Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ НэщI мазэ лъапIэм и жумгьэ ещанэ дощIри, блэкIам и хьэкъ къыттенамэ, къэнам ар щыттекIыжыну Алыхьым жиIэ. ГущIэгъумрэ ерыскъымрэ я бжэр къытхузэIуихыну Алыхьым долъэIу.
НапIэзыпIэм хуэдэу блэлъэтащ нэщI мазэм и зы Iыхьэшхуэ. Апхуэдэ дыдэуи гъащIэ кIэщI къытхуаухар иухынурэ ДыкъэзыгъэщIам и пащхьэ дихьэжынущ.
Пщэдейти, пщэдеймыщкIэти жызыIэурэ зи зэманыр зыгъакIуэхэм я гъащIэм къыхахын щыIэкъым, я псапэри зэрыбэгъуэн щыIэкъым, я гуэныхьхэми къелынухэкъым.
Муслъымэн пэжым и махуэр егъэпс, ищIэнухэр зэрегъэзахуэ, нэхъапэр япэ ирегъэщ, нэхъ Iуэхушхуэр Iуэху цIыкIум ипэ иту елэжь.
Ихъуреягъыр псапэ къэхьыпIэщ, ухуей къудеймэ псапэ къэпхьыну. Псапэщ уи псалъэ щабэр, уи нэгу зэIухар. Псапэщ уи гухэлъыфIхэр, уи мурадыфIхэр.
Псапэ къызэрахьхэм ящыщщ — КъурIэн лъапIэр. Ар фIыгъуэшхуэкъэ – КъурIэным и зы хьэрф къэскIэ псапэ пхуатхыну, зы псапэри пщIыкIэ пхуагъэбэгъуэжыну. Уеблэмэ, зэман лъапIэм дызэрыхэтым папщIэ нэхъыбэжуи къуатыжыну гугъэшхуэ щыIэщ.
Ди мэжджытхэр КъурIэн еджэхэм бжьэм хуэдэу зэщIэвууэ щагъэтын хуейт, пэжым дыхуеймэ. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар зыщIэу къытхэтыр закъуэтIакъуэщ.
Псапэ къызэрахьхэм ящыщщ — цIыху нэщIар хэбгъэщхьэжыныр. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «НэщIар хэзыгъэщхьэжам абы и псапэ дыдэм хуэдэ къехь, нэщI исам абы щхьэкIэ и псапэм зыри хэмыщIу». (Тирмизий. Хьэдисыр пэжыщ Iэлбаний и еплъыкIэмкIэ). Псом хуэмыдэжу хэбгъэщхьэжыр уи Iыхьлымэ, хэбгъэщхьэжыр зыхузэфIэмыкI гуэрмэ.
Псапэ къызэрахьхэм ящыщщ — тэрауихь нэмэзыр. Уеблэмэ, уи нетыр къабзэмэ, хьэдисым къызэрыхэщщи, уи гуэныхь блэкIахэр псори къыпхуэгъуным щхьэусыгъуэ хуэхъунущ ар.
«ЦIыхум я нэхъыфIыр сэбэп нэхъ яхуэхъуращ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. Арамэ, къэлэжь «цIыхуфI» цIэ дахэр. ЩIэ нэхъыбэу Iуэхутхьэбзэ, защIэгъакъуэ зимыIэхэм.
ХэгъэкI уи мылъкум сэдэкъэ. Ди япэ ита цIыхуфIхэм яхэтащ махуэм нэщIыр икIэм нигъэсмэ, Алыхьым фIыщIэ хуищIу сэдэкъэ зыт.
Зыщомыгъэгъупщэ уи нэщIымкIэ зы напIэзыпIэ къэскIэ псапэ зэрыпхуатхыр. Уи нэгу щIырет ар сыт щыгъуи. Уи нетыр уи гум нэхъ илъыхукIэ уи псапэри нэхъ бэгъуэнущ, блэжь лэжьыгъэри нэхъ тынш хъунущ.
ЩIы нэхъыбэрэ дугьэ. Дугьэм хуэдэу Алыхьым узэрипщылIыр къэзыгъэлъагъуэ зыри щыIэкъым. Аращ, «Дугьэр гьибадэтым и купщIэщ» щIыжаIэри.
Гур нэхъ щабэ, нэхъ лантIэ зыщI тхылъхэм еджэ. Гур щабэ зыщIхэм ящыщщ сымаджэм ущIэупщIэнри. Абы щыщщ: кхъэм укIуэу уи ахърэтым уегупсысынри.
Иужьу къыхэзгъэщыжыну сыхуейщ псапэ къызэрытхьыну Iэмалхэм ящыщ зы. Зи гугъу сщIынум къыхэкIыну псапэр къэмыувыIэу ежэх псапэхэм ящыщщ.
ЖеIэ ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм: «“Алыхьым къритыжыну псапэм щыгугъыу хэт мэжджыт ищIами, абы хуэдэу Жэнэт кIуэцIым унэ щыхурищIынущ абы Алыхьым“. (Бухъари, Муслим).
Ар фIыгъуэшхуэщ егъэлеяуэ. Жэнэтым щыщу зы лъакъуэ тегъэувапIэр мы дуней псом нэхърэ нэхъыфIщ. НтIэ унэ псо абы пхуращIыхьын жыхуэпIэр дауэ къыпщыхъурэ?!
Алыхьым и унэ мы мэжджытхэр анэмэту Алыхьым къыдитащ: зетхьэну, зыхуей хуэдгъэзэну, ди унэхэм дазэрыхуэсакъым нэхърэ нэхъыбэу дахуэсакъыну.
Ди унэхэм етхьэлIэфыр Алыхьым и унэм едмыхьэлIэфынумэ – Iиман дбгъэдэлъу жыхуэтIэм зэ егупсысыжын хуейщ.
Къызыщыгъэхъу, си къуэш, мэжджытым епхьэлIэр Ахърэтым къыщыппэплъэ Унэм кIэрыплъхьэу. ИкIи зыщомыгъэгъупщэ Алыхь Иныр жумарту щыIэм я нэхъ жумартыжу зэрыщытыр, пщIари бжыгъэншэу бэгъуауэ къызэрыббгъэдилъхьэжынур, Ахърэтым унэмысуи дунеягъэкIи уи Iуэхум берычэт къызэрыхилъхьэнур.
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. ДунеягъэкIэ гъащIэ дахэ къэзыгъэщIу, Ахърэтым нэхъ дахэжу щыпсэун муслъымэн Алыхьым дищI!