лъабжьэмкIэ жагъуэгъухэмрэ,  фыгъуэнэдхэмрэ къыдэплъейуэ къыкIэщIэту, «зэ къыфIэцIэфту къехуэхуамэ арат мыр!» жаIэу. (Iэл-Мунауий).

Зырегупсысыж апхуэдэ хьэл зыхэлъ дэтхэнэ зыри! «Я-Алыхь! Мыбы и Iейм сыщыхъумэ!» жиIэу бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم абы щхьэкIэ дугьэ ищIыныр икъукIэ зэрыIуэхушынагъуэм ирегупсыс!

Ауэ абы и закъуэкъым, къедаIуэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم щIэнэкIэныр зыхэлъым теухуауэ жиIэм:

“لاَ تُظْهِرِ الشَّمَاتَةَ لِأَخِيكَ؛ فَيْرَحَمُهُ اللهُ وَيَبْتَلِيكَ”

«Уи къуэшым къыщыщIамкIэ ущIэмынакIэ, абы гущIэгъу Алыхьым къыхуищIынщ (зыхэтми къыхихынщи), уэ бэлыхьым ухидзэнщ. (Тирмизий).

АтIэ уи къуэшым зыгуэр и щхьэ къырикIуауэ зэхэпхыжмэ пэж дыдэу уи гум ар щIыхьэн хуейщ, уи щхьэм къырикIуам хуэдэу ухуэгузэвэн хуейщ, уэ езыми апхуэдэ уи щхьэ къырикIуэнкIэ зэрыхъунум теухуауэ угузэвэн хуейщ, угузэвапэури щэхуу мы дугьэр жыпIэн хуейщ:

“الحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي عَافَانِي مِمَّا ابْتَلَاه بِهِ، وَفَضَّلَنِي عَلَى كَثِيرٍ مِمَّنْ خَلَقَ تَفْضِيلًا”.

«Абы и щхьэм къырикIуам сыщызыхъума, къигъэщIа куэдми яхуимыщIа къысхуэзыщIа Алыхьым фIыщIэ хузощI. (Тирмизий).

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Ди динкIи, ди щхьэкIи, ди бынкIи, ди мылъкукIи, ди щIыхькIи Алыхьым дыкъихъумэ, сыт хуэдэ гузэвэгъуэми дащихъумэ, зи Iуэхур гугъухэми тынш я Iуэхухэр ящищIыж, яхэщIари фIыгъуэрэ, псапэу къаритыж!