Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней дызытетыр зиIысымрэ, и къалэнымрэ, зытещIыхьамрэ, зытеухуамрэ къызэрыдгурыIуэм елъытащ ди дуней еплъыкIэри, ди зэхэтыкIэри, ди зэхущытыкIэри.
Мы дунейр икIи пэублэу икIи кIэухыу дегупсысмэ, мыбдежым псори щыщIидзэрэ псори щиухыжу къытщыхъумэ, иджыпсту дымыгъуэтыр иужькIэ дымыгъуэтыжыну, иджыпсту тIэщIэкIыр къэгъазэ имыIэу тIэщIэкIыпэну къыдгурыIуэмэ — дэ зы дуней тетыкIэ диIэнущ.
Ауэ, мы дунейр пэублэ къудейуэ къыдгурыIуэу, мыбдежым куэдыр щыщIидзэ щхьэкIэ нэхъыбэжыр мыбдежым щимыухыу дегупсысмэ, иджыпсту дымыгъуэтыр иужькIэ къэдгъуэтыжынуи ди фIэщ хъумэ, нобэ тIэщIэкIыр пщэдей къытIэрыхьэжынуи гугъэ зэрыщыIэр ди гум илъмэ – дэ нэгъуэщI дуней тетыкIэ диIэнущ.
Муслъымэным и дежкIэ мыр нэрылъагъу дыдэу щыт Iуэхугъуэу щытщ, лейуэ утепсэлъыхьын хуэмейуэ. «Мы дунейр зиIысыр сыт, мыбы и къалэныр сыт?» жытIэрэ мыбдежым щIэс дэтхэнэ зыми зыхуэгъази, зым нэхърэ адрейм нэхъ дахэжу Iуэхур пхузэпкърихынущ.
Ауэ, а жытIэмрэ ди IуэхущIэкIэмрэ дызыхуеплъыжмэ къыщIэщыр нэгъуэщIщ. «Дунейр нэпцIщ, мылъкур къакIуэ-кIуэжщ» жытIэ щхьэкIэ, дунейм щхьэкIэ зыдгъэлIэну, мылъкум щхьэкIэ ди къуэш муслъымэным и пщэм зыщIэддзэу ттхьэлэну куэдыр дыхьэзырщ.
Сы-тIэ апхуэдэу дыщIыщытыр?! Сыт къытхуэтыр?! Сыт тхуэмыгъуэтыр?! Сыт мы дунеижьым апхуэдизу ди гур щIыкIэрыпщIэр?! Сыт ди Ахърэтыр яужь къыщIиднэр?!
Сыт Аллаху Тэгьалам мыпхуэдэу щIыжедгъыIэр:
“Хьэуэ, фэ дуней хьэхур нэхъ къыхывох, ауэ Ахърэтыр нэхъыфIщ икIи кIэ зимыIэщ“. (Iэл-Iэгьля, 16,17).
Муслъымэныр къэгъэнауэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыхум и пщIэр ихъумэжын, и напэри зытримыхыжын папщIэ къыпэщIэувам зыгуэрхэр хуигъэгъумэ, къеныкъуэкъум зыгуэрхэри къыхуигъанэмэ, щIыхуэ гуэри лейуэ ипшыныжмэ нэхъ къещтэ, утыкум ихьэрэ екIури-емыкIури зым адрейм ирипэсу ит нэхърэ.
Утыкум уихьэрэ мылъку кIуэдыжынум щыщ гуэр зыгуэрым къыжьэдэптхъыжмэ е уи хьэкъ гуэр зыIэрыбгъэхьэжмэ, абыкIэ зыгуэр къыпхэхъуэми, а къыпхэхъуам нэхърэ нэхъыбэж уи диным, уи хьэлым, уи гупсэхугъуэм хэщIынущ.
Зы цIыху Iущ и псалъэщ: “Алыхьым и цIэкIэ соIуэри, цIыхум и диныр нэхъ хэзыгъэщIи, и цIыхугъэр нэхъ фIэзыгъэкIуэди, IэфIагъ зэхимыщIэжу нэхъ зыщIи, и гур гупсысэм нэхъ езыгъэубыди зыри щыIэкъым – ныкъуэкъуэным хуэдэу!”.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ хуэдэ махуэхэм дыкъызэджэ хабзэ Iэл-Кэхьф сурэм (45-46) хэтщ гупсысэшхуэ зыхэлъ мы аятхэр:
“Мы дунейр зэбгъэщхь хъуну щапхъэр къахуэхьыт абыхэм: ар ещхьщ уафэм нидгъэкI псым (уэшхым), ар къэкIыгъэхэм ираф аби [мэбагъуэ], иужькIэ (мэгъуж) мэщэщэжри жьым ехьыж. (Абы хуэдэщ дуней хьэхур). Алыхьым сытри лъокI!“.
АдэкIи пещэ ди Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм:
“Мылъкури бынри дуней хьэхур зыгъэщIэращIэ къудейщ. Ауэ мыкIуэдыжыну IуэхугъуэфIхэр – ахэр псапэми гугъапIэми я нэхъыфIщ“.
Муслъымэн жэмыхьэт! Пэжращи, мы дуней гъащIэр сыт хуэдизу кIыхьу къытщымыхъуами ар кIэщIщ, сыт хуэдиз мылъку къытхэмыхъуами ар нэпцIщ.
“Мы дунейр псори къызэщIиубыдэу аргъуей дамэ щиуасэкъым Алыхьым и деж“. Ар апхуэдэу зэрыщытыр къыджезыIар Алыхьым Езым къигъэкIуэжа ЛыкIуэ лъапIэращ, صلى الله عليه وسلم.
НтIэ, мы дуней псор аргъуей дамэ имыуасэмэ, а къудамэм щыщу дэ мы дунейм къыщытлъысыр сыт хуэдиз?! МащIэ имащIэжщ, зы мэскъал хуэдизщ. НтIэ, а мэскъалра дыщIызэныкъуэкъур, ара тхуэмыугуэшыр?!
Ди щхьэ пщIэ хуэдвгъэщIыж, ди Ахърэтым нэхъыбэу девгъэгупсыс, лIэныгъэр ди нэгум щIырет, Алыхьым и пащхьэ дызэрихьэжынур ди напщIэм тырелъ!
Алыхьым гущIэгъу къытхуищI дэтхэнэ зыми! КъагъэщIа гуэр щхьэкIэ дыкъыщIагъэщIар тщымыгъупщэу, дунеягъэр ди Iэм IэщIэлъми ди гум имылъу, ди гур имыубыду, пщIэрэ нэмысрэ ди захуакум дэлъу Алыхьым дыздигъэпсэу!