Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Бзэ щабэмрэ, бзэ бзаджэмрэ

10.03.2021
Еджауэ 1 352

ФIыщIэ худощI Тхьэ ЛъапIэу, УпсакIуэм, зи гущIэгъур ину, зи жумартагъым гъунапкъэ имыIэм, зи IущагъымкIэ псори зэблэзыгъэкIыу, зи захуагъымкIэ псори зэзыгъэзахуэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьышхуэм дыщывгъэшыни и унафэм дытевгъэт. Пэжым дыхуеймэ,  тхьэшынагъэр зи гъуазэу псэуращ псэууэ пхужыIэнур. Апхуэдэр езыри мэтынш, къыбгъэдэтхэри егъэтынш.

Муслъымэн пэжым фIыр и Iэпэм къыпыщэщу, и Iупэми къытещэщу и гъащIэр ехь. Ар цIыху щабэщ, ар цIыху Iэсэщ, псэлъэкIэ ещIэ, цIыху хэтыкIэм щыгъуазэщ.

ПсэлъэкIэ зыщIэми цIыхур къыдихьэхынущи, зытет гъуэгу дахэми къытришэфынущ, къытримышапэми цIыху Iейм и Iеягъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ ищIыфынущ, и бзаджагъэми хигъэщIыфынущ.

Аращ Аллаху Тэгьалами унафэ къащIыхуищIар Мусэрэ и къуэш Харунрэ: «Щабэу фепсалъэ (фиргьэун), хэт ищIэрэ, е зыщIэгупсысыжынщ е шынэнщ». (ТIа-Ха, 44).

Ибн Кэсиир щIэныгъэлIым етх а аятым ехьэлIауэ: «Мы аятым дерсышхуэ хэлъщ: Фиргьэун егъэлеяуэ щыкIат, хъийми икIат. Мусэ а зэманым Алыхьым цIыхуу щыIэм яхигъэлъэпIыкIат. ИтIани фиргьэуным щабэу фIэкIа епсэлъэну къыхуидакъым».

Муслъымэн жэмыхьэт! Щабагъращ зэхущытыкIэм и лъабжьэр. Аращ зэрегъэжьэн хуейр сыт иIысри. Ар зыхэзагъэм нэгъуэщI епхьэлIэ хъунукъым, епхьэлIэми лей епхынущ.

Мис а лъабжьэм дытекIрэ ди бзэгум къытрихьэр цIыхум зэхедгъэхыу дыдэтмэ, ди муслъымэнагъыр зы щIыпIи нэсынукъым, «и цIэр муслъымэнщ» зыхужаIэхэми ящхь дыхъунущ.

Псалъэ дыджым, псалъэ бзаджэм фIы къихькъым, фIыми ухуишэкъым, атIэ фитнэ къешэ, псалъэмакъ зэхешэ, цIыхухэр зэпэжыжьэ зэхуещI, Iуэхур нэхъри зэхелъахъэ, ятIэм макIуэри псы хекIэ. 

Псалъэ бзаджэхэмкIэ, псалъэ дыджхэмкIэ ерыщ цIыхум цIыху пашэ къыхэкIынукъым, егъэджакIуэ IэщIагъэми езэгъынукъым, цIыхуитI зэригъэкIужынуи хузэфIэкIынукъым.

Псалъэ бзаджэр, псалъэ дыджыр бзэм жиIэ закъуэмкIэ къызэтеувыIэкъым, атIэ Iэм итхри абы хеубыдэ. Псом хуэмыдэжу нобэ ар куэдым тынш ящыхъуащ IэмэпсымэщIэхэр къежьэри.

Алыхьыр къазэрыхуэупсэу къарита телефоныр, компьютерыр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр гуэныхькIэ къэзыгъэсэбэп, цIэ лейхэр зыфIащыжауэ бзэ бзаджэ зыщIэзыххэр куэд хъуащ.

Мы Iэмэпсымэхэм тафэм къытрадзащ ди хьэлыр зыдынэсыр. КъызэрыщIэкIымкIэ жьэ зэIухыпIэ дымыгъуэту арат дэ хьэлыфIафэ щIыттетыр, псэлъапIэ къызэрыдгъуэтуи ди напэр зытетхыжащ.

ЦIыхум сыкъалъагъукъым, сыхэтми сыкъащIэкъым, жиIэу муслъымэн пэжым зэикI лей итхынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, муслъымэныр зэгупсысыр цIыхухэм къызэрамылъагъуракъым, атIэ Алыхьым къызэрилъагъуращ, мелыIычытIри къызэрыщхьэщысращ.

«МуIминым бзэ Iей щIэткъым…..», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Тирмизий). Абы къикIращи, бзэ Iей зыщIэтыр иманым пэжыжьэу, и диным епцIыжу аращ. ЦIыхуитI зэбгъэдэувауэ псалъэ фIей зэрапэсу зэбгъэдэтмэ, шейтIанитI зызраупсеяуэ зэбгъэдэту аращ.

Джабир ибн Сулейм رضي الله عنه-ыр елъэIуауэ щытат عليه الصلاة والسلام-ым, чэнджэщ гуэр къыритынуи, «Зыми псалъэ фIей йомыпэс!», — къыжриIащ. Джабир жеIэ: — Ар къызжиIа нэужь цIыху щхьэхуит ирехъу, щхьэхуимыт ирехъу, махъшэ ирехъу, мэл ирехъу псалъэ фIей зыми еспэсакъым». (Абу Дауд, Тирмизий).

«Уэ къыбдищIэ гуэр теухуауэ Iей къозыпэсым, узыгъэукIытэну хэтым, уэ дэпщIэ гуэр теухуауэ умыгъэукIытэ, абы ищIар езым и щхьэ къихуэжынущ!». (Абу Дауд).

ТхьэнэпцI пэтрэ псалъэ фIей етпэсыну Алыхьым къытхуидэкъым, абы Iей къиздышэнум къыхэкIкIэ, нтIэ нэгъуэщI зыгуэр теухуауэ къытхуидэн ар Алыхь Иным.

Дызыхуэвгъэсэкъыж дэтхэнэ зыри ди бзэкIэ. Мы бзэм Жэнэтым дызэришэфынум хуэдэ дыдэу, Жэхьэнэмэми дишэфынущ. Щабэу псэлъар щIегъуэжакъым, ауэ бзаджэу псэлъар щIегъуэжащ. Алыхьым и нэфIыр къытщыхуэ псоми!