Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гуэныхьым зэрану къыхэкIыр!

16.10.2021
Еджауэ 620

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам и Псалъэр, КъурIэн лъапIэр къызэIупхрэ уеджэмэ, ипэм щыщIэдзауэ икIэм нэсыхукIэ зы гупсысэ кIуэцIрокI: Алыхьым и унафэм текIым зыхущIегъуэжын гуэр Iэмал имыIэу и гъащIэм къыхохуэ.

Япэ дыдэ жыIэмыдаIуэхэм щыщу уигу къэкIыр Иблис нэлатым и Iуэхуращ. Абы щIегъуэжын мурад иIэххэкъыми унэхъури къэсэхыжащ, езыри, езым ещхьхэри.

АдэкIэ, ди адэшхуэ IЭДЭМ, عليه السلام-ым, Жэннэт лъагэ-дахэр ибгынэу мы щIы Iушэнашэр псэупIэ щIыхуэхъуар а жыIэмыдаIуэныгъэращ, ауэ къэгъэзэжын хьэлыр хэлъти, къыздикIам игъэзэжыфащ. Зи адэшхуэм дэплъей псори Жэннэт лъапIэм щызэхуэсыжынущ.

АдэкIэ, цIыху зэрыз мыхъуу лъэпкъ псоуэ къызэдэпщтурэ укъехмэ, Нухь, Худ, Щалихь, ЛутI, Муса сымэ, нэгъуэщIхэми я лъэпкъэгъухэр е къызыхуагъэкIуа жылэр Алыхь Унафэм щытекIым икIи щырагъэлейм Алыхьым и нейр къащыхуэри гьэзаб гуащIэр къатрилъхьащ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Гугъуехьри, гузэвэгъуэри, насыпыншагъэри къызыхэкIыр цIыхум я гуэныхьращ, я жыIэмыдаIуэныгъэращ. ЖеIэ цIыхур къэзыгъэщIыжа Аллаху Тэгьалам:

“وَمَا أَصَابَكُم مِّن مُّصِيبَةٍ فَبِمَا كَسَبَتْ أَيْدِيكُمْ… “.

«Сыт хуэдэ насыпыншагъэ къывэуалIэми, фэ езым Iэм къелэжьыж…!». (Шура сурэ, 30-нэ аят).

Ауэ цIыхухэр апхуэдизкIэ дунеягъэм дихьэхахэщ, я гуэныхьхэри куэд хъуащи, къащыщIыр къащIыщыщIыр къагурымэIуэжу, къызыхэкIри ямыщIэжу икIи зыкъамыщIэжу мэпсэухэ.

Iэл-Фудейл ибн Гьяид и псалъэу щыIэщ: «Сэ гуэныхь къыщысхьам деж абы и лъэужьыр занщIэу си унэм щIэсхэм я зыщIыкIэмкIэ къызощIэ». Ар нэгъуэщI зы щIэныгъэлI зэхихати: «Ар къыщIищIэр и гуэныхьхэр мащIэти аращ, армырауэ цIыхум и гуэныхьыр куэду щытамэ къыщыщIыр къызыхэкIыр къыгурымыIуэу псэунут!», — жиIащ.

Ауэ цIыхум къыгурыIуэжми, къыгурымыIуэжми, зэгупсысыжми, зэмыгупсысыжми и Iуэхур мыкIуатэмэ, берычэти хэмылъмэ е къемыхъулIэмэ нэхъыбэу ар зэпхар и гуэныхьхэращ.

ЩIэныгъэр къащти, гуэныхьым зи гур фIыцIэ ищIам щIэныгъэр изэгъэнукъым. Имам Малик абы теухуауэ имам Шафигьий жыриIа псалъэр дощIэ: «Уи гум нэху Алыхьым къырилъхьауэ къысфIощIри, гуэныхьым и кIыфIыгъэм а нэхур кIыфI йомыгъэщIыж!». 

Гуэныхьым гур фIыцIэ ещI. А фIыцIагъэр нэхъ ин хъууэрэ цIыхум и нэгуми ар къытридзэу, къеплъхэми абы гу лъатэу щIадзэ. Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и псалъэу щыIэщ: «Псапэр гуапэу нэгум къощ, гуэныхьыр фIыцIэу нэгум къощ, мащэри, гури кIыфI ещI!».

ЦIыхум гуэныхь щилэжьым и деж и гум закъуэныгъэ гуэр зэхищIэу мэхъу, езыри зыми хуэмеижу, адрейхэри езым къыхуэмеижу къыщохъу. И чэзуми зыкъимыщIэжмэ, цIыхуфIхэм яхэкIуэтурэ, цIыху Iейхэм я куэщIым ихуэнкIэ бетэмалщ.

ЦIыхум гуэныхь къыщихьым и деж и Iуэхухэр мыкIуатэу, дэнэ дежи къыщалъахъэу мэхъу. «Алыхьым фIэлIыкIым и Iуэхур тынш щытщIынущ» жиIэу Къурэным къыщыкIуэкIэ, Абы фIэмылIыкIым и Iуэхур гугъу щыхъуну аращ.

Гуэныхьым и зэранкIэ цIыхур псапэ лэжьынми щыхэкIыж щыIэщ. Ари щIэныгъэлIхэм я псалъэм къыхагъэщ. ЦIыхум псапэ нэмэз хуэмыщIмэ, псапэ нэщIи хуэмыIыгъмэ, и нэмэзхэм хэжаемэ, щхьэхынэу теувэмэ, япэ дыдэ зэгупысысын хуейр и гуэныхьхэращ.

Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэжращи, цIыхур зэмыгупсысыжурэ, къимыгъэзэжурэ, тобэ къимыхьыжурэ и лIэныгъэр къэсмэ, и Iэпкълъэпкъыр къемыдэIуэжу, и бзэгуми жиIэн хуей псалъэ дахэхэр хужымыIэжу и псэр хэкIынращи, Алыхьым дыкъихъумэ дэтхэнэ зыри!

Нобэ зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Муслъымэнхэм я мазэ къэбжыкIэмкIэ нобэ илъэсым и иужьрей джумгьэр дощIри, ди гуэныхьхэм ягъусэу ди гукъеуэхэри ди щIыбагъым къыдэднауэ илъэс дахэ Алыхьым дытригъэхьэ!