Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зи гур мамырым, и бзэри мамырщ

Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшынэ, къытпэплъэ лIэныгъэми девгъэгупсыс, ди дуней тетыкIэри къытпэщылъ дуней кIэмыухыншэм хуэфэщэжу щрет!

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы цIыху теткъым нэщхъеягъуэ гуэр и щхьэ къримыкIуэу, гупсысэгъуэм хэдзыдзэн гуэр и натIэ мыхъуу. АбыкIэ псори зэхуэдэми, цIыхухэр зэрызэхуэмыдэр абы иужькIэ зызэращIращ икIи ар зэрызэхащIэращ.

ЦIыхум я нэхъыбэр гузэвэгъуэм егъэгужьей, я акъылыр зэтреху, я хьэлыр зэблекъуэнтIыкI, ауэ я нэхъ мащIэм гузэвэгъуэр гупсэхугъуэ хэлъу зэхащIэ, я гум ар щабэу лъоIэс, зэпIэзэрыту Iуэхум бгъэдохьэхэ.

Апхуэдэ дуней тетыкIэкIэ Алыхь Иныр къыпхуэупсамэ уэ къыпхуамыщIа щыIэкъым! Ар зи дуней тетыкIэр бегъымбархэращ, уэлийхэращ, цIыху хэIэтыкIахэращ.

Алыхьым и Псалъэу тIэщIэлъ КъурIэн лъапIэм мы Iуэхугъуэр щIыпIэ зыбжанэм деж къыщыхэщащ. Абыхэм ящыщщ, ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и щхьэр Мэккэ къыдихыу Мэдинэ щыIэпхъуэм, Абу Бэкр رضي الله عنه щIыгъуу бгъуэнщIагъым и кIуэцIкIэ къыщекIуэкIар.

Абы щыгъуэ апхуэдизу ахэм гъунэгъуу къабгъэдыхьат яужь къиувахэри, Абу Бэкр гузавэу жиIат: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, зыкърагъэзыхрэ къыщIэплъэмэ дыкъалъэгъунущ мыбыхэм! АрщэхьэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم зэпIэзырыту, гупсэхугъуи хэлъу жиIащ: “Умынэщхъей, Абу Бэкр, Алыхьыр ди гъусэщ, Алыхьыр тIум ещанэу къащIыгъумэ уэ уи гугъэр сыт?!”. (Бухъарий, Муслим).

ИкIи, цIыхум хьэкъыу пхырыкIауэ Алыхьыр и фIэщ щыхъум и деж нэгъуэщIым ар щIыщышынэжын щыIэкъым, ауэ Алыхьыр нэгъэсауэ зымыцIыхур зыщыгугъын гуэри щыIэкъым!

ЛIэныгъэ гузэвэгъуэ теухуауэ муслъымэн Iуммэтым нэхъ хьэлъэ дыдэу къыжэхэуар Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم дунейм зэрехыжаращ. ИкIи абы и хьэлъагъыр япэ дыдэ зэхэзыщIауэ щытар Мэдинэ къалэ дэс щэхьабэ махуэхэрат.

А гузэвэгъуэ махуэм Мэдинэ-Нэхур дэнэ лъэныкъуэкIи кIыфI хъуат, щэхьабэ лъапIэхэми ар шэм хуэдэу ятехуат, зыхуахьынури, зызэращIынури ямыщIэу къызэхэнат.

Хэт щыту и пIэм ижыхьат, хэт къэмытэджыжыфу щысу къэнат, хэт и бзэгур иубыдат, хэти и фIэщу зыри къэмыхъуххауэ, къэхъункIи Iэмал имыIэххэу иукъуэдият.

Апхуэдэу псори гуитIщхьитIу къызэхэнауэ зэхэту, уардэу шым тесу Абу Бэкр цIыхухэм къахохьэри, шым йопсыхри мэжджытым щIохьэ. Зы цIыхуми емыпсалъэу занщIэу ипхъу ГьаIишэ и пэшымкIэ щIохьэри, щэкI тепхъуауэ щылъ Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم бгъэдохьэ.

ТрегъэкIуэт и нэкIум щэкIри, и нэпсыр къежэхыу, гъыуэрэ IупэкIэ лъоIэсри мыр жеIэ: “Къурмэн Алыхьым сызыхуищIын, лIэгъуитI уэ Алыхьым пщIигъэкIынукъыми, къыптритха лIэныгъэр уэ пщIэкIащ!”.

Абы иужькIэ цIыхухэм къахыхьэри закъыхуигъэзащ: “Мухьэммэд бегъымбарым صلى الله عليه وسلم хуэпщылI къыфхэтамэ ар щыIэжкъым, ауэ Алыхьым хуэпщылIу щытахэм я Алыхьыр псэущ, икIи лIэныгъэ Абы и Iуэхум къыхыхьэкъым”, жиIэри, КъурIэным щыщу “إِنَّكَ مَيِّتٌ وَإِنَّهُمْ مَيِّتُونَ ” – “Уэри улIэнущи, ахэри лIэнущ!” (Iэз-Зумэр, 30) жызыIэ аятым къахуеджащ, абы ещхьу нэгъуэщI аяти захригъэхащ.

Мэдинэдэсхэм а аятхэр щызэхахым, “Ахэр КъурIэным зэритыр дэ щхьэ дигу къэмыкIарэт, дэ ахэр ди гум щхьэ ихужат?!”, — жаIащ.

Мис аращ къыхэдгъэщыну дызыхуейри. Гузэвэгъуэм и деж, Iуэхур зэIумыбзу щыщытым деж — уи акъылыр пфIэмыкIуэду, уи гупсысэри зэтемыкIыу, зэпIэзэрыту Iуэхум убгъэдыхьэфэмэ, уэ Алыхьыр къыпхуэупсауэ, адрейхэм уахигъэлъэпIыкIауэ аращ.

ЦIыхум дунеягъэкIи, АхърэткIи пщIэ къезыгъэлэжьыр, цIыху пэрытхэми ящыщ зыщIыр, дзыхь зыхуащIхэми щыхиубыдэр – зэпIэзэрыту, гупсэхуу Iуэхум бгъэдыхьэфу, жьы къепщэм и акъылыр зэтримыхуу щыщытыфым дежщщ.

ЦIыхум и гум иман пэж щилъым деж, Алыхь Талэм и зэфIэкIри зыдынэсыр, цIыхуми яхузэфIэкIыр зиIысыр хьэкъыу щыпхрыкIам деж, абы и гум гупсэхугъуэ Алыхьым кърелъхьэ. Зи гур мамырым и бзэгури мамырщ, и бзэгум имызакъуэу и Iэпкълъэпкъ псори мамырщ.

Нобэ дэ куэду дыхуэныкъуэщ апхуэдэ цIыху мамырхэм, цIыху зэпIэзэрытхэм, къэхъукъащIэм зэтримыхухэм, цIыхухэм зызэращIым зи хьэлыр езымыпххэм.

Нобэ цIыхухэр икъукIэ хьэлыншэ хъуахэщ. Зи унэ кIуэцIыр мамыру щытыр уэрамым къыдокIри илъагъум хьэлыншэ ещI. Уэрамыми къелу лэжьапIэм нэсмэ, абдежым щилъагъум хьэлыншэ зыгуэрхэр ещI.

Псом хуэмыдэу мы Iэмэпсымэ кърахьэкIхэр къежьэри, ди хьэлыншагъэр тафэм къытридзэпащ. Хэти къехьэкI-нехьэкI хэмыту и хьэлыншагъэр къегъэлагъуэ, хэти цIэ гъэпщкIуам зыкъуегъапщкIуэри и хьэлыр зыдынэсыр утыкум кърелъхьэ.

Ауэ, цIыху къабзэхэм, цIыху зэпIэзэрытхэм, цIыху гъэсахэм, цIыху еджахэм, Алыхьым и дежкIэ плъэхэм, зэрылIэжынур зыщымыгъупщэхэм нэгъуэщI дуней тетыкIэ яIэщи, я Ахърэтри нэгъуэщI Ахърэт хъунущ абыхэм.

Алыхьу дыкъэзыгъэщIам, дызыгъэлIэжу, дыкъэзыгъэтэджынум гущIэгъу къытхуищIыну, и нэфIи къытщыхуэну, фIыуэ илъэгъуахэми ящыщ дищIыну, псэуныгъэми, лIэныгъэми я фитнэм къабзэу дыкъыхихыну долъэIу!